ПИРАМИДЭХЭМ Я ХЭКУ

Ухуэныгъэ ехьэжьахэмрэ дунейм и телъыджиблым хиубыдэ щIыпIэ дахэхэмрэ здэщыIэ Мысырыр цIыхухэм я кIуапIэщ куэд щIауэ. Урысей туристхэр нэхъыбэ дыдэу здэкIуэ Африкэ къэралыгъуэм илъэс псом и хъуреягъкIэ зыщыбгъэпскI, дыгъэ зыщебгъэу мэхъу, гъэщIэгъуэн куэд щыболъагъу.

Мысырыр жыжьэу зыцIыху дэтхэнэ зыми фIэгъэщIэгъуэныр, дауи, Хеопс, Хефрен, Микерин сымэ я цIэр зезыхьэ пирамидэхэрщ, абыхэм хъумакIуэ пэлъытэу я лъабжьэм кIэщIэс Сфинкс скульптурэрщ.

Дыщыпсэу планетэм щыцIэрыIуэхэм ящыщщ пирамидэхэр. Ахэр Гизэ къалэм и зы губгъуэшхуэм итщ. Хеопс и пирамидэращ Мысырым нэхъ ин дыдэу щыIэр. Ар щаухуагъащIэм метри 146-м щIигъуу щытащ, иджыпсту метри 9-кIэ нэхъ лъахъшэ хъуащ. Абыхэм гъунэгъуу ущыту ущеплъкIэ, богъэщIагъуэ ар цIыхум и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар.

 ЕтIуанэ пирамидэр фараон Хефрен, Хеопс и къуэм, ейращ. Мыр адэм ейр ящIу, илъэс 40 дэкIыжа нэужьщ щаухуар. Хефрен и пирамидэр нэхъ ин хуэдэу къыпщохъу ущеплъкIэ, ауэ ар метрипщIкIэ нэхъ лъахъшэщ. Хеопс и къуэрылъху Микерин и пирамидэращ ещанэр. Ар зыкъомкIэ нэхъ цIыкIущ, и лъагагъыр метр 62-рэ хъужу аращ. Микерин и пирамидэращ фараонхэм иужь дыдэу хуаухуар. Дуней псом щынэхъ ин скульптурэхэм ящыщщ Сфинкс. Ар гъэщIэгъуэнщ зэпуплъыхьыну…

Мысырыр зэрыщытым хуэдэу зэбгъэлъагъунумэ, абы и щIыпIэ нэхъ дахэхэр, цIэрыIуэхэр зэбгъэцIыхунумэ, махуэхэр зэрыбгъэкIуэнур къызыхуэтыншэу бубзыхуу, гъуэгуанэхэр къыхэпхын хуейщ. Иубыд щIыналъэм щыщу проценти 5-м фIэкIа цIыхур щымыпсэу, зи процент 95-р къум къэралым телъыджэ куэд щызэбгъэлъагъуфынущ. Каир къапщтэмэ,  Мысырым и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыIэщ, Нил и Iуфэ Iусу.  Асуан, Луксор, Александрие, ухуэныгъэ инхэр здэщыIэ къалэхэр туристхэм я плъапIэщ. Нэхъ пасэ дыдэм ящIа тхьэелъэIупIэхэр, гуэл IэрыщI нэхъ ин дыдэр, Асуан плотинэ иныр здэщыIэ, къалэ нэхъ хуабэу ялъытэр Асуанщ. Абы хытIыгу цIыкIу иIэщи, кхъухькIэ фIэкIа уекIуэлIэфыркъым. ГъэщIэгъуэнщ а щIыпIэр, псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Нилым ухоплъэ, пщэдджыжь дыгъэ къыкъуэкIыгъуэмрэ пщыхьэщхьэ къухьэжыгъуэмрэ сурэт щIам хуэдэу дахэщ, къалэр уи IэмыщIэ илъым хуэдэу уIуоплъэ.

