ЗЫРИ ЗАНЩIЭУ ЩИХЪ ХЪУРКЪЫМ

ФэдгъэцIыхуну ди гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту Бахъсэн дэт «Кушмэзыкъуей» мэжджытышхуэм щылажьэ Дэгу (Хьэфиз) Мадинэ. Куэд щIакъым Налшык КъурIэнымрэ фикъхьымкIэ республикэпсо зэпеуэ зэрыщекIуэкIрэ. Мадинэ и гъэсэн Беслъэней Самирэ абы етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.

- Алыхьыр арэзы къахухъу, хъарзынэу ирагъэкIуэкIащ зэпеуэр, - жиIащ Мадинэ зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIар къызэрыщыхъуамкIэ дыщеупщIым. - Гъэ къэси къеджэкIэ къызэрымыкIуэ зиIэ ныбжьыщIэхэр щIэуэ утыку къохьэ. Iуэхур къызэрежьауэ щытам еплъытыжмэ, зэрефIакIуэм шэч хэлъкъым. Зэманым зыщихъуэжкIэ, «ярэби, мы тIэкIур тхухэлъхьэжамэ, нэхъыфIыж хъунут» щIыжыпIи къыпхуохуэ, дауи. Псалъэм папщIэ, нэхъ пасэм зэхаублэу щыта зэхьэзэхуэхэм сабийхэм фикъхьымкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ КъурIэным къызэреджэмрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу къыщапщытэу щытащ. Иджыпсту а тIури зэхагъэхьэжащи, щхьэж бгъэдэлъ зэфIэкIыр нэгъэсауэ наIуэ къэмыхъуу къысщохъу.

Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, еджакIуэхэр унэтIыныгъитIымкIэ щхьэхуэ-щхьэхуэу зэпрагъауэмэ, абы сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр наIуэ нэхъ къищIынущ.

 - Япэм «Фикъхьым хуэIэзэхэр», «КъурIэным хуэIэзэхэр» жаIэурэ ягуэшу щытащ. Ар Iуэхур ефIэкIуэным нэхъ йозэгъ, сэ сызэреплъымкIэ. Зы лъэныкъуэр фIыуэ къыщехъулIэкIэ, сыт ар щхьэхуэу къыхэбгъэщ щIэмыхъунур? Ар зы. ЕтIуанэу, зэхьэзэхуэм хэтхэр ныбжькIэ зэрагуэш щIыкIэми хэплъэжын хуейщ. Илъэси 6-м щегъэжьауэ 13-м нэс зы гупым хохьэ. Илъэс 13-м щегъэжьауэ 25-м нэс - къыкIэлъыкIуэм. Абыхэм я зэхуакур иныIуэщ. Илъэс 12 фIэкIа мыхъу сабийхэр зи ныбжьыр 19, 21-рэ ирикъуахэм япоуэ. Дахащэу къеджахэщ ныбжьыщIэ нэхъыжьхэр, ауэ апхуэдиз илъэс зи зэхуакухэр зэпебгъэуэныр сфIэзахуэкъым.

ЦIыху куэд щыIэщ КъурIэным еджэу зэрагъэсэну ехъуапсэу, ауэ темыгушхуэу. Сыт егъэджакIуэм жиIэфынур а Iуэхум теухуауэ?

- Ди бзэм хэт хьэрфхэр хьэрыпыбзэм ейхэм я нэхъыбэм тохуэ, - жеIэ Мадинэ. - Хьэрф зытхух гугъу дыдехьу къыхэхуэми, ахэри дахэу къыджьэдокI. УкъэзыгъэувыIэн щхьэусыгъуэ щыIэн хуейкъым а лъэныкъуэмкIэ. Дамаск дэт «Джамихьэ Абу Нур» институтращ сэ сыщеджар. Абы лъэпкъ-лъэпкъыу къэрал щэ ныкъуэм къикIахэр дыщызэдеджэрти, адыгэхэм хуэдэу тыншу макъхэр къызыжьэдэкI куэд яхэттэкъым. ПсынщIэу икIи тыншу зедгъэсэфырт, ди бзэр хьэрыпыбзэм зэрыпэгъунэгъум щхьэкIэ. Ди лъэпкъыр КъурIэн къеджэкIэ зэрызедгъэсэным дыхуэщIауэ нэхъ дыщытщ зыкъомкIэ. Хьэрф зытхухым къищынэмыщIа, адрей псори ди макъхэм тохуэ. А темыхуэ зытхухми гугъу дыдехьыркъым.

