ЩIЫНАЛЪЭР ЕФIЭКIУЭН ПАПЩIЭ

КъБР-м и Iэтащхьэр фокIадэм и 29-м видео IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм ЩIыналъэ зыу­жьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Зэ­хуэсыр иригъэкIуэкIащ ­УФ-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат. Зи гугъу ящIынухэм теухуауэ къэ­псэлъащ ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министр Файзуллин Ирек.

ЗэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, щIыналъэ программэхэр гъэзэщIа зэрыхъум, бюджетым къыхэкI кредитхэмкIэ ягъэзащIэ инфраструктурэм епха лэжьыгъэхэр зэрызэфIахым. Къэбэрдей-­Балъкъэрым илъэсыр имыкI щIыкIэ Налшык дэт унэ зэтетхэм псы зэрыщIыхьэ-зэрыщIэкI бжьамийхэр щIашэн щаухыну я мурадщ. «Псы къабзэ» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI, псыр зезыгъакIуэ IуэхущIапIэ 13 зэрагъэпэщыж. Солдатскэ, Пролетарскэ къуажэхэм псы къы­щIэшыпIэхэр щаухуэн яуха­кIэщ. Азау псыхъуэмрэ Эльбрус жылагъуэмрэ я зэхуакум щы­зэпрыша псы ижыпIэм елэ­жьын щIадзащ. Налшык и псы гъэкъэбзапIэхэм и лэжьыгъэр зэ­рызэтраухуэжыным теухуа проектхэм йолэжь. 
ЦIыхухэр ущыпсэу мыхъужыну унэм къыщIэгъэIэпхъукIын Iуэхум епха программэм ипкъ иткIэ метр зэбгъузэнатIэу мин 17 зыубыд, унэ зэтет 62-м щIэсхэр ягъэIэпхъуащ. ЦIыху 1020-рэ унэщIэм щэтIысхьэжахэщ. А лъэныкъуэмкIэ лэжьыгъэхэр иджыри йокIуэкI. 
Республикэм зыщеубгъу ухуэ­ныгъэ лэжьыгъэхэми. ЩIы­шылэм щегъэжьауэ шыщхьэуIу пщIондэ псэупIэщIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 304,5-рэ зэрагъэпэщащ. Ар илъэс блэкIам дызэрыта щытыкIэм елъытауэ, проценти 135-кIэ нэхъыбэщ. КъинэмыщIауэ, фэтэр 1821-рэ хъууэ, унэ зэтет 52-рэ яухуащ, псори зэхэту ар псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мини 104-рэ ­мэхъу. Илъэсыр имыух щIыкIэ, унэ зэтетхэм къедза пщIантIэу 55-рэ, цIыхубэ зэхуэсыпIэу 15, унэ зэтету 85-рэ зэIузэпэщ ящIыжынущ.   
Социальнэ мыхьэнэ зиIэхэу, сабий IыгъыпIэхэр, школхэр, щэнхабзэм и унэхэр, спорткомплексхэмрэ спортым епха ухуэ­ныгъэхэмрэ зэрагъэпэщыжын Iуэхури йокIуэкI. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)