ЛЪАБЖЬЭХЭМРЭ КЪУЭПСХЭМРЭ

Бзэм и тхыдэр джын зэрыщIадзэ лъандэрэ щIэныгъэлIхэм гулъытэшхуэ къыхуащI кавказыбзэхэм. Абы и щхьэусыгъуэр, нэмыцэ щIэныгъэлI Адольф Дирр зэрыжиIащи, къызыхэкIыр бзэ бын абрагъуэхэу индоевропей, семит-хамит, угро-финн жыхуаIэхэм я кум зэрыхуэзэр аращ.

А бзэ бынищми я тхыдэр нэсу джа хъунукъым, абыхэм кавказыбзэхэм пыщIэныгъэ къыхуаIахэр мыубзыхуауэ. Компаративистикэм и ублакIуэ нэмыцэ щIэныгъэлI Ф. Бопп ар и гъуазэу зыкъыхуигъэзат грузин бзэ быным, икIи а зэманым къилъытат ар индоевропей бзэхэм я благъэу, нэхъ иужькIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къыщIагъэщащ щIэныгъэлI цIэрыIуэр зэрыщыуар, ауэ абы къигъэмэщIакъым кавказыбзэхэм къыхуащI гулъытэр.

ЩIэныгъэлIхэм зыхащIэрт пасэ лъэхъэнэм кавказыбзэхэр бынышхуэу зэрыщытар, абы и хуэмэбжьымэ гъунэгъу бзэхэм зэращIихуар, езыхэми адрей бзэхэм я нэщэнэ куэд зэрызыхапщар. Ди лIэщIыгъуэм и пэхэм гипотезэ Iэджэ къежьат ПэIущIэ Азием щыпсэуа лъэпкъхэр зэрызэблагъэм теухуауэ. Ауэ, къагъэсэбэп материалхэр зэрымащIэм къыхэкIыу, абыхэм ящыщ зы гипотези теорие хъуакъым.

ЩэщI гъэхэм венгр щIэныгъэлI Ю. Мессарош къыдигъэкIауэ щытащ убыхыбзэмрэ пасэрей хатт (адэкIэ адыгэ термину къэдгъэсэбэпынущ хьэту цIэр) бзэмрэ зэрызэблагъэм теухуа тхылъ. Нэхъ пэжу жыпIэмэ, тхылъыр зытеухуар убыхыбзэр аращ, ауэ абы къыдэкIуэу, Iыхьлыгъэ-пыщIэныгъэхэми я гугъу щищIым, а Iуэхугъуэми тепсэлъыхьауэ щытащ. ЩIэныгъэлIхэм а Iуэху бгъэдыхьэкIэр къызэдащтащ. Ноби а гъуэгум тету Iуэхур йокIуэкI.

ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ зыбжанэм къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкI. Нэхъ лэжьыгъэ нэхъыбэ зэфIигъэкIащ абы теухуауэ Иванов В. Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм ятеухуа лэжьыгъэ мыинхэм нэмыщI, Ивановым итхащ лэжьа хъуар къэзыпщытэж къэхутэныгъэхэр. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ, псалъэм папщIэ, «Об отношении хаттского языка к северозападнокавказским» жыхуиIэр. А Iуэхугъуэхэм ятеухуа адрей лэжьыгъэхэм лъэныкъуэ куэдкIэ йофIэкI мы тхыгъэр. Адрейхэм псалъэ щхьэхуэхэр зэрагъапщэмэ, мыбы грамматикэри фонетикэри щызэгъэпщащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, щIэныгъэр и лъабжьэу тха хъуащ. Арат адрейхэм нэхъ яхуэчэмыр. Псалъэ щхьэхуэхэри зэбгъэпщэну гъэщIэгъуэнщ, мыхьэнэншэуи жыпIэ хъунукъым, ауэ бзитIым я зэблагъагъэр зэраубзыху Iэмал хъуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дызэрыщыгъуазэщи, бзэхэр псалъэхэмкIэ зэпэIэбэ хабзэщ, зэблагъэ-зэмыблагъэм емылъытауэ.