Ныбжьым и гугъу тщIымэ, зы нанэ сигу къокIыж щIэх-щIэхыу. Налшык, Совет уэрамым тета мэжджытыжьым сыщылажьэрт абы щыгъуэ. Илъэс 80-м фIэкIауэ зы нанэ къысхуэкIуауэ щытащ. «Си фIэщ хъуркъым схузэгъэщIэжыну, - жиIащ. - Сэ си гъащIэр сыкоммунисту, диным сыпэжыжьэу сыкъэгъуэгурыкIуащ. Иджы ныбжь сиIэу къыспкърыхьащ мы Iуэхур. «Ялыхь, сымылIэ щIыкIэ мы КъурIэным къеджэкIэ сыгъащIи, нэгъуэщI мыхъуми, зэ сикIауэ сыгъалIэ», - жызоIэ». Алыхьыр къыдэIэпыкъури, еджэкIэр фIыуэ ищIащ. ИужькIэ сыщIэупщIэжати, а зэрыхуеям хуэдэу КъурIэным икIауэ дунейм ехыжауэ щытащ.

Нэмэзым теувэну ехъуапсэхэми чэнджэщ щхьэпэ яритащ Мадинэ.

- Алыхьталэм дэ фарз къытщищIахэр псори зэхуэдэу нэгъэсауэ тхуэмыгъэзащIэми, языхэзыр зыхуей хуэдгъазэмэ, ар зэрыдмылэжьым щхьэкIэ къыттехуэн хуея гуэныхьыр хэщIа мэхъу. ЦIыхум щIэныгъэ игъуэтыху и мыхъумыщIагъэр хэщIурэ кIуэуэ аращи, и гурыIуэныгъэр здынэсым нэсщ Алыхьталэми къытрилъхьэр. ЯпэщIыкIэ нэмэз ищIын щIидзэнщ. Ауэрэ ехъуэпсэнщи, IэлъэщIи зытрилъхьэнщ, КъурIэн еджэнщ. Апхуэдэурэщ, армыхъумэ, псори ищIэу, сытри зэIубзу къыгурыIуэу щIидзэркъым зыми. Зыри занщIэу щихъ хъуркъым. Муслъымэн къэралыгъуэ дыкъыщыхъуауэ, ди адэ-анэхэм хуиту дин зэрахьэрэ дызэрыцIыкIурэ къытхалъхьауэ щытамэ, абы щыгъуэм нэгъуэщI еплъыкIэт диIэнур. Иджыпсту дызэрыт зэманым цIыхум къытехуэр къыжезыIэн, уеблэмэ муслъымэн диным тет адэ-анэ имыIэнкIи хъунщ. Муслъымэн къэралыгъуи дыкъыщыхъуакъым, хьэрыпыбзэри тщIэркъым. Ахэр псори зэхуэпхьэсыжу щытмэ, фарз къытхуищIахэм языхэзыр, ар нэщI ирехъу, нэмэз, сэджыт, хьэж ирехъу, дгъэзащIэмэ, ар ди гуэныхьым хэщIа мэхъу. «ЦIыхум хузэфIэмыкIын теслъхьакъым», - жеIэ Алыхьталэм. «Псори тынш щысщIащ», - жи.

Мадинэ я акъылэгъукъым дин зепхьэныр гугъуехьу къызыщыхъухэм.

- Диныр цIыхум гугъуу къыщызыгъэхъур бгъэдэлъхьэкIэращ, - жеIэ егъэджакIуэм. - Иджыпсту мы щIалэгъуалэм «дэ фарзым тету зыдохуапэ», «дэ дынэхъыфIщ» жыхуаIэу, нэм зыкъыщIадзэ. Ар хьэдису щыIэщ, щэлатымрэ сэламымрэ зэха Бегъымбар лъапIэм жиIауэ. «Сэ нэхъ ткIийуэ сIыгъщ диныр, сэ нэхъ екIуу сыхуэпащ мобы нэхърэ, сэ сынэхъ щIэхъумащ, сэ жьакIэ стетщ, мобы теткъым», - жыпIамэ, аркъудеймкIэ гуэныхь къэпхьащ, жи. Зыбгъэпэгэныр, адрейхэм захэпIэтыкIыныр къыпхуидэркъым. «Сэ сурэ нэхъыбэ сощIэ», «Сэ нэмэз нэхъыбэ сощI», «Сэ нэхъ пэжу икIи нэхъ дахэу сыкъоджэ КъурIэным», - жыпIэ хъунукъым. Адрей цIыхухэр бгъэпуда мэхъу абыкIэ. Алыхьталэм пщэдей Iуэхур къызэридзэкIыу, а уэ бгъэлъэхъшар уэ нэхърэ нэхъ лъапIэ ищIыным хуитщ. ЩапхъэкIэ, щытыкIэкIэ, хьэл-щэн дахэкIэ къызэрыдэпхьэхыным иужь уитыну аращ. Мыбы зыкъомым зэуэ зыкъахуапэри, я нэмэз блэкIми мэхъу, мыхъумыщIэ къапсэлъми, щытыкIэ дахэ ямыIэми мэхъу. Ауэ IэлъэщI ятелъмэ е жьакIэ ятетмэ, абыкIэ зэфIокI.

