Дунейм лъэпкъыу тетым IуэрыIуатэ яIэщ. А псоми зэхуэдэу хэтыжщ лъэпкъыу щыIэр зэгуэр зы бзэкIэ псалъэу, зы лъэпкъыу щытауэ, Iуэхугъуэ гуэрым и зэранкIэ зэкъуэча хъуауэ. А Iуэхугъуэри - псыдзэщ е Бабылей (Вавилон) чэщанэм и ухуэныгъэрщ.
Нобэр къыздэсым щIэныгъэлIхэмрэ бзэм и лэжьакIуэхэмрэ зоныкъуэкъу бзэр къызэрыунэхуа щIыкIэм теухуауэ, икIи зэдэарэзыуэ къызэдащтауэ зы Iуэху еплъыкIэ щыIэкъым. 1866 гъэм, «Псэущхьэхэр къызэрыунэхуа» лэжьыгъэр Дарвин Чарльз итха нэужь, БзэмкIэ Париж щыIэ зэгухьэныгъэм унафэ ищIащ бзэр къызэрыунэхуам теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр къызэтрагъэувыIэну. «ЩIэныгъэр щыхьэт зытемыхъуэ Iуэху еплъыкIэхэм псалъэмакъышхуэхэмрэ зэгурымыIуэныгъэрэ къешэ», - щыжаIат а зэгухьэныгъэми, бзэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр дуней псом къыщызэтрагъэувыIащ. Щыпащэжари 1965 гъэращ!
«ЦIыхубзэр зэрыщыIэххэмрэ ар къызэрыунэхуамрэ я щэхур зэи зыми къыхуэмытIэщIыну лэжьыгъэ гугъущ. ГъэщIэгъуэнщ ар… Сабийр илъэсиплI щрикъум ирихьэлIэу хуиту мэпсалъэ, и щхьэм илъыр къеIуэтэф. А ныбжьым ирихьэлIэу мыпсэлъамэ - сымаджэу къалъытэ. ЦIыхум къищынэмыщIауи, адрей псэущхьэхэм бзэ яIурылъкъым. Дауэ-тIэ ар къызэрыунэхуар? Дапщэщ зыщигуэшар? Сыт хуэдэ ныбжьым иту япэ дыдэ псэлъа цIыхур? ИлъэсиплI хъуа сабийр Iэмал имыIэу псэлъэн хуейуэ щхьэ ягъэува? А псоми я жэуап щыдмыщIэкIэ, бзэм дытепсэлъыхьу, пэжыпIэр къэтхутэну къыщIытхуамыдэр сыт?», - итхыжащ бзэр къызэрыхъуам теухуауэ тхыгъэ бжыгъэншэхэр къыдэзыгъэкIа Премак Д.
Бзэм зэрызигуэшамкIэ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу цIыхум иIэр IуэрыIуатэрщ. Псори щыгъуазэщ Бабылей чэщанэм и хъыбарым. Абы къызэриIуэтэжымкIэ, цIыху лъэпкъыр бгъуэнщIагъхэм къыщIэкIыу зыщиужьа, ухуэныгъэ лъагэхэр игъэуву зыщригъэса лъэхъэнэм пагэ хъуат, уафэм нэсу зиIэтыну хъуэпсат. ЦIыхухэм заригъэщIэжын папщIэ, Тхьэм абыхэм зэгурымыIуэныгъэ къахилъхьащ, я бзэр зэхигъэзэрыхьри. Мы хъыбарыр зэи зэлъэмыIэса лъэпкъыу, дунейм и гъунапкъэ зэмылIэужьыгъуэхэм тепхъахэми яIэщ. Псалъэм папщIэ, Африкэм, Индием, Мексикэм, Испанием, Мьянмэ, Пасэрей Алыджым, Австралием, США-м, Америкэ Курытым щыпсэу лъэпкъыжьхэм.
Ар тхылъ лъапIэхэм зэритыр мыпхуэдэущ: «Дунейм лъэпкъыу тетыр зэрыпсалъэр зы бзэт. ГъащIэр къыщигъэщIа щIыналъэр ябгынэри, Сеннаар (Бабылейр, Аккадыр, Ащырыр) зыфIаща щIыналъэм итIысхьащ. Чырбыш куэду тщIынщ, дгъэжьэнщи, уафэм нэсу чэщанэ духуэнщ, цIэрэ щхьэрэ диIэу, зэи дымыкIуэдыжу дыпсэунщ, жаIащ. Тхьэр къеплъыхри, цIыхухэм я хъуэпсапIэм къыщыхэплъэм, ахэр пагэ зэрыхъуам, тхьэм и псэупIэм лъэIэсыну пабгъэу къыщилъагъум, игу къебгъэри, цIыхухэм яIурылъ зы бзэр зэхитхъуащ, зэгурымыIуэ къахилъхьащ. Абдежым щагъэтащ абыхэм чэщанэр яухуэн. ЗэгурымыIуэ щыхъум, щхьэж и плъапIэ и кIуапIэу цIыху цIыкIум щIылъэм зытриубгъуащ. ЦIыху лъэпкъыр щызэкъуэча щIыналъэми БабылейкIэ еджэ хъуащ абдеж щыщIэдзауэ».