Тхыгъэм и япэ Iыхьэм щызэгъэпщащ зэрагъэлъагъуэ, щхьэ цIэпапщIэхэр. Абыхэм зы хэкIыпIэ зэраIэр нэрылъагъу къищIащ щIэныгъэлIым. Хьэтуубзэми абхъаз-адыгэ бзэхэми щхьэ префиксхэр зэхуэдэу къагъэсэбэп, уеблэмэ зэщхьу субъект-объект зэхущытыкIэхэр а префиксхэмкIэ къагъэлъагъуэ. Ар зэрымыщIэкIэ зэтехуа Iуэхукъым, атIэ зэдай Iэужьу зэрыщытым и нэщэнэщ. АдэкIэ Иванов В. наIуэ къещI нэгъуэщI глагол фащэхэри зэдайуэ зэрыщытыр, апхуэдэщ глагол превербхэри, лэжьыгъэр здэунэтIа лъэныкъуэр, щекIуэкI щIыпIэр къэзыгъэлъагъуэхэр.

Префикс, суффикс зыпыувэ глагол лъабжьэхэри зэдайуэ зэрыщытыр щапхъэхэмкIэ IупщI мэхъу. ЩIэныгъэлIым къыхегъэщхьэхукI грамматическэ класскIэ зэджэ категориер хьэтуубзэм, абы и лъэужьхэр нобэрей адыгэбзэм къыхыбогъэщхьэхукIыф, абхъазыбзэм ехъумэ нобэр къыздэсым. Ар щIэныгъэм дежкIэ, ди бзэм и тхыдэр бубзыхунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. НэгъуэщI грамматическэ формант куэд зи гугъу ищI бзэхэм зэрызэдайр къыщIигъэщащ еджагъэшхуэм. Ахэр поувэ щыIэцIэхэм, нэгъуэщI цIэ лIэужьыгъуэхэм, глаголхэм. Абыхэм я хэкIыпIэр щиубзыхукIэ, щIэныгъэлIым къегъэсэбэп хуррит, урарту, шэшэн-дагъыстэн бзэхэр. Ар захуэщ.

А бзэ псоми зы хэкIыпIэ яIэщ, зэхэкIа нэужь, къызыхэкIа бзэм и щIэину къахуэнауэ зэдай куэд я бзэхэм хэтщ. Псалъэ 84-м я этимологиер еубзыху Ивановым хьэтуубзэмрэ абхъазадыгэбзэхэмрэ зэдайуэ. Абы и ужькIэ хабзэ пыухыкIам тету абыхэм я макъхэм зэрызахъуэжар къегъэлъагъуэри, нобэ а бзэхэм щызэпэув макъхэм я хэкIыпIэр къехутэ. ГъэщIэгъуэн куэд къыщыжыIащ «Гу зылъытапхъэ» Iыхьэм. НэгъуэщI тхыгъэ куэди иIэщ Иванов В. мы Iуэхугъуэм теухуауэ. Зытепсэлъыхь сыт хуэдэ Iуэхугъуэми ар куууэ кIуэцIроплъ, куэд щызэпелъыт, нэгъуэщIым и акъыл зыхуэмыкIуэн куэдым гу лъетэ.

Нэхъ иужь лъэхъэнэхэм ятха лэжьыгъэхэм ящыщу дэркIэ гъэщIэгъуэн зыбжанэм дытепсэлъыхьынщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Николаев С. Л. и лэжьыгъэ «Северокавказские заимствования в хеттском и древнегреческом» жыхуиIэр. Тхыгъэр IыхьитIу гуэшащ. Япэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуащ ищхъэрэ кавказыбзэхэмрэ хеттыбзэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, нэхъ пэжу жыпIэмэ, япэрейхэм ящыщу хеттыбзэм хыхьа псалъэхэр. Ахэр псалъэ 32-рэ мэхъу. Iуэхугъуэ куэд зэпилъытурэ, щIэныгъэлIым наIуэ къещI зытепсэлъыхь псалъэхэр ищхъэрэ кавказыбзэхэм (хьэту, абхъаз-адыгэ, шэшэн-дагъыстэн) хэкIыу хеттыбзэм зэрыхыхьар. (Хетт псалъэри хатт псалъэри зыщ, зэмыщхьу къыщIагъэсэбэпыр къагъэлъагъуэ мыхьэнэр иризэхагъэкIыу аращ.