Ислъам диныр къапщтэмэ, зэрыщыту дахагъэрэ, къабзагъэрэ, тыншрэщ. ТкIиягъ хэткъым ислъамым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щIалэгъуалэм ар къагурыIуэркъым. ЦIыхум ягу зыщагъэкI, диным Iуагъэщт я ткIиягъымкIэ. «Фи гум илъымкIэ нэгъунэ жэуапым фрашэлIэнущ», - жызыIэ Iэятыр къеха иужь, щэхьабэхэр шынэм зэщIищтат. Куэд дэмыкIыу, абы «Амэнэ рэсулу»-м хэт псалъэхэр къыкIэлъыкIуащ. «Ялыхь, дыщыуамэ, зыгуэр тщыгъупщамэ, къытхуэгъэгъу» жыхуиIэр. Щыуэни къытхэкIынущ имыщIэныгъэкIэ, гъуэщэни къытхэкIынущ. Ауэ делъэIумэ, къызэрытхуигъэгъунур а Iэятым къегъэлъагъуэ. Аращи, цIыхур зыщыбгъащтэ хъунукъым.

ТегъэщIапIэ нэхъыщхьэу сэ къасщтэр «Ла Iикрахьэ фи ддин» - «Диным хэгъэзыхь хэлъкъым» псалъэхэращ. «ФэркIэ гугъуехь хуейкъым Алыхьталэр, тыншыгъуэщ зыхуейр», - жеIэ. «ТIа Хьа» сурэми хэтщ: «Уэ гугъу уригъэхьын щхьэкIэкъым КъурIэныр къыщIригъэхар». ЦIыхур диным езыгъэхъуэпсэн фIэкIа, нэгъуэщI зыри ухуейкъым, хэбгъэзыхьыныр къыпхуидэркъым. Ардыдэращ зытеухуар «Амэнэ рэсулу» IэятитIри. «ЦIыхум хузэфIэмыкIын къытрилъхьэркъым», - щыжиIэм деж, абы къригъэкIыр уи къарум къимыхьын къызэрыппимыубыдырщ Алыхьталэм. Тынш къытщищIыр дэ гугъу зыщытщIыж хъунукъым. ДахагъкIэ, щапхъэкIэ, щытыкIэкIэ ебгъэхъуэпсэн хуейуэ аращ.

Зы хъыбар куэдрэ жызоIэж. ЦIыхубз гуэр къэкIуауэ щытащ си деж, и щхьэгъусэм къишэри. И Iэбжьанэ-лъэбжьанэхэри и Iупэри плъыжьу лат, бостей плъыжьыбзэ щыгът, и лъэгуажьэм нэмысу, туфлъэ плъыжьитIи лъыгът. И щхьэцхэри «прическэт». Сытми, «зыIуегъэх» жызигъэIэу, щIэпхъуэжын и мураду къэкIуауэ арат, иужькIэ зэрыжиIэжамкIэ. «Къеблагъэ» жысIэри, и Iэбжьани, и нэбжьыци, и Iупи сеплъакъым, абы теухуауэ зы псалъи жесIакъым. «Нэмэз щIыкIэ зэзгъэщIэнут», - жиIащ. «УэзгъэщIэнщ. Сыт пщIэхэр?» Нэмэзыбзэр ищIэрт. «КъакIуэ-тIэ, дытеувэнщи тщIынщ», - жызоIэ. Пщэдджыжь нэмэзым щыщIэздзэри, тэджыкIэ, тIысыкIэхэм зедгъэсащ, дыжысIэ хуэдэурэ езгъэлъэгъуащ. Езгъэлъагъурэ пэт, къопсалъэри жеIэ: «Уимыгугъэ сэ мы нэмэзыр сщIы щхьэкIэ, фэ фэщхьу зысхуэпэну!» «Ухуэмеймэ, зумыхуапэ. Нэмэзыр уигу къизылъхьа Алыхьталэм, хуеймэ, IэлъэщIри къыптрилъхьэнщ», - жесIэри щIэзгъэкIыжауэ щытащ. Иджы сыхуэзэху ар сигу къегъэкIыж. «Мыбы зыгуэр къызиудэкIамэ, ар щхьэусыгъуэ сщIынти, сыщIэкIыжынт» жысIэу сыкъэкIуати, Iэмал къызэптакъым», - жи. IэлъэщIи зытрилъхьакIэщ. Аращи, фIым къимышэ Iейм къишэркъым.

Епсэлъар ЧЭРИМ Марианнэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.