Асуан и гъунэгъу зыплъыхьыпIэхэм ящыщщ Абу Симбел. Пщэдджыжьым сыхьэтыр 4-м щыщIэдзауэ I0-м нэс уитыфу аращ къумым. Махуэр абы щыбгъэкIуэнкIэ Iэмал иIэкъым, апхуэдизкIэ хуабэщи, градусыр 40-м щыфIокI. Къапщтэмэ, Мысырым укIуэ щыхъунур жэпуэгъуэм и кIэхэмрэ щэкIуэгъуэм и пэхэмрэщ. Абы щыIэ тхьэелъэIупIэхэр тIу мэхъу - Инрэ ЦIыкIурэ. Рамзес II  и лъэхъэнэм яухуа члисэхэм я нэхъ иныр хьэтхэм щезэуам хуэгъэпсащ. Абы и ижьырабгъумкIэ къыщытщ нэхъ цIыкIур, ар тхьэгуащэ Хатхор ейщ. Абыхэм я щIыхьэпIэм фараонхэм, зауэм и тхьэхэм я скульптурэхэр къыхэIущIыкIащ.

Асуан нэхъ гъэщIэгъуэну щыIэхэм ящыщщ Нил псыIущIапIэр. Ар щаухуэм Мысырым дэIэпыкъуауэ щытащ ди къэралыр - Совет Союзыр.  Нэхъыщхьэ дыдэу абы щызэбгъэлъагъун хуейр Насер гуэлращ. Пэж дыдэу, телъыджэщ ар, къумым и курыкупсэм гуэл домбей итщ. Гуэл IэрыщIхэм я нэхъ ину щалъытэ ар дуней псом – километр 510-рэ и кIыхьагъщ, километр 35-рэ и бгъуагъщ. А псым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр хэсщ, къищынэмыщIауэ и хъуреягъым хьэкIэкъуэкIэхэр щопсэу, апхуэдэуи Мысырым абдеж и закъуэщ благъуэ узыщрихьэлIэр.

Асуан нэхъыбэу щыпсэур нубийхэращ. Езыхэм я бзэ, я щэнхабзэ яIэжщ. ЗыщIэс унэхэр мыину, лэч щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ  лауэ апхуэдэщ. Псоми хьэпшып цIыкIу-фэкIухэр яхуощIри, ахэр туристхэм гъуэгущхьэхэм щращэ, аращ зэрыпсэури.

Апхуэдиз тхьэелъэIупIэхэр щаухуэ лъэхъэнэм Мысырым нэхърэ нэхъ лъэщрэ нэхъ бейрэ щыIауэ къыщIэкIынукъым. ДэнэкIэ умыгъазэми узэплъынрэ, тхыдэм къыхэна хъыбару узэдэIуэнрэ и куэдщ.

  Мис а лъэхъэнэ жыжьэм щыщу нобэм къэса щIыпIэ дахэ куэд иIэщ Луксори. ТхьэелъэIупIэ домбейхэр щаухуэм, Мысырым къыпэлъэщын зэрыщымыIар къыбгурагъаIуэ плъагъу ухуэныгъэхэм. Абы и щыхьэт наIуэщ Карнак тхьэелъэIупIэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, мыр апхуэдизкIэ инщи Москва щыIэ Василий Блаженный и тхьэелъэIупIэр, Милан къулъшырыфыр Нотр-Дам де Пари соборыр щIэхуэну жаIэ. Карнак тхьэелъэIупIэр зыкъому зэхэтщ, псори зэгъусэу гектари 123-рэ иубыду. Абы щIэныгъэлIхэр зэреджэр  «Мысыр тхыдэм и мывэ архивщ».

КъищынэмыщIауэ, Пащтыхьхэм я щIыналъэр гъэщIэгъуэнщ, абы къыбгъурытщ Пащтыхьгуащэхэм я аузри. Пащтыхьхэм я аузым кхъэлэгъунэ 62-рэ къыщагъуэтыжащ, абыхэм ящыщу 20-м фараонхэм я мумиехэр щIэлъщ. Хатшепсут и тхьэелъэIупIэри хуабжьу инщ, Iыхьищу зэхэтщи, дэтхэнэми тхыдэ гъэщIэгъуэнрэ узэплъынрэ иIэщ.

Зэманым нэджэIуджэ ищIа, ауэ икъутэну зыпэмылъэщщ Мемнон и колоссхэр жыхуиIэ статуехэр. Зы зэман гуэрым ахэр Аменхотеп III  и тхьэелъэIупIэм и дыхьэпIэу щытащ, ар яхъумэ щIыкIэу. Иджы тхьэелъэIупIэр щытыжыххэкъым, ауэ статуехэр къэнащи, кIуэ пэтми нэхъ фаджэ мэхъу, щыщ Iыхьэхэр къыгуэхуурэ. Ауэ блэкIа жыжьэм и щыхьэт нахуэу къэнащи, дызытет щIыр куэд щIауэ зэрыщыIэр наIуэ пщещI.  

