И ЧЭЗУМ УМЫПШЫНМЭ, ТЕЗЫР КЪЫППОПЛЪЭ

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ 2022 гъэм гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр уэим зыщIхэм тралъхьэ административнэ къуэдыр зэрапшыным кърикIуахэм. Ар ирагъэкIуэкIащ КъБР-м и суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэтрэ КъБР-м щыIэ УФССП-м и къудамэм и унафэщI Тэнащ Хъусенрэ.

2022 гъэм Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым шыIэм зэлэжьыпхъэу щIэлъ Iуэхур мин 945-м щIегъу. Бауаев Ахъмэт къызэрыхигъэщащи, я пащхьэ илъ дэфтэрхэм я нэхъыбэр гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэм ебэкъуахэм тралъхьа административнэ къуэдыр егъэпшыныным ехьэлIащ икIи сом мелуан 355-рэ мэхъу. Мазэ къэс ику иту зэлэжьын хуейуэ къаIэрохьэ 28902-рэ.

- Управленэр яужь итщ административнэ къуэдыхэр егъэпшыныныр егъэфIэкIуэным. Къапщтэмэ, КъБР-м щыIэ МВД-м дэщIыгъуу дгъэбелджыла унафэм ипкъ иткIэ къызэдгъэпэща гуп йолэжь къуэды зытелъхэм егъэпшына зэрыхъунум. Рейдхэр тхьэмахуэм щэ идогъэкIуэкI, «Паутина» программэщIэм дызэрыхуэкIуам Iуэхур къытщигъэпсынщIэу, - жиIащ Бауаев А.

Къызэрыхигъэщащи, КъБР-м щыIэ МВД-мрэ УФССП-мрэ зэгъусэу йолэжь транспортхэр къэлыхъуэным, сом мини 10-м щIигъу къуэды зытелъхэм я унэм макIуэ. Къапщтэмэ, транспорт нэхъыбэ щызекIуэ Налшык къалэм и плъырыпIэхэм зэрыщызэдэлажьэм и фIыгъэщ зэман кIэщIым машинэ 22-рэ къызэрытрахар къуэды зытелъхэм, 8 машинэ гъэувыпIэм зэрахуар.

 ГИБДД-м и унафэхэм япкъ итIэ ирагъэпшынащ икIи къэрал бюджетым кIуащ сом мелуани 134-м щIигъу, илъэс кIуам и апхуэдэ пIалъэм еплъытмэ, ар мелуан 17-м щIигъукIэ нэхъыбэщ.

Хабзэм къигъэувыр тракъузэу ирагъэгъэзэщIынымкIэ Iэмалхэр къагъэсэбэп. Банкхэм щаIыгъ ахъшэм хэкIыу япшыныным ехьэлIа унафэ 254966-рэ, транспортхэр ирагъэтхыныр хуит ямыщIу I4284I-рэ, улахуэмрэ пенсэмрэ хагъэкIынымкIэ зэрызыхуагъэзэу 41646-рэ къащтащ.

 Хабзэм куэдрэ зэребэкъуам щхьэкIэ къуэдыуэ 100 е нэхъыбэ зытелъхэм шофёр тхылъхэр къыIах, къэралым ирагъэкIыркъым. Мыпхуэдэ бжыгъхэхэри щыIэщ: щIыхуэ куэд зэтрезыгъэхьа 67-м ящыщу 24-р къэралым ирагъэкIкъым, 27-м шофёр тхылъыр къагъэсэбэпыныр къызэтрагъэувыIащ.

- ИтIанэми, гугъуехьхэр щымыIэу къанэркъым. Щыхуэ зытелъхэм ящыщ куэдыр щатха щIыпIэм щыпсэукъым, здэщыIэри зэхэгъэкIыгъуейщ, абыхэм ятетха транспортхэращи, куэд щIащ зэращэрэ. Абы къыхэкIыу къэтлъыхъуэн хуей хъуащ щIыхуэм зэпыIузыдзхэу 33-рэ автомашинэ 210-рэ. Мазэ къэс МВД-м Iэрыдогъэхьэ къалъыхъуэ транспортыр зыхуэдэр щыгъэбелджыла тхыгъэ. Мы гъэм и шыщхьэуIум къахутащ транспорти 2-р здэщыIэр икIи къытрахащ, - жиIащ Бауаев Ахъмэт.

Управленэм и лэжьэкIэм къагуригъэIуащ къуэдыр пшынын зэрыхуейр, абы зэрызыщумыгъэпщкIуфынур. Къапщтэмэ, УГИБДД-м къызэритымкIэ, езыр-езыру штрафхэр зытхэр процент 92,4-м нэсащ, нэгъабэ и мази 8-м къуэдыуэ 2150-рэ япшынамэ, 2022 гъэм и апхуэдэ пIалъэм ар мин 413-м щIигъуащ.

 - ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ цIыхухэм я деж нэтхьэсыну дыхуейт и чэзум къуэдыр имытауэ, абы теухуа Iуэхур къызэраIэтрэ махуи 5 дэкIамэ, щIыхуэм сом 1 мин мынэхъ мащIэ тохьэ адэкIэ къыкIэлъыкIуэну дэтхэнэ зы махуэми хуэзэу. ИджыкIэ апхуэдэ унафэу мин 60-м щIигъу къащтащ, - къыхигъэщащ управленэм и унафэщIым.

Суд приставхэм я управленэм цIыхухэм, IуэхущIапIэхэм чэнджэщ ярет Урысей ФССП-м и суперсервисхэр къагъэсэбэпыну. Япэрауэ, къуэды зытын хуейхэм теухуа хъыбар Управленэм и официальнэ сайтым ирелъхьэри, дэтхэнэми зыщигъэгъуэзэфынущ.

Iэмал куэд къует Къэрал Iуэхутхьэбзэхэм я порталми. ЩIыхуэ зытелъхэмрэ езыгъэпшынхэмрэ я хъыбар онлайн щытыкIэм тету къаIэрохьэ. ЦIыхухэр зыщIэупщIэхэм я процент 75-р секунди 3 нэхъ темыкIуадэу зэфIах.

Бауаев Ахъмэтрэ Тэнащ Хъусенрэ жэуап иратащ зэIущIэм кърихьэлIа журналистхэм я упщIэхэм.

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.