ГЪУАЗЭМ И ЗЭФIЭКIЫР

«Нэхъапэм, Псыжьрэ Тэнрэ я зэхуаку дэлъ щIым и нэхъыбэм зыри щытемысам, шууей хахуэм Тэн и Iуфэ къэтIыс нэгъуейхэм, нэгъуэщI лъэпкъ Iэпхъуэшапхъуэхэм я шы гуартэхэр къахурт, – етх Хъан-Джэрий. – ЩIыпIэ хамэхэр фIыуэ зэрацIыхум, абыхэм тыншу зэрихьэ-къызэрикIыжыфым щхьэкIэ якIэрымылъ кIэралъхьэу, гъуазэхэр жинхэм япыщIауэ къыщалъытэ щыIэт. Ауэ щыхъукIэ, гъуазэхэм щIыпIэгъэлъагъуэу къагъэсэбэпыр дыгъэр, мазэр, вагъуэхэрат. Гупым здаунэтIын хуей лъэныкъуэр шу пашэм кърищIэрт жьыр нэхъыбэрэ къыздепщэмкIэ, нэгъуэщI нэщэнэхэмкIэ».
 Мазэгъуэ жэщхэм уафэм кърипхъа вагъуэхэм къыхалъагъукIырт Шыхулъагъуэ, Вагъуэзэшибл вагъуэбэхэр, Нэхущвагъуэр – гъуэгур ахэмкIэ къагъуэтыжырт, Дейжыг вагъуэмкIэ (созвездие Лиры) сыхьэт бжыгъэр къращIэрт. Кавказым илъэс зыбжанэкIэ къулыкъу щызыщIа декабрист Якубовичым зэритхыжамкIэ, «гъуазэм и зэфIэкIымрэ жанагъымрэ пхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Жэщым я нэхъ кIыфIу уафэм пшэ щытелъми, абы и шу гупыр щыгъуащэр зэзэмызэххэщ. ХъумпIэцIэдж Iуащхьэхэри, жыгхэри, жьыри гъуэгугъэлъагъуэу къегъэсэбэп абы. Iуащхьэ цIыкIу гуэр деж къыщоувыIэ, и гуфIакIэм дилъхьэурэ игъэхуэба и Iэр абы и лъэныкъуиплIым кIэрилъхьэурэ, ищхъэрэ лъэныкъуэр дэнэкIэми щыуагъэншэу къыхуощIэ». 
Апхуэдэ гъуазэ Iэзэу щытащ адыгэ уэрэдыжь зыбжанэ зыхуауса Ажджэрий Кушыкупщыр, тхыдэм лIыхъужьу къыхэнар, Урыс-Кавказ зауэм и зэманым ехьэлIауэ щыIэ урыс тхыгъэхэм зи цIэ мызэ-мытIэу къыхэщыр. Адыгэ уэрэдыжьхэм фIыуэ хэзыщIыкI КъардэнгъущI Зырамыку а лIыхъужьым теухуауэ мыпхуэдэу етх: «Нэхъыжьхэм зэрыжаIамкIэ, Ажджэрий и къуэ Кушыку зекIуэ ежьэрей шууей цIэрыIуэу щытащ. Абы нэхъ Iэзэу вагъуэхэр, нэгъуэщI нэщэнэхэр къигъэсэбэпкIэрэ, щIыпIэ мыцIыхухэм кIуэуэ къэкIуэжыф, гъуэгур тыншу къэзыгъуэтыф щыIакъым. 
ЗекIуэ ежьауэ жэщым губгъуэм здитым ар къэувыIэрт, дыд къызыкъуихти, и гъусэхэм ар яригъэлъагъуурэ, «дыкъыщыкIуэжкIэ мыр къэтщтэжынщ», – жиIэрти, шым къемыпсыхыу ар щIым хитIэрт. КъыщагъэзэжкIи а щIыпIэ дыдэр щыуагъэншэу къигъуэтыжырти, «мис мыпхуэдэу къыфхуэгъуэтыжын хуейщ гъуэгур», – жиIэурэ, дыдыр щIым къыхичыжт. 
Мис апхуэдэу лIы губзыгъэ, шууей Iэзэ, щIыпIэр фIыуэ зыцIыхут шу пашэ, дзэпщ ящIыр. ЗекIуэ ежьэнумэ, абы шу джакIуэхэр зэбгригъэкIырт, гъуэгу къыдытеувэну хуейхэм щызэхуэсыну зэманымрэ щIыпIэмкIэ хъыбар яригъащIэу. Ауэ псори зэхуэсу зрачыным нэсыху щIежьэм и щхьэусыгъуэр пыухыкIауэ, шу пашэм къыщынэмыщIа, зыми ищIэртэкъыми аращ. 
«Шу джакIуэ зыкIэлъагъакIуэ» жыхуиIэ псэлъафэр аращ адыгэ IуэрыIуатэм къыщIыхихари. ЗауэлI хахуэу, шууей Iэзэу ятеIуарт шу джакIуэ зыхуагъэкIуэнур. Хъан-Джэрий зэритхыжамкIэ, зи лIыгъэкIэ, хахуагъэкIэ яцIыхум дежкIэ зекIуэ къыдежьэн гуп зэхуэпшэсыным гугъуехь лъэпкъ пыщIатэкъым. Сыту жыпIэмэ, апхуэдэлIым джакIуэ зэбгригъэкIамэ, жылэм зауэлI нэсу дэсыр къызэхуэсынут. Хъан-Джэрий етх мыпхуэдэу: «ЗекIуэ псалъэр зэхебгъэхамэ, нэхъыбэ яжепIэну хуейкъым, здэкIуэнуми, щIэкIуэнуми щIэупщIэркъым, асыхьэту зрачын хьэзырщ. Мыбдежым IуэхугъуитIщ мыхьэнэр зэлъытар: уэркъхэм, лIакъуэлIэшхэм цIэрэ щхьэрэ яIэу загъэIуну зэрыхуеймрэ, зекIуэм хъер, мылъку къыхэзыхыну щыгугъхэри куэду зэрыщыIэмрэщ».
