Лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр къапщытэ

КIуэкIуэ Казбек мы махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Прохладнэ районхэм. А щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр и гъусэу абы къипщытащ егъэджэныгъэ IэнатIэм, гъуэгу ухуэныгъэм, псыкIэ цIыхухэр къызэгъэпэщыным епха лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр.

 

Бахъсэн къалэм республикэм и унафэщIыр щыкIэлъыплъащ абы щыIэ курыт школхэу ещанэмрэ еплIанэмрэ ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIым. А IуэхущIапIэхэр зыхуей ирыхуагъэзэжыну хуаутIыпщауэ щытащ сом мелуани 180-м щIигъу. Школхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм хеубыдэ инженер коммуникацэхэр хъуэжыныр, унэхэм я щIыбри, я кIуэцIри зехьэныр, зыхуей-зыхуэныкъуэ унэлъащIэкIи къызэгъэпэщыныр. ЩIыналъэм хиубыдэ Дыгулыбгъуей жылэм фокIадэм и пэщIэдзэм щызэфIэкIынущ и уэрам нэхъыщхьэхэм ящыщыр зыхуей хуэгъэзэжыныр. Абы трагъэкIуэдэнущ сом мелуан 72-м нэс.

Прохладнэ щыщыIам КIуэкIуэ Казбек къипщытащ къалэм дэт курыт школ №42-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Ар Хэку зауэшхуэм ипэкIэ яухуауэ щытащ. Зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр иужьрейуэ щыщрагъэкIуэкIар 1963 гъэра-ти, IуэхущIапIэр хуабжьу хуэныкъуэт абыхэм. УФ-м и Президентым къыхилъхьа программэу къэралым и еджапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуам къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ школым лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щахъуэжащ инженер коммуникацэхэр, и щIыбкIи, и кIуэцIкIи зыхуей хуагъэзащ, унащхьэр щIэуэ тралъхьащ, бжэщIэхэр, щхьэгъубжэщIэхэр халъхьащ, зыхуэныкъуэ унэлъащIэхэр щIагъэуващ. Апхуэдэу сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу къагъэщIэрэщIэжа школыщIэм и бжэхэр фокIадэм и 1-м къахузэIуихынущ щIыпIэм щыпсэу ныбжьыщIэ 350-м.

Республикэм и унафэщIым лэжьыгъэхэр зи пщэрылъхэм къалэн ящищIащ еджапIэм къедза щIыпIэр зыхуей хуагъэзэну.

42-нэ курыт школым нэмыщI, Прохладнэ къалэм иджыри щолэжь социальнэ IуэхущIапIэу 3-м. КъищынэмыщIауэ, абы щаухуэ ныбжьыщIэ 785-рэ зыщеджэфыну школыщIэ, курыт еджапIэ №8-ми къыгуащIыхь унэщIэ, сабий 560-рэ щIэхуэну.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.09.2023 - 10:05

ЛИМФОМЭМ ЗЫЩЫФХЪУМЭ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэмрэ дохутырхэмрэ а уз шынагъуэр къыщыщIидза дыдэм деж къызэрыпцIыхуну щытыкIэхэм зэпымычу топсэлъыхь.

23.09.2023 - 09:25

И АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ И ШЭРЫУАГЪЫР Я ГУМ ДОХЬЭ

Усэ тхыным дихьэх щIалэгъуалэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум хуэмурэ гу лъыдотэ. Абыхэм ящыщщ си унэцIэджэгъу Багъэтыр Алинэ.

22.09.2023 - 15:18

ПСЫ ЗЫЩIАГЪЭЛЪАДЭ ЩIЫХЭМ ХАГЪАХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2019 - 2023 гъэхэм республикэм псы зыщIагъэлъадэ щIыуэ къыщагъэсэбэп гектар мин 30,5-рэ, дызэрыт илъэсым абы хагъэхьа гект

22.09.2023 - 12:35

ДАЛИ И ДАМЫГЪЭХЭР

Сюрреализмым и сурэтыщI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ Дали Сальвадор и IэдакъэщIэкIхэм дамыгъэхэр сытым дежи IупщIу къыхощ. Дали дихьэхыу иджу щытащ психоанализ щIэныгъэр.

22.09.2023 - 09:03

РЕСПУБЛИКЭМ И ХАБЗЭХЪУМЭХЭР ТОКIУЭ

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэхэм дзэ прикладной спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ я чемпионат Зеленокумск щекIуэкIащ.