СЫТКIИ ЩАПХЪЭИжь-ижьыж зэман лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ нэхъыщхьэхэм, нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ нэхъыжьхэмрэ цIыхубзхэмрэ пщIэшхуэ зэрыхуащIыр, сабийм гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуаIэр. Нэхъыжьым и псалъэр тIу ящIыркъым, абы жиIам падзыжIакъым, атIэ ар гъэзэщIэн хуейуэ аращ. Нэхъыжьым жьантIэр и тIысыпIэщ. Нэхъыжьым и псалъэр зэпаудыркъым, и гъуэгу зэпаупщIыркъым, Iэ сэмэгукIэ зыри хуашийркъым, нэхъыжьыр щыту зыри тIысыркъым, нэхъыжьыр зыбгъэдэс ефэ-ешхэ Iэнэм щIалэгъуалэ ягъэтIысыркъым, атIэ ахэр нэхъыжьхэм ящхьэщытщ е Iэнэ щхьэхуэм ягъэтIыс. Нэхъыжь цIыхухъу Iэнэм зэи цIыхубз ягъэтIысу щытакъым, ауэ абы къикIыркъым адыгэхэм цIыхубзым пщIэ хуамыщIу е абыхэм яхуэфащэ гулъытэ ирамыгъэгъуэту щытауэ. Хьэуэ, пщIэи гулъыти хуащIырт. ЦIыхубзхэр хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэм щIамыгъэтIысым щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIэт: ар цIыхухъу къэжэнам къемызэгъ гуэрхэр жиIэнкIэ е ищIэнкIэ зэрыхъунурт. Мис а хабзэншагъэм цIыхубзхэр щахъумэу арат. Адыгэ хьэл-щэныр тэмэму къызыгурыIуэм дежкIэ абы къемызэгъыу е емыкIуу зыри хэлъкъым. Адыгэ хабзэр зэрыщытар арат: унагъуэр зыхуейр, зыхуэныкъуэр цIыхухъум кърихьэлIэн хуейт, абы къигъэхьэрычэтар цIыхубзым зригъэзэхуэну и къалэнт. Дызэрыщыгъуазэщи, унагъуэ Iуэхур нэхъыбэу зи пщэм къыдэхуэр бзылъхугъэр арат. Абы и къалэныр инт икIи унэгуащэм елъытат а унагъуэм иIэну щытыкIэр: абы илъыну хабзэри, цIыхугъэри, нэмысри, берычэтри, къинэмыщI Iуэхугъуэхэри. Ноби аращ зэрыщытыр. Адыгэ цIыхубзхэр апхуэдизкIэ нэмысыфIэти, я щхьэгъусэхэм еупщIыртэкъым: «Дэнэ ущыIа?» е «Дэнэ укIуэрэ?» – жаIэу. Адыгэ хабзэмкIэ къезэгъыртэкъым быным зэхахыу лIымрэ фызымрэ зэхъурджэуэну, зэшхыдэну, псалъэ мыхъумыщIэхэр зэжраIэну. Ар емыкIуу икIи мыхъумыщIагъэ ину къалъытэрт. Пасэ зэманым адыгэхэм мыпхуэдэ хабзи яхэлъащ: нысэ къашэмэ, ар къызыхаша лъэпкъым я цIыхухъухэм, псом хуэмыдэу и тхьэмадэмрэ и пщыкъуэхэмрэ я цIэр жиIэну хуиттэкъым, абыхэм езым цIэ яфIищын хуейт. Абы къытехъукIауэ арагъэнущ «ПщыкъуэцIэу ебзыщI» жыхуаIэр. Апхуэдэ дыдэу, цIыхубзу лъэпкъым щыщым я цIэр жиIэ хъунутэкъым. Абыхэм псоми цIэ зырызыххэ яфIищын хуейт, езы нысащIэр абыхэм иреджэну. Апхуэдэу нысащIэм и лIым и цIэр жиIэ хъунутэкъым. Щхьэгъусэм и гугъу ищIын хуей хъумэ, «ди цIыхухъур», «езыр», «дотэ» жиIэрт. Языныкъуэм цIэ лейкIэ еджэрт. ЦIыхубзыфIым и лIыр тыншыгъуэм, гуфIэгъуэм, гурыфIыгъуэм щигъащIэртэкъым. Абы псори щIэхъуэпсырт икIи щIэлъэIурт. Арат «уи пIэщхьагъыр щабэ Тхьэм ищI», «ПIэщхьагъыфI Тхьэм къуит» щIыжаIэр. Арат «ЛIыфIыр фыз Iейм добжьыгуэри, лIы Iейр фызыфIым добжьыфIэ», – щIыжаIэр. Мыр икъукIэ адыгэ псалъэжь пэжщ, шэрыуэщ. Адыгэхэм хьэщIэ яфIэфIт икIи ар ягъэлъапIэу ягъэхьэщIэрт. Унэр зейр дэмысу хьэщIэ къыхуэкIуамэ, гъунэгъур къекIуэкIырти, хьэщIэр къызыхуэтыншэу хуигъэхьэщIэрт, ар зэрыхуэфащэу иригъэжьэжырт. Пасэ зэманым адыгэхэр мэкъумэш къэкIыгъэхэм щыщу нэхъ зэлэжьу щытар мэшыр, нартыхур, гуэдзыр, зэнтхъыр (овесыр) къэгъэкIынырт. Мис а гъавэхэкIхэм щыщ ирашажьэрти, шыгъукIэ къахъуэжырт е я гъавэм щыщ ящэрти, абы къыщIаха ахъшэмкIэ шыгъу къащэхурт. Ауэ адыгэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжщи, шыгъур зыIэрыгъэхьэным гугъуехь ин пылъу щытащ: шыгъушэ кIуэн папщIэ, гупышхуэ зэрыгъэхъурт, гъуэгуанэ кIыхьыр зыхузэфIэкIын вы лъэрызехьэрэ лIы бэшэчрэ хуейт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыкIи зэфIэкIыртэкъым: Iэщэ яIыгъыу, зэрызэуэным хуэхьэзыру, шу гуп ягъусэн хуейт. Мис апхуэдэ гугъуехьрэ бэлыхьрэ пыщIауэ щытащ пасэрей адыгэхэм шыгъу къагъэхьэрычэтыным. Абы гугъуехь пылъар адыгэ хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ къаIуэтэж. Пасэрей адыгэхэр нэхъ зэлэжьу, зэрыпсэууэ щытар мэкъумэшт, Iэщт. Псом хуэмыдэу кIапэ зыпыт адыгэ мэл ягъэхъурт, шыбз гуартэхэр яхъумэрт. Адыгэ мэлымрэ адыгэшымрэ щIэупщIэ яIэт, куэдым хъуапсэщэхуу языныкъуэхэм ягъэхъуну къащэхурт. Дызэрыщыгъуазэщи, адыгэшымрэ адыгэ фащэмрэ дуней псом щыцIэрыIуэт. Адыгэ фащэр урыс пащтыхьми, дзэпщхэми, къэзакъхэми, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэми фащэу къащтауэ щытащ. Ноби адыгэ фащэм утыку, зэIущIэ куэд егъэдахэ. Пасэрей адыгэхэм шхыныгъуэ нэхъыщхьэу яIар лырэ гъэшхэкIрэт. Нэхъ иужьыIуэкIэ нащи, помидори, пхъыи, къэбысти яшх хъуащ. Ауэрэ кIэртIофри нэгъуэщI шхыныгъуэхэри я Iэнэм къытехутэу хуежьащ. ГъавэхэкIыу нэхъыбэу ящIэр хумрэ хьэмрэт. Гъавэу яшхыр нэхъыбэу къызыхащIыкIыр хут. Абы къыхащIыкIт мэжаджэ, мэрамысэ, пIастэ, хьэлIамэ, хьэлыуэ, тхъурымбей, нэгъуэщIхэри. Хур IэкIэ яужьгът, гухъукIэ ягут, ар ялъэсырти, ягъэгъущыжт, IэрыщхьэлкIэ яхьэжырти, зыхуей шхыныгъуэр къыхащIыкIырт. А псори унэгуащэхэм я къалэнт. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ ди хабзэ гъуэзэджэхэр, хабзэ Iущхэр ди щIэблэм псэкIэ зыхащIэу икIи ягъэзащIэу къэгъэхъун хуейщ. Ди адыгэ хабзэхэр апхуэдизкIэ фIыщи, абы щапхъи бзыпхъи техыпхъэщ. Ди лъэпкъ Iущыгъэхэр, Iэмал зэриIэкIэ, къытщIэхъуэ щIэблэм яхэпщэн, псэкIэ зыхегъэщIэн хуейщ. Адыгэхэм хабзэм гулъытэ ин, пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытам щыхьэт наIуэ тохъуэ «Хабзэ зыхэлъым и хьэм сыкъишх» адыгэ псалъэжьыр. Мы псалъэжьым куэд къокI, ауэ нэхъыщхьэр – хабзэ зыхэлъым и хьэм сыкъишхмэ, сызыхуей сыхуэзэнщ, абы гулъытэншэу сыкъигъэнэнкъым, адыгэ хабзэ къыскIэлъызэрихьэнщ жыхуиIэщ. Мыр икъукIэ адыгэ псалъэжь шэрыуэщ икIи купщIафIэщ. Мыбы и мызакъуэу, адыгэ хабзэм теухуа нэгъуэщI псалъэжь шэрыуэхэри апхуэдэу купщIафIэхэри мымащIэу щыIэщ. Абыхэм ди щIэблэр щIэпIыкIын хуейщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|