НАЛОГ ДЕЛЭХЭР

ИгъащIэ лъандэрэ дэтхэнэ къэралми и хэхъуэ нэхъыщхьэр налогхэрщ. Налогхэм я тхыдэм ухэплъэмэ, куэд бгъэщIэгъуэнущ.

1696 гъэм Англием и парламентым къищтауэ щытащ щхьэгъубжэхэм я налог. Унэхэр, IуэхущIапIэхэр зейхэм етхьэкъурт абыхэм яхэлъ щхьэгъубжэхэм я бжыгъэм тещIыхьауэ. ЩхьэгъубжипщI нэхъ мащIэ зыхэлъ унэм техьэрт шиллингитI, пщIым щIигъумэ, щхьэгъубжипщI къэс налогыр шиллингиплIкIэ хэхъуэрт. Налог зытыну хуэмейхэр Iэмал хуекIуэрт: я унэхэм хэлъ щхьэгъубжэхэм я ныкъуэхэр чырбышкIэ ягъэбыдэрт. Ди зэманми къэсащ щхьэгъубжэхэм я налогым и Iэужь зытелъ инджылыз пасэрей унэхэр. 1747 гъэм щегъэжьауэ 1808 гъэ хъуху щхьэгъубжэхэм техьэ налогыр хуэдихкIэ хэхъуауэ щытащ. Налогым къару имыIэж щыхъуар 1851 гъэрщ.

XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухым Англием иджыри налог гъэщIэгъуэнхэр къыщагупсысауэ щытащ. Шляпэм, парикым, жып сыхьэтым налог ятехьэрт. 1662 гъэм къуэды тралъхьауэ щытащ уэнжакъми. Инджылызхэр Iэмал хуекIуэ я гугъэу, унэ зыбжанэм зы уэнжакъ хуащIу ирагъэжьащ. Зэгуэр абы и зэранкIэ мафIэсышхуэ къэхъури, а Iэмалри зыщагъэгъупщащ, ар Iуахыжащ I689 гъэм. I946 гъэм щегъэжьауэ нобэм къэс Англием щыIэщ теленэтынхэм еплъхэм ят налогыр.

Урысейм нэхъ налог телъыджэ дыдэу иIауэ жыпIэ хъунущ жьакIэ зыгъэкIхэм яту щытар.

1705 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ ар ягъэбелджылат. ЖьакIэ зыгъэкIыр къулыкъущIэмэ, илъэсым къриубыдэу итырт сом 600. Сондэджэр хуэкъулейхэм соми I00 ятырт. ХуэмыщIахэм ят налогыр зыкъомкIэ нэхъ мащIэт. ЖьакIэм и налогыр зытхэм «ахъшэр хилъхьащ» жиIэу зытет тхылъымпIэ къратырт.

«ЖьакIэ налогым» апхуэдэуи мылъкушхуэ къыхуихьыртэкъым къэралым. Сыту жыпIэмэ, ахъшэ зытыну хуэмейхэм заупсмэ зэфIэкIат. А налогыр Пётр Езанэм къигупсысат, цIыхухэр европей щэнхабзэм иригъэсэн щхьэкIэ. 1722 гъэм щегъажьауэ цIыхухъухэм пщIэншэу жьакIэ ягъэкIыну хуит хъуащ. Мылъку щхьэкIэ къагупсысат нэгъуэщI зы къуэды лIэужьыгъуэ - хьэмэмым тещIыхьауэ 1706 гъэм къащтар. ЦIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэ хьэмэм зиIэхэм илъэсым къриубыдэу къыIахырт сом зырыз. Зи унэ хьэмэм хэтхэм я налогыр зэрыхъур илъэсым хуэзэу кIэпIейкIэ 15-т. Хьэмэмым техьэ налогыр Iуахыжауэ щытащ 1755 гъэм.

ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 20 гъэхэм Тибет къыщагупсысащ «тхьэкIумэм и налог». Законым зэрыхатхамкIэ, цIыхухэм я зы тхьэкIумэм хуэзэу зы лян (грамм 37-рэ зи хьэлъагъ дыжьын ахъшэ) япшынын хуейт. Армырамэ, я тхьэкIумэхэм пыкIат. Зэман дэкIри, Тибет и цIыхухэр я пэм хуимытыж хъуащ. Абы тратхэ налогым и бжыгъэр елъытат цIыхум и пэм и кIыхьагъым.

1993 гъэм Венецием къыщагупсысащ ныбжьым и налог. Унейуэ ящIа гъэмахуэ шхапIэхэм я ныбжьыр къэралым и щIым тридзэмэ, пшынэн хуейхэт.

Армением и тетым сабэм и къуэды къигупсысат, уэрамхэр къабзэлъабзэу щигъэтын мурадкIэ. ПсэупIэм и метр зэбгъузэнатIэм телъ сабэм кIэпIейкIэ 15 хуэдиз техьэрт. Ар ятын хуейт унагъуэу хъуам.

Нью-Йорк щащI «бейгл» хьэлыгъуанэ лIэужьыгъуэм налог иIэщ. ЩэхуакIуэм хьэлыгъуанэр къыздищтэмэ, и уасэ дыдэрщ щIитыр, ауэ, IумыкIыжу занщIэу ишхынумэ, центи 8 дыщIегъу.

ЩыIэщ цIыхухэм я узыншагъэм хуэсакъыу къагупсыса налогхэри. Апхуэдэщ къэуат куэдыщэ зыщIэлъ шхынхэмрэ газ зыхэт псыхэмрэ тратхахэр. Псалъэм щхьэкIэ, Венгрием газ зыхэт псы птулъкIэм налогыу хуозэ цент 20. Мексикэм а налогыр зэрыхъур псым и уасэм и проценти 8-щ. Индием, Кералэ штатым налог щытратхащ пиццэми гамбургерми.

США-м и Арканзас штатым пирсингымрэ татуировкэмрэ налог щыхуагъэуващ 2005 гъэм. КъулыкъущIэхэм зэрыжаIамкIэ, абы цIыхухэр нэхъ щихъумэнущ апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэм къыхах уз зэрыцIалэхэм.

2006 гъэ лъандэрэ Китайм щыIэщ зэрышхэ пхъэ баш цIыкIухэм я налог.  Зэрышхэ пхъэ башжьейхэр ящIын папщIэ илъэс къэс къраупщIыкI жыг мелуан 25-рэ хуэдиз. ЖыгыщIэ хасэжыным трагъэкIуадэ абы пэкIуэ налогыр.  

2007 гъэм Бельгием хабзэ къыщагупсысащ, мэз лъапэм, псыхъуэм  зыщагъэпсэхуу лы зыгъажьэхэм евро 20 япшынын хуейуэ. КъулыкъущIэхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэу лыр ягъэжьэху, хьэуар фIей ящIри зэраныгъэ къашэ. Хабзэм ебакъуэхэм кIэлъоплъ вертолётрэ квадракоптеркIэ.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.