Дунейпсо псыдзэшхуэр Тхьэм и нэлату цIыхухэм къахиутIыпщхьэу лъэпкъыр зэригъэкIуэдыжам и хъыбарыр яIуэтэж Америкэ Ищхъэрэм щыпсэухэм. Абыхэми зэрыжаIэмкIэ, Псыдзэшхуэм ипэ къихуэу дунейм тетар зы лъэпкъщ, зы щIыналъэ щыпсэууэ, зы бзэ яIурылъу.
Иджы щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ дыкъеплъынщ мы Iуэхугъуэми, зэи зэлъэмыIэса лъэпкъ зэпэжыжьэхэм зы хъыбар къыщIрахьэкIым и щхьэусыгъуэр къэтлъыхъуэнщ.
Псом япэрауэ, сыт бзэр зищIысыр? Щхьэ адрей псэущхьэхэм ямыIэрэ бзэ? Хьэмэрэ яIэ? Дауэ ар къызэрыунэхуар? Дапщэщ?
Эволюцэм и телъхьэхэм зэрыжаIэмкIэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 10000 гъэхэм ирихьэлIэу цIыхум дунейм зытриубгъуауэ, куэдми-мащIэми, бзэ гуэр Iурылъу щытащ. Эволюцэр зи фIэщ мыхъу щIэныгъэлIхэм жаIэ япэу дунейм къытехьа псалъэхэмрэ бзэмрэ къыпхуэмыхутэну, ар бджыным мыхьэнэи имыIэххэу.
Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, бзэр зэрымыщIэкIэ къэунэхуащ, цIыхум щIыуэпсым щызэхих макъхэр тегъэщIапIэ ищIу и щхьэм илъыр къриIуэтэн папщIэ. Мы еплъыкIэм и телъхьэщ «ЩIы Уэ Псы Бзэ» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Токъмакъ Айдынрэ «Адыгэбзэ - макъыбзэ» тхылъыр зытха Бер Хьикмэтрэ. «ЦIыхум и щхьэм илъыр къиIуэтэн папщIэ тэрмэшыр къигупсысащ псом япэ. Ауэ а тэрмэшыр зэрымащIэр къыгурыIуэщ, гурымын щигъэтри, щIыуэпсым щызэхих макъхэр къигъэсэбэпурэ, языныкъуэ Iуэхугъуэхэм цIэ фIищащ, щыIэцIэхэр къигупсысащ. Псалъэм папщIэ, хы. Псыр щыхъейкIэ, узэщIэдэIукIмэ, макъ ещI «хххыыы» жиIэу. Ар щыIэцIэу псышхуэм фIищащ. Уэшх... Ш-ш-ш жиIэу, уэм къех жыхуиIэу. Аращ уэсри. Бжэн къиукIам «лъ-лъ-лъ» жиIэу щIэж плъыжьыгъэм «лъы» фIищащ. Ауэ, зэрыхуэзгъэфащэмкIэ, япэ дыдэу къигупсыса псалъэр «хьэ» жыхуиIэращ. Пасэрейм «хьэ» жиIэмэ, «цIыху» къригъэкIыу арат, къижыхьауэ, ешауэ етIысэха нэужь «хьэ-хьэ-хьэ» жиIэу, хьэлъэу зэрыбауэм щхьэкIэ. Хьэ псэущхьэм хьэ щIыфIищари аращ - абы и бзэгур къидзауэ, бауэкIэщIу «хьэ-хьэ-хьэ» жиIэти. Адыгэбзэм псалъэ куэд дыдэ хэтщ «хьэ»-кIэ къригъажьэу. ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, адыгэ-абазэбзэхэр нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Зэрымакъыбзэр къапщтэмэ, ар япэ дыдэ цIыхум къыIурыхьа бзэуэ зэрыщытым шэч къытесхьэркъым, си щхьэкIэ», - жеIэ Токъмакъым.
