КЪУАЖЭ IУЭХУР ЗЭРЫЗЭРАХЬЭР

Пасэрей адыгэ къуажэхэм тхыбзэ зыщlэ дэсу щытакъым. Ауэ Iуэхуу щыlэр къуажэ лIыжьхэм зэрахьэрт. Къуажэ Iуэхухэр зезыхьэу жылэм дэсахэр: зы старшынэ, абы и къуэдзэу зылI, зы писыр (урысу), зы доверенэ, хьэтхауитI (хьэгъэбанэкlи еджэрт), зы гъyo, зы тхылъзехьэ, зы казначей, къуажэ ахъшэр Iэщlэлъу.
Къуажэ унафэр зыщIыр старшынэр арат. Ауэ Iуэхушхуэ щыIэмэ, къуажэ псо унафэкlэ екlуэкIын хуейт. Зыгуэр къэхъуху къуажэ псор къызэхуашэс нэхърэ нэхъ Iуэху зэфIэкlыу, нэхъ Iуэху псынщIагъуэу ялъытэу «Выборкlэ» еджэу лlыжь гуп (къуажэм и инагъым елъытауэ лlыжь 15-20) хахти, абыхэм ящI унафэр къуажэ псом ящlауэ ялъытэрт. 
Къуажэм я цIэкlэ тхылъ гуэр тхын хуейуэ унафэ гуэр щыIэмэ, а лIыжь гупыр къызэхуашэсырти, Iуэхуу щыIэм и унафэр ирагъэщIырт. Тхын хуейр писырым итхырт. Абы итхам лIыжьхэм Iэ традзэрти, Iуэхум кIэ игъуэтат. Iэ зэрытрадзэу щытари мыпхуэдэут: и Iэпхъуамбэшхуэр шакъэм хигъауэрти, Iэ зытедзэн хуей тхылъымпIэм тригъауэрт. Абы и Iэпхъуамбэр зытригъэуам и занщIэкlэ а лIыжьым и унэцlэр писырым питхэжти, Iэ тридза хъуат. Аращ «Iэ тедзэ. Iэпэ щlэдз» жыхуаIэ псалъэр къызытекIар.
ЦIыхухэм щIэныгъэ ягъуэт хъуа, урысхэри къытхэзэрыхьа нэужь, а «выбор» лIыжьхэм я Iэпхъуамбэ курытым хуэфIу дыжьын Iэлъынышхуэ хурагъэщlауэ щытащ и цIэм и пэм ит зы хьэрфымрэ и унэцIэм ипэ хьэрфымрэ тету. Iэ зытридзэн хуейм а Iэлъыныр шакъэ защlэ ищIти, тригъауэрти, лIыжьым и унэцIэр писырым питхэжт. Старшынэми апхуэдэут зэрытридзэр. Мис а щIыкIэм тету абыхэм тхылъыр зэрагъэпэщамэ, уи ней щыхуэ абы итlанэ, ар къуажэм ятха хъуати, къутапIэ иIэжтэкъым.
Абыхэмкlи зэфIэмыкIыну Iуэхушхуэ къэхъумэ, балигъ хъуа цIыхухъуу къуажэм дэсыр зэхуашэсырти, Iуэхур зытетым, Iэ щIаIэтынум зыгуэр тепсэлъыхьти, ягуригъаlуэрт: абыкIэ арэзымрэ мыарэзымрэ Iэ IэткIэ зэхагъэкIти, арэзыр нэхъыбэ хъуамэ, Iуэхур къащтауэ арат.
Абы иужькlэ лlыжьхэр къызэхэнэжти, кьуажэм ящIа унафэр тхылъым иратхэрт. Абыхэм я Iэр традзамэ, къуажэм ятха хъуат.
Япэм «дыгъу къэфт» жаIэу къуажэхэр щызэрахуэ куэдрэ къэхъуу щытащ. Мис абыхэм щыгъуэм, дыгъуу ягъэлъагъуэу ягъэкlуэдынуми, «Iэпей-лъэпейщ, къуажэм дэдгъэсынукъым», - жаIэу приговор ятхрэ а лIыжьхэм я Iэ традзэжамэ, абы нэхърэ нэхъ хей щымыIэми, зэфIэкlат, къэгъазэ иIэтэкъым. «Къуажэ приговоркIэ ягъэкIуэдауэ щытащ», - жаlэу зыpи темыплъэжу ягъэкlуэду щытащ. Иджыри лIыжьхэм хъыбар щаlуэтэжкlэ, куэдрэ жаlэу зэхыбох: «Ар дыгъуу ятри, къуажэ приговоркIэ ягъэкIуэдауэ щытащ».
