ДЕ БЕСС ГУ ЗЫЛЪИТАХЭР

Адыгэ тхыдэр зи щIасэхэм зэхамыхынкIэ Iэмал иIэкъым Де Бесс Жан-Шарль (1799-1838) и цIэр. Мэжэрхэм (венгрхэм) къахэкIа щIэныгъэлIым езым и лъэпкъым и къежьапIэмрэ и тхыдэмрэ иджу XIX лIэщIыгъуэм Урысейм зыплъыхьакIуэ щыIащ. 1829 гъэм Де Бесс Кавказ Ищхъэрэм къэкIуат, абы мэжэрхэм къыщызэранэкIа лъэужьхэр къигъуэтыжын и мураду. 
 

1829 гъэм зыплъыхьакIуэр Венэ къыщежьэщ, Одессэ лъэныкъуэкIэ Кърым хытIыгу ныкъуэм къакIуэри, Кавказым къызэпрыкIауэ щытащ. Керчь псыдэуапIэр къызэринэкIщ, ТемэнкIэ кIуэцIрыкIри, Де Бесс Псыжь и Iэгъуэблагъэм нэсащ, Бжьыдыгъукъали (Краснодар), а зэманым урысыдзэм и хэщIапIэ нэхъыщхьэу щыта Шэткъали (Ставрополь) зэригъэлъэгъуащ. Де Бесс яхэтащ генерал Эммануэль и гъусэу, Iуащхьэмахуэ дэкIа, Хьэшыр Чылар зыхэта гупым. 
ЩIэныгъэлIыр хунэсащ Нэгумэ Шори зэригъэцIыхуну. Ауэ имыщIэныгъэкIэ ар осетину къыщыхъуащ. Бгырыс школым щезыгъаджэ Нэгумэм щхьэкIэ Де Бесс жиIэрт «щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Шорэ персыбзэми, тыркубзэми, тэтэрыбзэми, урысыбзэми зэхуэдэу зэрыхуэшэрыуэр».
И гъуэгурыкIуэ тхыгъэхэр Де Бесс 1838 гъэм Тифлис къыщыдигъэкIыжауэ щытащ «Кърымым, Кавказым, Куржым, Ермэлым, Азие ЦIыкIум, Константинополь сызэрыщыIам теухуа гъуэгурыкIуэ тхыгъэхэр» и фIэщыгъэу. Де Бесс адыгэхэм ятехуауэ къызэринэкIа жыIэгъуэхэм ящыщщ адэкIэ къэтхьынур: 
«Шэджэм къызэднэкIри, псыхъуэ телъыджэм дыкъыщыхутащ. Ар нэхъри нэхъ дахэж щIэхъукIырт абдеж дыдэм зыщызыубгъуа, зэпэгъунэгъуу щыт къэбэрдей къуажэхэм. Мырзэ-Мысост щыпсэу къуажэр Европэм щыплъагъухэм куэдкIэ къащхьэщыкIыркъым, адрей адыгэхэм я унэхэм куэдкIэ йофIэкI ахэр. Сигу хэхъуэу сеплъащ нартыху, джэшхъурей, джэшхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр къыщыкI губгъуэхэмрэ хадэхэмрэ. Мы пщым, нэхъапэми зэрыжысIащи, къуажэ 60, шы мини 3-м щIигъу, абы нэхърэ мынэхъ мащIэу Iэщышхуэ иIэщ. Ауэ сыт хуэдизкIэ мыкъулейми, и псэукIэр къызэрыгуэкI дыдэщ. 
Иужь дыдэ Налшык дыщызэхуэзам щыгъуэ, сеупщIат, сыт фи лъэпкъым и нэхъыжьхэм, я щытыкIэм хуэфащэу, нэхъ унэшхуэ щIамыщIыр, псэукIэ хэIэтыкIакIэ, унэлъащIэ лъапIэкIэ зыкъыщIамыухъуреихьыр, жысIэри. Пщым жэуап къызитащ хабзэ ткIийхэр а Iуэхум теухуауэ зэраIэр, уэркъхэмрэ цIыхубэмрэ къимыгъэгубжьын щхьэкIэ, езыри абыхэм ебэкъуэну зэрыхуэмейр жиIащ. Молэхэм цIыхухэм я фIэщ ящIащ илъэс 20 ипэкIэ лъэпкъыр изыха емынэ узыр пщыхэм мылъкурэ къулеигъэкIэ зэрырагъэлеям къиша нэлату. Иджы я нэхъыжьхэр ардыдэм къытенэмэ, нэхъеижитIу Алыхьыр къебгынкIи хъунущ». 
«Константиногорск сыщыIэху, - етх адэкIэ Де Бесс, - Санкт-Петербург къулыкъу щрахьэкIыу къэкIуэжа щIалитIым сеупщIащ, ягу ирихьа-иримыхьакIэ. Ахэр илъэс псокIэ императорым и шуудзэм хэтат. Абыхэми жаIащ лей къазэрытемыхьар, здэщыIар ягу иримыхьауи зэрыщымытыр, ауэ щыхьэрым и гъащIэ ехьэжьам нэхърэ, щхэж и жьэгужь къекIуэлIэжыныр, я Хэкум щхьэхуиту исыжыныр минкIэ нэхъ къызэращтэр къыхагъэщащ». 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н