УБЫХХЭМ Я ЩХЬЭМ КЪРИКIУАР

Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм кIэ щигъуэтар убых щIыналъэрщ - 1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м. Абы иужькIэ убыххэр Тыркум Iэпхъуащ, унагъуэ зыбгъупщI нэхъыбэ къинакъым ахэр игъащIэ лъандэрэ зэрыса я хэкум. Хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс Сочэ, Мзымтэ, Хостэ псыхъуэхэм дэсащ убыххэр - абхъазхэмрэ шапсыгъхэмрэ я зэхуаку. ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкIэ, убыххэр мин 90 хуэдиз хъууэ щытащ - Кавказ зауэм и ужькIэ мин 70 Iэпхъуащ Тыркум, зауэм хэкIуэдам я бжыгъэм и гугъу умыщIми. Тыркум Iэпхъуэри, куэд яхьыжакъым убыххэм: гъунэгъу зыхуэхъуахэм, адыгэхэм яхэшыпсыхьыжащ. Тыркум нобэ ущрохьэлIэ убых зыдэс жылагъуэ цIыкIу зыбжанэ, ауэ абыхэм щыпсэухэм зэрыубыхыр ящIэж фIэкIа, я анэдэлъхубзэкIэ псалъэр мащIэ дыдэщ.
Кавказ зауэм хэджэразэри, я щхьэр халъхьэху, Iэщэр ягъэтIылъакъым убыххэм. Я тхьэмадэхэм зэщIагъэшасэурэ, убыххэм я лъэпкъыр насыпыншагъэм, лъэпкъгъэкIуэдым хуашащ. Шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм Iэщэр ягъэтIылъа нэужьи мафIэм икIэм-икIэжым къыхэкIакъым убыххэр, а мафIэм хисхьэжащ езыхэри …
Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэ, 1864 гъэм и гъатхэм, убыххэр къиувыхьауэ щытащ генерал Гейман зи пашэ дзэм. Абы и хъыбар итхыжащ подполковник Эсадзе Семен («Покорение Западного Кавказа и окончание Кавказской войны». Мейкъуапэ, «Меоты» тхылъ тедзапIэ, 1993): «Гупищ зращIыкIри, хы Iуфэм Iутурэ, дзэр гъатхэпэм и 5-м (1864 гъэм) Лазарев фортым нэсащ. Абдеж щыщIадзэн хуейт убыххэм ебгъэрыкIуэн. Убых тхьэмадэхэм щыщу абы щыгъуэ нэхъ пщIэ зиIар Бэрзэджхэ Дэгумыкъуэ, Джырандыкъуэ, Бабыкъу Алим-Джэрий, Хьэпакъ Елбэз, Дзэпщ Бэрэкъей Исмэхьил сымэт. ЦIыху къулейт ахэр, Бэрэкъейм Тыркум благъэ щикуэдт, убыххэр европей къэралхэм щигъэгугъ зэпытт. Аращ европей хьэгъапхъэхэр убыхыщIым къизышар. Джырандыкъуэ-хьэжыр дзэпщ цIэрыIуэт, абазэхэхэм, убыххэм, шапсыгъхэм я дзэхэм пашэ яхуэхъурейуэ щытат.
А махуэ дыдэм генерал Гейман убыххэм яхуитхащ: «Фэ фIыуэ фощIэ абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ Iэщэр ягъэтIылъауэ Тыркум зэрыIэпхъуэр; ди IэмыщIэ зыкъизылъхьахэм Лабэрэ Псыжь Iуфэрэ щIы щадот. Фи закъуэщ къэнар, убыххэ. Фхудимурадым фыхуеймэ, мыращ фпэдубыдыр: гъэр фщIа урысхэр икIэщIыпIэкIэ къыдэфтыжынщ. Тыркум Iэпхъуэн зи щIасэхэр, пIалъэ къыхэвмыгъэкIыу, бгым фыкъикIынщи, Шахэ, Уэрданэ, Сочэ псыхэр хым щыхэхуэм деж фыщызэхуэсынщ, абдежым тырку кхъухьхэр къекIуэлIэнущи, фи гъуэгур занщIэщ. Ди IэмыщIэ зыкъизылъхьэхэр Псыжь дгъэIэпхъуэнущ. ЦIыху губзыгъэ къызэрыфхэтыр сощIэ, зывмыгъэунэхъуж, абазэхэхэм къащыщIарщ фэри къыфпэплъэр. Фэращ абазэхэхэр, къызэщIэвгъаплъэурэ, зыгъэунэхъуар. ФыкъыдэмыдаIуэмэ, фыкъэдувыхьынурэ, бгым фыкъитхунущ, фи пщылIхэр къыфтетхынурэ, Iузэв тенджызым и Iуфэм фыIудгуэнущ».
