БГЫМ УЗЭРЫДЭКIЫМ ХУЭДЭЩ

Фэилъхьэгъуэхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэупщIэшхуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. А псоми я лэжьыгъэр къызэщIэзубыдэ дизайнер IэщIагъэрщ Хъуран Лиани илъэси 10-м нэблэгъауэ зыхэтыр. 

Абы и IэщIагъэм къежьапIэ хуэхъуар сабийуэ вакъэхэр зэрагъэцIу крем къищтэу унэм и кIэлындор блыныр фIыцIэу къыщрилэкIарщ. Зы сурэт телъыджэ ищIам хуэдэу, хъыджэбз цIыкIум и анэшхуэр абы еплъауэ щытащ, икIи ехъурджэуатэкъым. А зэманым щегъэжьауэ Лианэ сурэтхэр ищIу, хьэпIацIэщыгъэкIэ зыгуэрхэр иблэу, уеблэмэ языныкъуэхэри ищэну хузэфIэкIыу къэгъуэгурыкIуащ. ГурыIуэгъуэт и къэкIуэнур гъуазджэм епхауэ зэрыщытынур. 
КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжыр къиуха нэужь, студием щылэжьэну е нэхъ мыхъуми дизайнерым и дэIэпыкъуэгъуу IэнатIэ гуэр къилъыхъуэну ар хэтащ. АрщхьэкIэ лэжьыгъэм и нэр къызэрыхуикIымрэ зэчий бгъэдэлъымрэ мащIэу къыщIэкIащ. ЩIэупщIэ ди зэманым зиIэр Iуэхум хуэIэижь хъуа лэжьакIуэхэрщ, щIэзыдзэ къудейм дежкIэ ар гугъусыгъущ. Апхуэдэу щыхъуми, ар дзыхакъым. ЕджэхукIи Хъураныр Iуэхуншэу щысатэкъым: и цIыхугъэхэм, и ныбжьэгъухэм проект нэхъ тынш цIыкIухэр яхуищIырт. 
- ХъыбарегъащIэхэр зратхэ Интернет напэкIуэцIхэм я зым и фIыгъэкIэ зыкъысхуагъазэри, япэ лэжьыгъэр къысIэрыхьауэ щытащ. СхузэфIэкIыну? Зыкъысхуэзыгъэзахэр арэзы схуэщIыну пIэрэ? ЕджапIэм къыщIэсха щIэныгъэр схурикъуну? УпщIэ куэд си щхьэм щыкIэрахъуэрт, - жеIэ Лианэ. - Бгым удэкIын щыщIэбдзэм къызэрыптехьэлъэм хуэдэщ лэжьыгъэм зыщеппщыт къудейр… тыншкъым, уогужьей. Ауэ абы уи къару нэхъыбэ епхьэлIэху, уи зэфIэкIым хохъуэ. Абы къыхэкIыу щIэдзапIэм куэд елъытауэ къызолъытэ. 
Ахъшэ къыпэкIуэу ар япэ дыдэу зэлэжьар шхапIэм и дизайныр ищIынрат. IуэхущIапIэр зейм занщIэу жриIащ зигъасэ къудейуэ зэрыарар, абы къыхэкIыу пщIэншэу макетыр хуищIыну зэрыхьэзырыр. Апхуэдэу зэгурыIуауэ, Лианэ ищIа лэжьыгъэр бысымым игу щыдыхьэм, и уасэри къритыжащ. Иужьым нэхъ куууэ дизайн IэщIагъэр зэрызэтепщIыкIыж лIэужьыгъуэ псоми абы зыхигъэгъуэзэн щIидзащ, абыхэм ятеухуа курс куэди къиухыжащ. 
Хъураным гъэлъэгъуэныгъэхэм щIэх-щIэхыурэ зыщеплъыхь, Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм хэтщ. КIуэ пэтми, Iуэхум зэрызыIэпишам абы гу лъитэжащ, иджы ар и гъащIэ Iыхьэ хъуауэ къелъытэ. Лианэ езым и IуэхущIапIэ къызэригъэпэщыжауэ иджыпсту цIыхухэм ядолажьэ, IэщIагъэлIхэри иIэщ. 
Ди республикэм къищынэмыщIа, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэми ар щолажьэ. «Илъэс зытIущ и пэ къапщтэмэ, пэш, унэ теплъэхэр гъэдэхэным ехьэлIауэ дизайнерхэр ди мащIат, апхуэдэхэм я лэжьыгъэми щIэупщIэшхуэ яIэтэкъым. ЦIыхухэм нэсу къагурыIуэртэкъым дизайнерым ищIэм и мыхьэнэр. Нобэ ди IэщIагъэм ирилажьэхэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ, цIыхухэми нэхъ яфIэкъабылу ди Iуэхутхьэбзэхэр къагъэсэбэп. Дизайн лэжьыгъэхэр щызгъэзэщIащ Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн республикэхэм, - дыщегъэгъуазэ хъыджэбзым. - Лэжьэн щыщIэздза япэ илъэсхэм цIыхухэр нэхъыбэу зыдихьэхыу щытар бароккэрщ- егъэлея цIыугъэнэхэмкIэ, лъапIафэ унэм къытезыгъауэ пкъыгъуэхэмкIэ я унэхэр ягъэдэхэну яфIэфIт. Куэд щIакъым, иужьрей илъэс зытIущырщ, абы къытекIыу классикэм нэхъ зыщыхуагъэзэжар. Иджы нэхъ къащтэ пэшыр лей щIэмыту нэхуу, хуиту щытмэ. 
Дизайн Iуэхум зэрыхэт илъэс бжыгъэм Лианэ и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къилъытэр ахъшэу къилэжьаракъым, атIэ гъуазджэм епха IэщIагъэ зэригъуэтарщ. Къыхэгъэщыпхъэщ дизайнерым и лэжьыгъэм иIэ щIэупщIэм илъэс къэс зэрыхэхъуэр. ЦIыхум ядэлэжьэнырщ абы и дежкIэ мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэр. КъищынэмыщIауэ, ар хущIокъу дэтхэнэ лэжьыгъэри ипэ итам къызэрыщхьэщыкI, нэхъ удэзыхьэх гуэр хилъхьэну. Иужьрей зэманым ар и ужь ихьащ унэхэм къедзылIа щIыпIэхэр, пщIантIэхэр гъэщIэрэщIэнми. 
- Урысейм и дизайнер цIэрыIуэ куэдым я лэжьыгъэхэм сигу ирихьу зыхызогъэгъуазэ. Ауэ нэхъыбэу тегъэщIапIэ сщIыр архитектор цIэрыIуэ, хьэрып дизайнер Хадид Захэ и творчествэрщ. ИкъукIэ цIыхубз телъыджэт, абы и лэжьыгъэхэр си дежкIэ узылъэмыIэс фIыгъуэхэм ящыщщ. Мы зэманым КъБР-м и Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм сыхэтщи, дэтхэнэми зым адрейм и деж щIэ гуэр къыщещIэф, дызэдоIэпыкъу. Абыи мыхьэнэшхуэ иIэщ, - дыщIегъу пщащэм. 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)