УСЭ ЗЫМЫТХА ПУШКИН

Пушкин Сергей - метрологщ, Совет Союзым и япэ атом сыхьэтыр къэзыгупсысахэм я пашэщ, усакIуэшхуэм и лIакъуэм пызыщахэм ящыщщ.

Илъэс 17 щрикъуам 10-нэ классым къыщIэкIри, авиацэ училищэм щIэтIысхьауэ щытащ. Ар къызэриухыу зауэм кIуэри, механик-мотористу щыIащ.

Зауэ нэужьым союзпсо политехникэ институтым электрофизикэмкIэ и къудамэр къиухащ. ИужькIэ, Радиологиемрэ технологиемкIэ Урысей щIэныгъэ центрым (ЦНИИР-м) и лэжьакIуэ хъуащ. 1955 гъэм ЦНИИР-р Физикэ техникэрэ радио техникэрэ къыщапщытэ союзпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым (ВНИИФТРИ) хагъэхьэжауэ щытащ. Ар щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу, зэманыр къэзыпщытэ лабораторэм и унафэщIу, ГСВЧ ГМЦ-м и унафэщIу, ВНИИФТРИ-м и зэманымрэ щIыпIэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэу, ГСВЧ-м и IэщIагъэлI нэхъыщхьэу щытащ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ 150-м щIигъу. Ахэр бзэ куэдкIи зэрадзэкIащ. «Пушкин и сыхьэтыр» къалъытэ зэманыр нэхъ пэж дыдэу къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщу. Сыхьэтыр зэпымыууэ, томыухуэу илъэс 500 000-кIэ бгъэлажьэ хъужыкъуэми, ар къызэрыкIэрыхунур зы медан закъуэщ.

Сергей и тыгъэ лъапIэхэм ящыщщ «ГуащIэдэкIым и Дамыгъэ Плъыжь» орденыр. Ар къыхуагъэфэщауэ щытащ «Цель» зыфIаща метрологие лэжьыгъэм зэрыхэтам папщIэ.

Пушкин Сергей къыхиха IэщIагъэм хуэпэжащ игъащIэкIэ.

2015 гъэм, бадзэуэгъуэм и 9-м дунейм ехыжащ.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.