Макъзешэхэр къэзымыгъэлъагъуэ семит тхыбзэм псалъэр «хт» жиIэу хэтщ. «Хатт» жиIэу ятхмэ, пасэрей мыиндоевропей бзэр икIи ар зезыхьэ лъэпкъыр кърагъэлъагъуэ. «Хетт» жиIэу ятхмэ, а цIэр зыфIэзыщыжа, ауэ индоевропей бзэхэм ящыщкIэ псалъэ лъэпкъыр кърагъэлъагъуэ. ЛъэпкъитIыр зэхэзэрыхьа нэужь, индоевропейцхэм къащтащ езыхэм я хамэу щыта хьэту цIэр, ауэ езыхэм я бзэр хьэтухэм къащтащ, я бзэм и нэщэнэ Iэджи къащта бзэм иратри). ЕтIуанэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуащ алыджыбзэм хыхьа псалъэ 43-рэ. Ахэр ищхъэрэ кавказыбзэхэм хэкIыу алыджыбзэм зэрыхыхьар къегъэлъагъуэ Iуэхугъуэ куэд тегъэщIапIэ ищIурэ, псом хуэмыдэу, а псалъэхэм индоевропей этимологие зэрамыIэр. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм гулъытэ хэха хуэзыщI Старостиным лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ къытридзащ. Абыхэм ящыщу икъукIэ гъэщIэгъуэнщ «Индоевропейско-северокавказские изоглоссы» зыфIищар. Мыбдеж зи гугъу ищIыр бзэхэм зэIэпаха псалъэхэрщ. Ахэр икъукIэ куэд мэхъу. Я мыхьэнэ теухуауэ псалъэхэр гуп-гупу гуэшащ. Псори зэхэту псалъэхэр 80-м щIегъу. Ахэр я мыхьэнэ елъытауэ гуп-гупу зэрыпхуэгуэшыр Iуэхум къыхэплъытэжмэ, а къомыр благъагъэм и нэщэнэу къыпщыхъункIэ мэхъу. Ауэ Iуэхур абы теткъым. Мы бзэ бынитIым зэдай псалъэхэр «культурнэ терминологие» жыхуаIэм хохьэ, бзэхэм зэIэпах хабзэщ, икIи благъагъэм и щыхьэт пщIы хъунукъым. Жылэгъуалэм и культурэм емылъытауэ, бзэ псоми зэдыхэт хабзэ псалъэхэрщ благъагъэм и нэщэнэ хъур. С. А. Старостиным къызэрилъытэмкIэ, мы бзэ бынитIым зэдыхэт псалъэхэм хэкIыпIэ нэхъ яхуэхъуар кавказыбзэхэр аращ. Ари аргумент зыбжанэкIэ къегъэлъагъуэ. Япэрауэ, а псалъэхэм индоевропей этимологие зэрамыIэр; етIуанэрауэ, кавказыбзэ макъ зыбжанэм индоевропейхэм макъ закъуэ къызэрыпадзыр (къахуэмыпсэлъ кавказ макъ гугъухэр тынш зэращIыр), н. къ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа тхыгъэм зыкъомкIэ бгъэдохьэ а щIэныгъэлIым и адрей «Культурная лексика в общесеверокавказском словарном фонде» зыфIищар. Мыбдежым, япэм ещхьу, псалъэхэр гуп-гупу гуэшащ, я мыхьэнэ тещIыхьауэ. Iэщ гъэхъуным епхауэ псалъэ 27, мэкъумэшым – 16, металлургием – 6, Iэмэпсымэ, абыкIэ зэрылажьэм зэреджэ - 12, псэуалъэцIэу - 9 (псори зэхэту 72 мэхъу). Мы лэжьыгъэр икъукIэ сэбэпышхуэ хъунущ пасэрей кавказ лъэпкъхэм я культурэр джынымкIэ.

С. А. Старостиным къызэрилъытэмкIэ, дунейпсо культурэм зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIа гъущIым и цIэр хьэту-кавказ бзэхэм къыхэкIауэ ебж. А хьэту-кавказ терминыр хыхьащ индоевропей, семит-хамит, н. къ. бзэ куэдым. Ар и щыхьэтщ дунейпсо культурэм и зыужьыныгъэм хьэту-кавказ лъэпкъхэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIам. Металлыр япэ дыдэ къэзыхутэу ар гуащIэдэкI культурэм хэзыша лъэпкъыр аращ абы цIэ фIэзыщари. Мы щIэныгъэлIым и къэхутэныгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, кавказ бзэ быныр IыхьлыгъэкIэ епхащ сино-тибет (китай-тибет) бзэ быным, абыхэм къепхащ Сыбырым щыпсэу кетхэм я бзэри. ЗэкIэ ар фIэщщIыгъуейщ, ауэ бзэхэм я тхыдэм узыпэмыплъэхха Iэджэ къыщыхъуауэ къахутэ. Хэт игу къэкIынт Европэм и адрей гъунэм щыпсэу ирландцхэмрэ Индием ис лъэпкъхэмрэ я бзэхэр зэблагъэу, ахэр яджу зы лъабжьэ зэраIэр щIэныгъэлIхэм къамыхутамэ.

Зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.