ХЬЭХЪУПАЩIЭ АМЫРХЪАН И ЩIЫХЬКIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджээхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси I40 зэрырикъум теухуауэ Къэхъун къуажэм гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэ щекIуэкIащ. МахуитIым къриубыдэу а жылэм концертхэр, зэпеуэхэр, джэгухэр щызэхэтащ.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм я етIуанэ махуэм и зэхыхьэ нэхъыщхьэу щытащ шыгъажэхэр. Ар къызэригъэпэщащ Къэхъун щекIуэкI Iуэхугъуэхэм жыджэру хэлэжьыхь, жэрдэмщIакIуэ Гулэжын Беслъэн. КъызэдэжипщIыр хуагъэпсащ къэхъундэсхэу Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ жылэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэмрэ. Зэпеуэм кърашэлIат адыгэ, адыгэ-инджылыз шы лъэпкъыгъуэхэр. «Къэхъун» совхозым и унафэщIу щыта Езий Хьэжысмел и фэеплъ саугъэтыр зыIэригъэхьащ Апачи хакIуэм теса Къулъкъужын Ищхъэрэ щыщ Ныр Аслъэн, щIыхь зиIэ шыгъэхъу НэгъэцIу М. и цIэкIэ ягъэува саугъэтыр зыIэригъэхьащ Наирэ шыбзыр къэзыгъэжа Щхьэлыкъуэ щыщ Шыкъ Ислъам, Япэ дунейпсо зауэм хэта, медаль зыбжанэм и кавалер Къандэхъу ЦI. и фэеплъ саугъэтыр къихьащ Аргудан щыщ Арес хакIуэм теса УнэлIокъуэ Сослъэн. ХьэхъупIащIэ Амырхъан и фэеплъу ягъэува саугъэт нэхъыщхьэр Аргудан къуажэ яшащ. Ар зыIэригъэхьащ Дакар хакIуэм теса Щад Амур. Хэку зауэшхуэм и лIыхъужь, Бэракъ Плъыжьым и орденитIым и кавалер Жамборэ Щэуал и фэеплъ саугъэтыр Аджуа хакIуэр къэзыгъэжа Iэдииху жылагъуэм къикIа бзылъхугъэ Джэдгъэф Саният къихьащ. Дуча шым тесу къэжа Плановскэ щыщ Ахэмын Ахьмэд къуажэ советым и унафэщIу щыта НэщIэпыджэ А. и саугъэтыр къылъысащ. ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжьым и орденыр зрата Къарэ А. и фэеплъ саугъэтри зыIэрызыгъэхьар аргудандэсхэрщ. Абы щытекIуащ Джордано хакIуэм теса Хъанычэ Аслъэн. Лашынкъей щыщ Къуэдзокъуэ Заур къигъэжа Уае шыр щытекIуащ Аруан районым и партым и щIыналъэ райкомым и япэ секретару щыта Къандэхъу М. и саугъэтыр къэхьыным ехьэлIа къызэдэжэм. «Къэхъун» совхозым и унафэщIу щыта, Лениным, октябрь революцэм, «Знак Почёта» орденхэр къызыхуагъэфэща Жамборэ М. и фэеплъ саугъэтыр къылъысащ Марие шыбзым теса Къэрэгъэш къикIа Тэмазэ Iэдэм. Хэку зауэшхуэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран Къуэшы Ш. и фэеплъ саугъэтыр зыIэригъэхьащ Фея шыр къэзыгъэжа шэджэмдэс Къарэмызэ Аскер.
Къэхъун къуажэм дэс лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм зэпеуэхэм щытекIуахэм кубокхэр, грамотэхэр, ахъшэ саугъэтхэр иратащ. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и жэрдэмкIэ шыгъажэм и саугъэт фонд сом мин 300 хъур хуаутIыпщащ Украинэм щекIуэкI дзэ операцэ хэхам хэтыну мобилизацэм ипкъ иткIэ а жылэм щыщу ираджа щIалэхэр щыдэкIкIэ зыхуеинухэр къыхуащэхуну.
Шыгъажэм къыдэкIуэу къуажэм гупэм щекIуэкIащ кIапсэшхуэкIэ зэпекъунымкIэ зэхьэзэхуэмрэ армрестлингымкIэ зэпеуэхэмрэ. Абы и судья нэхъыщхьэу щытащ Шыбзыхъуэ Анзор. IэпщэкIэ зэпеIэнымкIэ нэхъ лъэщу къыщIэкIащ Бахъсэн щыщ ТхьэмлIокъуэ Ислъам. ЕтIуанэ хъуащ абы и къуэш нэхъыщIэ Астемыр. Старэ Шэрэдж къуажэм щыщ Исхьэкъ Къамболэт. КIапсэшхуэкIэ зэпекъунымкIэ зэхьэзэхуэм нэхъ лъэ быдэкIэ щIым щытетащ Старэ Шэрэджрэ Бахъсэн районымрэ зэхагъэува «ЩIалэгъуалэ» командэм. ЕтIуанэ хъуащ Езийхэ я гуп къыхэхар.
Махуэшхуэм хыхьэ Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэщыным икIи егъэкIуэкIыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Къэхъун курыт еджапIэ №2-м и директор Джэтокъуэ Риммэ, абы и къуэдзэ ХьэхъупащIэ Аксанэ, Нартан, Кэнжэ къуажэхэм щыпсэу ХьэхъупащIэхэм. ФIыщIэ хэха хуэфащэщ махуэшхуэм лэжьыгъэшхуэ хэзылъхьа ХьэхъупащIэ Суфьян, сурэтыщI ХьэхъупащIэ Борис, «ДыгъафIэ къалэм» и егъэджакIуэ ХьэхъупащIэ Iэмин сымэ. Махуэшхуэр къызэгъэпэщыным текIуэда мылъкум и нэхъыбэр къабгъэдэкIащ хьэрычэтыщIэхэу Ергъэнокъуэ Хьэсэнбийрэ абы и щхьэгъусэ Ергъэнокъуэ-ХьэхъупащIэ Ксениерэ. Концерт программэхэмкIэ къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ балетмейстер ХьэхъупащIэ Заур и гъэсэнхэм, КъБР-м и щIыхь зиIэ и артист ХьэхъупащIэ Амырхъан сымэ.

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.