Къэралым и щыхьэр Каир и гугъу пщIымэ, ар зэмыщхь куэд щызэтрихьа къалэщ. Абы муслъымэнхэр щыпсэу хьэбли, къызэрыгуэкI унэ зытетхэр зыдэт уэрами, къулей дыдэхэр щыпсэу щIыпIи иIэщ. Ислъам Каирым, псалъэм папщIэ, мэжджытыжьхэр, апхуэдэуи иджы ящIахэр щыкуэдщ. Зы уэрам иIэщ Каир зыухуахэм ящыщ зы Аль-Муизз и цIэр зэрихьэу, Москва и Арбат уэрамым ещхьщ ар. Сыт ищIысри щащэ, туристхэр куэду щызокIуэ. Абы тет мэжджытхэм ущIыхьэурэ зыщуплъыхь мэхъу. Аль-Азхар мэжджытыр дахащэщ, пасэм ящIауэ нобэ къэса ухуэныгъэщ, къищынэмыщIауэ дуней псом щынэхъыжь, диныр щадж университетхэм ящыщщ. Ар зыухуар Каир зыщIа хъэлиф Аль-Муиззщ. А IуэхущIапIэращ диныр, абы ехьэлIа сыт хуэдэ Iуэхури щаджыр. Абы и пщIантэм удыхьа нэужь, нэрылъагъу пщохъу Каир и тхыдэ лъэхъэнэхэм я теплъэр.

Мэжджытхэм языхэзым ищхьэ дыдэм Каир уи Iэгум илъым хуэдэу щыболъагъу. Дыгъэ къухьэжыгъуэм нэгум къыщIэувэр дахащэт, сурэтыщIым къыхуэмыгупсысын хуэдизу.

Копт Каирщ адрей лъэныкъуэм зэреджэр. Абы щыпсэур чристэнхэращи, члисэхэр щыкуэдщ. Туристхэм я дежкIэ мы лъэныкъуэм ущыпсэуну нэхъ тыншщ. Ущизакъуэми зыми уи гугъу къимыщIу къыщыпкIухьынущ. Каир нэхъ пасэ дыдэхэм щащIа ухуэныгъэхэм ящыщщ Вавилон быдапIэр. Мысырым и щIыналъэм япэу тращIыхьа урым ухуэныгъэщ ар.  Египет музейми ущIэмыхьэу укъэкIуэжыныр щыуагъэщ. XIX лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм ящIа музейр пэши I00 хъууэ зэхэтщ, экспонат I30 000 щIэлъщ. ЕтIуанэ къатым пэш зыбжанэ щыхухэхащ Тутанхамон. Абы и хьэдэр Пащтыхьгуащэхэм я аузым щахъумэ, ауэ хъугъуэфIыгъуэу иIар зыщIэлъыр Египет музейращ.

Музейм и пэш нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ Рамзес II, Тутмос II, нэгъуэщI пащтыхьхэм я хьэдэхэр зыщIэлъыр. Гугъущ а псори жыпIэжыну, ауэ зэбгъэлъагъуну гъэщIэгъуэнщ.

Ахэращ Мысырыр зыми емыщхь зыщIыр. Европэм куэдкIэ къыщхьэщокI ар. Мысырым щыпсэухэм я гупсысэкIэр, дуней тетыкIэр нэгъуэщIщ. Щыгъын фIыцIэ быхъушхуэхэр ящыгърэ я щхьэм IэлъэщI фIыцIэ фIэшыхьауэ, я нэм фIэкIа къыщIэмыщу къэзыкIухь цIыхухэр щыгъунэжщ. Каир иIэщ туристхэр щынэхъыбэ, интеллигентхэр зыдэс щIыпIэхэри,  абы ущыпсэунуи къыщыпкIухьынуи шынагъуэ щыIэкъым, ауэ зыплъыхьыпIэхэм ущыкIуэкIэ, нэхъ тхьэмыщкIэхэр щыпсэу щIыпIэхэм ущызрагъакIуэкъым.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.