А лIыжьхэм Iуэхукlэ яхуей щыхъум деж, гъуо ягъаджэрт: «Iуэху щыlэщи, пщэдей IуэхущlапIэм фыкъекlуэлIэн хуейщ!» - жаIэрти. Гъуом «балигъ хъуар фыкъекlуалlэ» - жимыlамэ, зыхуейр лIыжьхэрати, зэхуэст. Ар къуажэ зэlущIэтэкъым.
Къуажэ унафэхэр езыгъэкlуэкIыну лIыхэр щыхахыр къуажэ зэIущlэхэр арат. «Дэ дыкъэзыгъэпэжын, гугъу зыкъыддезыгъэхьын», - жаIэрти, нэхъ цlыху пэжу, нэхъ укIытэ зиIэу яфIэщIыр хахырт.
Доверенэр щыхахым и деж ягъэувырти, къурIэнкlэ тхьэ ирагъаIуэрт Iуэхум благъагъэрэ ныбжьэгъугъэрэ, еижыгъэ химылъхьэну. Абы и пщэм дэлъыр мырат: къуажэм цIыхуитI зэгурымыIуэу зыгуэр зэпаубыдмэ, псом япэу абы я Iуэхум хэплъэныр. Довернэм и унафэншэу къэтхьэусыхэм и Iуэхум суд тращIыхь хъунутэкъым. ТIyp щызэгурымыlуэкIэ, лей зылъысар кlуэрти, къуажэ судым хуэтхьэусыхэрт. Абы довернэр игъакIуэрти, Iуэхур зэрыщытым иригъэплът, щlызэгурымыlуэм зыщигъэгъуазэрти, мэсхьэт (уасэ хуригъэщIт) иригъэщIт, абы къажриIэжым тету суд ящIэт.
ХьэтхауитIым я къулыкъур зэщыхьаитIыр IуэхущlапIэм къришэлIэнырт. Къуажэм сыт къыхэхын хуейми ахэрат къыхэзыхыр. Зыгуэр ягъэтIысынумэ, абыхэм къашэрти, ягъэтIысырт. Апхуэдэуи суд зытращIыхьам тезырыр къитын имыдэмэ, кIуэрти, къытрахырт. КIэщIу жыпIэмэ, къуажэм унафэу щащIыр зыгъэзащIэр ахэрат.
Жылэм зэхалъхьэ ахъшэр зыIыгъыр казначейрат. КъищынэмыщIауэ, ахъшэ къыхэхын хуей хъуамэ, зи къалэныр ардыдэхэрт. Ауэ ахъшэр къыщыхахкIэ, казначейм доверенэри, хьэтхауитIри гъусэ хуащIырт. Къуажэм хэхъуэу яIэри, хэщIу яIэри а казначейм и IэмыщIэ илът. Мис ахэрат къуажэм я Iуэхур зезыхьэхэр, зэрызэрахьэри а щIыкIэм тетут.
Абыхэм нэмыщl, «тхылъзехьэкlэ» еджэу зы мылицэ яIэт. Къуажэм тхылъ дэхын хуейми, къыдыхьэн хуейми, арат зи пщэ дэлъыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.01.2026 - 09:03

Блым щыщу тхур дыщэу

Урысейм ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэ­хьыным хуэунэтIа къэралпсо зэхьэзэ­-хуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащ-хьэ Черкесск щекIуэкIащ.

24.01.2026 - 09:03

Медаль 35-рэ къахь

Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь крайм щекIуэкIащ иджыблагъэ.

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.