Пэжу, биолог гуэрхэр арэзы тохъуэ цIыхур къэзыухъуреихь, зыхэпсэукI щIыуэпсым щызэхих, псэущхьэхэм къагъэIу макъхэм щIэдэIукIыурэ, езым и бзэр зэриухуам, цIыхум и акъылым зиужьыху, псалъэхэри нэхъыбэ зэрыхъуам. Зоологхэм зэрыжаIэмкIэ, псэущхьэхэм къагъэIу макъхэмрэ зэрызащIымрэ хуитыжкъым, зашыIэфыркъым. Псалъэм папщIэ, хьэр щышынэм деж зыгъэшынам йобэн, мыувыIэжыфу. Абы хуэдэу, цIыхур щыдыхьэшхкIэ е щыгъкIэ, захуэмышыIэу, зызэтрамыубыдэфу къахуохуэ. Нэхъ зыхуитыр и псалъэрщ. Абы къыхэкIыу, псэущхьэхэм къагъэIу макъхэр макъ къудейуэ аращ, зэрышынэр, зэрыгубжьыр, зэрыгуфIэр къраIуатэу, армыхъумэ зэрызэгуры-Iуэ бзэкъым. Ауэ щыхъукIэ, бзэ зыIурылъыр цIыхум и закъуэщ.
Бзэм и лэжьакIуэ, хаттолог цIэрыIуэ ПхытIыкI Хьэутий жеIэ:
- Бзэр тегъэщIапIэ сщIауэ тхыдэр соджри, илъэс мини 7,5-кIэ соIэбыхыф. Абы адэкIэ зыри къысхуэтIэщIакъым. ЗэрыхуэзгъэфащэмкIи, а лъэхъэнэм ирихьэлIэу насыпыншагъэ гуэр къэхъури, цIыхум бзэ зэрыIулъам и зы щыхьэт къимыгъанэу, игъэкIуэдащ. Ар е псыдзэшхуэщ, е щIыхъей шынагъуэщ, е къэбэкъауэ телъыджэщ. ГъущIынэтхым нэхъыжь дэфтэр диIэкъым бзэр иридджыну. Абы укъипсэлъыкIрэ илъэс мини 4,5-кIэ узэIэбэкIыжмэ, цIыхум псалъэ ми-ни 2 нэхъыбэ Iурымылъауэ къэсхутащ. ГъущIынэтхым сы-щеджэкIэ къыхощ ар. Бзэ Iурылъыр къриIуэтэну тхыбзэ хуримыкъуауэ е нэхъыбэ Iурымылъауэ аращ. ЦIыхур бгы гъуанэм къикIыу къалэ иухуэн щыщIидзаращ цивилизацэм и пэщIэдзэу къалъытэр. Ар къапщтэмэ, хьэтхэм нэхърэ нэхъыжь лъэпкъ, цивилизацэ щыIакъым. Япэу къалэ зухуари, гъущIхэкIхэм ирилэжьэн щIэзыдзари, Iэмэпсымэхэмрэ цIыхур зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ къэзыгупсысари, Бабылейр зыухуари хьэтхэрщ. СызэригугъэмкIэ, а лъэпкъырщ дунейм зытриубгъуэу мыдрей лъэпкъ псори къызытехъукIыжар, бзэ псори къызытепщIыкIыжар. Лъэпкъыу дунейм тетым зы IуэрыIуатэщ я лъабжьэр, я бзэми зэщхьу псалъэ гуп хэтщ. А псалъэ гупыр цIыхухэм зы бзэ яIурылъу щыщыта лъэхъэнэм къыщежьахэрщ. Щыхьэт нэхъыби ухуейкъым. ЗэхэIэпхъукIа нэужь, зэрызэлъэмыIэсым къыхэкIыу, я бзэри зэхуэмыдэ хъуауэ аращ.
НобэкIэ дунейм тетщ бзэ мини 7 зезыхьэ цIыху меларди 7,6-рэ.
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс мини 2 - 4 къэс бзэм зехъуэж, «зегъэкъабзэ», ауэ пасэрейхэмрэ нобэрейхэмрэ зэхуэдэу къагурыIуэ гуэрхэри къыхонэ. Рединг университетым бзэм ирилажьэ и щIэныгъэлIхэмрэ биологхэмрэ зэдрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, зимыхъуэжу бзэм къыхонэ цIэпапщIэр, бжыгъэцIэр, наречиер. Апхуэдэу, илъэс мин бжыгъэ ипэкIэ пасэрей евроазиат бзэхэм зэхуэдэу къахэнат нобэми къэса «сэ», «дэ», «уэ», «лIы», «анэ», «хьэ» «хьэуэ», «мор», «къэхь», «хэт», «мобы», «сыт», «фэ», «жьы», «Iэ», «еIэ», «къарэ», «ежэх», «банэ» (хьэр мэбанэ), «яжьэ», жыхуиIэхэр. Мы псалъэхэм илъэс мин 12 - 15 я ныбжьщ! Ахэр хэтщ нобэрей адыгэбзэм, тыркубзэм, узбекыбзэм, куржыбзэм, финыбзэм, венгрыбзэм, нэгъуэщIхэми.
Фырэ Анфисэ.