 Урысыдзэм и офицеру Кавказым къулыкъу щызыщIа Бларамберг И. щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «мэкъумэшыщIэхэм ящыщ зекIуэ къыщыздащтэ куэдрэ къэхъуртэкъым. Къыздащтэми, щIыздрашажьэр зауэлIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ящIын щхьэкIэщ. ИкIи уэркъ-лIакъуэлIэшхэм хуэдэу мэкъумэшыщIэм зауэлI нэс къыхэкIыркъым, абы IэщэфIи иIэкъым». ЗекIуэм хэтынухэм я бжыгъэр цIыху минищым щынэси щыIэт, ауэ нэхъыфIыр гуп мыин дыдэ зэхуэпшэсмэти, цIыхуипщIым щегъэжьауэ щэм нэс щызэгухьэр нэхъыбэт. Уэркъым езым и зауэлI гуп къыхишэрт Iуэхум. ИкIи абы и лъэпкъ дамыгъэр (сэнджакъ) тету нып зэрихьэрт, жыжьэу укъаплъэмэ, зауэм хэтыр кърипщIэу. 
Ехъутэныдж Хьэсэн зэритхымкIэ, апхуэдэ ныпыр зыIыгъыну зи къалэным сэнджакъ щIэтт зэреджэр. Абы нэмыщIкIэ, адыгэхэм зэрахьэрт зауэлI гупыр зыщыщ лIакъуэр зыгъэнаIуэ бэракъхэри. Уэркъхэм я бэракъзехьэр езыхэм ящыщт. ИкIи абы и къалэныр и щIэблэм къыхуэнэрт. 
Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм бжьэдыгъухэм яIа бэракъзехьэхэм я унэцIэ къыщыхьащ. Бжьэдыгъухэр къуэпситI хъурт: чэрчэнейрэ хьэмыщейрэ, япэрейхэм я бэракъзехьэр хьэкъуий уэркъхэм ящыщт, адрейхэм ейр лъэпцIэрыщэ уэркъ лъэпкъхэм. 
ЗекIуэ ежьахэм джэгуакIуэ къыщыздащтэ куэдрэ къэхъурт. Нэгумэ Шорэ зэритхыжымкIэ, зауэм и пэ къихуэу джэгуакIуэм псалъэ иратырт, зауэлIхэр нэхъ игъэгушхуэн папщIэ. Дзэм и пащхьэ къиувэрти, езым иуса уэрэдкIэ е усэкIэ тепсэлъыхьырт нэхъыжьхэм яхэлъа хахуагъэм, зауэлIхэм ар щапхъэу къахуигъэлъагъуэу. Цеищхъуэт джэгуакIуэм зэрихьэр, зэреджэри цеищхъуэшут. Къамэ къищынэмыщIа, Iэщэ бгъэдэлътэкъым, сыту жыпIэмэ, абы пщIэшхуэ къыхуащIырти, зыри къеIусэну хуиттэкъым. ДжэгуакIуэм уи Iэ къыхуэпIэтыныр емыкIушхуэу къалъытэрт. Урыс-Кавказ зауэм и зэманым, муслъымэн диным адыгэхэм я деж нэхъри зыщиубгъуа нэужь, молэхэр зекIуэм, зауэм хыхьэ хъуащ. Уэркъым, лIакъуэлIэшым къахэкIар зауэ хуэIухуэщIэ къищынэмыщIа, диным хуэлэжьэну кърагъэзэгъыртэкъыми, абыхэм молэ хъун къахэкIыртэкъым. ЗэуапIэм IуткIэрэ, диным и лэжьакIуэм лъэпкъым и пщIэ къилэжьырт икIи къызыхэкIамкIэ зэрымыцIэрыIуэр абыкIэ игъэзэкIуэж хуэдэу хъурт. 
Хы ФIыцIэм и Iуфэ щыпсэуа адыгэхэм илъэсищкIэ яхэса англичанин Белл Джеймс диным и лэжьакIуэхэм ятеухуауэ зыгуэрхэр итхыжыгъащ. Молэ гуэр кърагъэцIыхуат абы, псоми зэрыжаIэмкIэ, зы зауи блимыгъэкIыу хэт гуэрт. «Гугъу зевгъэхьи иужькIэ фытыншыжынщ жызыIэу зи щхьэр а гугъуехьым хэзых тырку молэхэм хуэдэтэкъым мыр. Адыгэ молэхэм, – етх адэкIэ Белл, – Iэщэ къащтэну адрейхэр къыхураджэу тIысыжкъым, атIэ езыхэм абыкIэ щапхъэ ягъэлъагъуэ». 
 

 

Зыгъэхьэзырар Къэбарт Мирэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.