Абы игъэшынагъэнущ убыххэр. ЕтIуанэ махуэм убых тхьэмадэхэр къэкIуащ генералым деж, ахэр цIыху пщыкIутI хъурт, Бэрзэдж Елбэз я пашэу; Бабыкъу Хьэжыри ящIыгъут абыхэм. Гейман хъыбар къызэрырагъэщIамкIэ, затын щхьэкIэтэкъым ахэр къыщIежьар, урыс дзэпщым епсэлъэн папщIэт.
- СлIо, убыххэ? - япежьащ Гейман абыхэм. - Щхьэ фыкъэкIуа? Дэнэ щыIэ Iэджэ щIауэ фызыпэплъэ европейхэр? Къыфхуашакъэ топрэ топышэрэ? Фи дзейхэм утыкум фыкърана?
- Ди щхьэм фIэкI, нэгъуэщIым дыщыгугъ зэрымыхъунур ди фIэщ хъуащ, - жаIащ убых тхьэмадэхэм. - Утыкум дыкъранар пэжщ, я щIыб къытхуагъэзэжащ псоми. Ауэ дэ дылъэпкъщ иджыри, ди щхьэ дыхуитщ, дывэпсэлъэн щхьэкIэщ дыкъыщIэкIуар, дызыщIэлъэIур вжетIэнщ.
- Фэра къыдэпсэлъэнур? Убыххэра? Фыкъыдэзауи, дефхужьэж. Фэ фылъэщщ, ар фхузэфIэкIынущ.
- ТхузэфIэкIыжынукъым. Ди щхьэр хэтлъхьэху, дывэзэуэфынущ - абы щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым. Удын фэддзыфынущ, ауэ дэри дыхэкIуэдэнущ. А псом дыхэмытын щхьэкIэ, дызэвгъэпсалъи, дызэгурывгъаIуэ. Мазищ пIалъэщ дызыщIэлъэIур: Тыркум дыIэпхъуэнущ псори. Сымаджэ, уIэгъэ диIэщ, нэхъыбэр бгым исщ, хым пэжыжьэщ. Ди мылъкури икъухьащ. ПIалъэ къыдэфти, апщIондэху ди хэкум фынимыхьэ.
- Шапсыгъхэм къывжаIауэ фощIэ фэ къыфщIэлъыр, - жиIащ генералым. - Гъуэгу фытехьэнумэ, хущIыхьэгъуэ фиIащ. Фэр щхьэкIэ дышынэркъым дэ, къыдэфщIэфыни щыIэжкъым: абэзэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ нэхърэ нэхъ гугъу дывдехьынукъым. ГущIэгъу фхуэтщIынкIэ, дыфщысхьынкIэ фыкъытщымыгугъ… АфIэкIа сывэпсэлъэн мурад сиIэкъым. Фпэзубыдыр ныфхуэстхакIэщ, си псалъэм фемыувалIэмэ, дзэр несшэжьэнурэ фи хэкум сынихьэнущ.
- Ар къыдгуроIуэ дэ. Абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ текIуам дызэрыпэмылъэщынур дощIэ, итIани, гущIэгъу къытхуэфщIынкIэ дыфщогугъ, - жиIащ Елбэз.
- Фи щхьэр къэвмыгъэпцIэж абыкIэ! - яхуэгубжьащ генералыр убых тхьэмадэхэм. - Сэ фызоцIыху фэ, фызэщэри сощIэ. Хы Iуфэм фыщызэхуэсынумэ, гъуэгур фоцIыху. ЗымыцIыху къыфхэтмэ, шапсыгъхэмрэ абазэхэхэмрэ иреупщI. АфIэкIа фхудэсчыхынукъым.
Ар жери, генералым лъэныкъуэ зригъэзыжащ. Убых тхьэмадэхэм къагурыIуащ я лъэпкъым и унафэм кIэ зэригъуэтар».
Убыххэм я щхьэм кърикIуа мыгъуагъэм теухуащ абхъаз тхакIуэ цIэрыIуэ ШинкIубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр, ар бзэ куэдкIэ зэдзэкIауэ зыбжанэрэ къыщыдэкIащ ди хэкуми хамэ къэралхэми. НэгъуэщI тхыгъэ куэди дунейм къытехьащ, убыххэм къатепсыха насыпыншагъэмрэ леймрэ хэIущIыIу ящIауэ. 
 

 

Къартул Хьисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.