ЛЪЭПКЪЫМ И ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭ ЛЪАПIЭНобэ Адыгэ фащэм и махуэщ. Абы ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий лъэпкъым зыхуигъэзащ. НэхъыжьыфIым и псалъэхэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ: ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ! Си къуэшхэ, си шыпхъухэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьа унафэм ипкъ иткIэ, 2012 гъэм щыщIэдзауэ Адыгэ фащэм и махуэщIыр фокIадэм и 28-р, щагъэлъапIэ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэхэм: Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм. Апхуэдэуи хамэ къэрал 50-м щIигъум Адыгэ фащэм и махуэр къыддаIыгъ. Дунейм лъэпкъыу тетым зыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI дамыгъэ иIэжщ. Дэ ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ адыгэ фащэр. Щыгъын къудейкъым ар - лъэпкъым и тхыдэ, гупсысэ, зэфIэкI, Iэзагъ къызыхэщыж IэдакъэщIэкIщ. Кавказыдж, этнограф цIэрыIуэ Студенецкая Еленэ итхащ: «ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр цейм и бийщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэкъуарэ Iэпкълъэпкъым шэщIауэ итIысхьэу - апхуэдэщ адыгэ цейм и дыкIэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр икъукIэ зэкIуж щIэхъур». Фащэр адыгэм къыдэгъуэгурыкIуа щыгъынми, ар ди гъунэгъу щIыналъэхэм - Кавказым щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэми - къащтащ. Ди лъэпкъыр дуней псом къызэрыщацIыхуу щыта фащэр тхъумэжыну, нобэми къэтхьэсыну тхузэфIэкIащ ди нэхъыжьыфIхэм я фIыгъэкIэ. ФIыщIэ ин яхузощI ди япэ итхэм, тхыдэтххэм, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм ди щIэблэр я лъэпкъ тхыдэм щыгъуазэу, зэман жыжьэм къыщежьауэ нобэми дгъэлъапIэ хабзэхэр ящIэу, зэрахьэу гъэсэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIым папщIэ. Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи, си щхьэкIи си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Адыгэ фащэм и махуэмкIэ! Сохъуахъуэ нобэрей махуэшхуэр угъурлы хъуну. ИрефIакIуэ дыщыпсэу Урысей Федерацэр, Кавказ Ищхъэрэр, адыгэ лъэпкъыр! Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр быдэ ирехъу! Мамырыгъэ, узыншагъэ, насып, ефIэкIуэныгъэ псоми диIэну Тхьэм жиIэ!
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|