Шэджэм си гум къинэнущ![]() Пензэ областым хыхьэ «Сурские просторы» газетым щолажьэ нобэ зи IэдакъэщIэкI дыкъеджэ Соковэ Ольгэ. «Си щIыналъэ» фестивалым хэту, Ольгэ зригъэлъэгъуащ Шэджэм псыкъелъэхэр. Игу къинэжахэр езым и псалъэкIэ къыдоIуэтэж:
Нобэ диваным укъимыкIыуи нэгузегъэужьакIуэ укIуэфынущ. Компьютерым и «дзыгъуэр» тепIытIи, уигу ящыхуэ сурэтым къридзэ псыежэххэм, бгыхэм, тенджызхэм я дахагъым. Си щхьэкIэ, апхуэдэ зыплъыхьыкIэр сигу нэсыркъым. Дунейм и дахапIэхэр си нэкIэ слъагъумэ, нэхъ къызощтэ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ апхуэдэ гугъэ къыхуесхьэкIырт Кавказ Ищхъэрэм. Си ныбжьыщIэгъуэм а щIыналъэм сригъэхъуэпсауэ щытащ урыс усакIуэшхуэ Лермонтов Михаил. Нэхъ балигъ сызэрыхъурэ, Кавказыр тхылъкIэ зэзгъэцIыхурт. «Си щIыналъэ» фестивалым и фIыгъэкIэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкIуэну Iэмал згъуэтащ. Налым ещхь Налшык къалэри зэзгъэлъэгъуащ. Шэджэм псыкъелъэхэм сызэрыцIыкIурэ си гур яхуэмыпIейтейуэ си фIэщ хъуркъым. Кавказ къуршхэм телъ мылыпсыр зыщIэзыфа псым бгыщхьэм къехыу гъуэгу кIуэцIрех. Мы къуэращ си «шэрхъ репортажыр» зытеухуар. Мис, Шэджэм псыкъелъэ цIэрыIуэхэр. Ахэращ «Дети капитана Гранта», «Земля Санникова» фильмхэр щытрахар. Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт нэхъ умылъагъуу къыщыбгъанэ мыхъунур жыпIэмэ, ар мы Шэджэм псыкъелъэхэращ. Псым узыщIешэ. ЦIыхури процент 70-кIэ псыуэ зэхэту жаIэ. Ауэ метр 60 лъагагъым къехуэх псыр – ар зи дахагъыр къыпхуэмыIуэтэн гуэрщ. Мыбдежым къыщехуэх мывэхэм уащIэдэIумэ, Шэджэм псыкъелъэхэм къыбжаIэну зыхуейр къыбгурыIуэнкIи хъунущ. Зы псым тIэу ухэмыхьэфыну жаIэ. Шэджэм теухуауэ а псалъэхэр тIэунейрэ пэжщ. Псым и фэм гъэм и щытыкIэм елъытауэ зехъуэж. Зэм узэпхрыплъу, зэм щIыхуу, зэм хужьу, псы къэкъуэлъам хуэдэщ. Уи Iэр хэплъхьэмэ, исыну къыпфIощI. Пэжыр жысIэмэ, сэ сышынащ ар сщIэну – уэшх къешхагъащIэу псы Iуфэм уIухьэну тIэкIу шынагъуэт. Кавказым, дэнэкIэ уплъэми, щэху гуэр къыщызэIупхыу къыпщохъу. Уи лъэгум шындырхъуохэр щIолъэт. Гъуэмбхэм я зым дыгъужь анэ ису жаIэ, мы щIыпIэхэр ихъумэу. Ари щIыналъэм хузэхалъхьа шыпсэ къыщIэкIынщ, армыхъумэ сыту зыми имылъагъурэ дыгъужь анэм и шырхэр. Кавказым пэжымрэ къэгупсысамрэ щызэхэухуэнащ. Адыгэ пщащэ тхьэIухудхэм хамэ зэрыпхъуакIуэхэм зыIэрамыгъэхьэн папщIэ, бгыщхьэм зыкъызэрырадзыхыжа тхыдэхэр, я щхьэц кIыхьхэр къуршхэм фIэнэурэ ахэр иужькIэ псыкъелъэ зэрыхъужахэр… Сыт апхуэдэ хъыбархэм «пцIыкIэ» ущIеджэнур? Псыкъелъэшхуэм и теплъэр щIэх-щIэхыурэ ехъуэж. Нобэ ар балъкъэр бзылъхугъэ Лизэ «турист гъуэгум» тету ищэ цыхъарым изогъэщхь. ЛIэщIыгъуэ куэд хъуауэ цым елэжьын IэщIагъэм хопсэукI бгырыс балъкъэрхэр. ПсэлъэгъуафIэу къыщIэкIа Лизэ къызжиIащ урысыцIэ къыщIыфIащар, ауэ и IэщIагъэм бгъурыту сурэт тесхыну схуегъэдакъым. Упсэу, цIыхубз IэпэIэсэ, иджы си щыгъынхэм Iэлъыным икIыну пIащIэу зэIупща уи цыхъарри хэлъщ. Нобэ псыкъелъэхэм зыплъыхьакIуэ куэд щызэтрихьащ. Мэзкуу щыщ Ленэрэ Димэрэ, къызэрыщIэкIымкIэ, Шэджэм етхуанэу къокIуэ. Мыбдежым щызэбгрыкI къарум щыщ зыщIашэн щхьэкIэ. Тэтэрстаным щыщ Гузел етIуанэ классыр «тху» защIэкIэ къэзыуха и пхъурылъхур къишащ, саугъэт папщIэу Шэджэм псыкъелъэхэр иригъэлъагъуну. Ныбжь зиIэ зэщхьэгъусэхэу Давыдовхэ Владимиррэ Неллирэ Саратов щыщщ. Ахэр «Маяк» зыгъэпсэхупIэм щIэсщ, «хым хуэдиз» гукъэкIыж зэрыздахьыжынур ящIэу. Нэхъ пасэу мы щIыпIэм зыщызыгъэпсэхуа я ныбжьэгъум жиIэжахэращ унагъуэр Налшык къэзышар. Зыри зэдмыгъэлъагъуу къэдгъэна хуэдэкъым. ДыкIуэжыну зыдогъэхьэзыр. Абы ирихьэлIэу, «Акрополь-центрым» и унафэщI Къардэн Хьэсэн пщIэ къытхуищIыну гукъыдэж егъуэт. Езыр спортым хэтауэ, тренеру лэжьауэ, тхыдэ фэеплъхэр зэхуэзыхьэс щIалэм музей цIыкIу хуэдэу и IуэхущIапIэм къыщызэригъэпэща къуэгъэнапIэм щIэлъ Iэщэхэр, тхылъхэр, хьэпшыпыжьхэр, дэфтэрхэр дегъэлъагъу. Къэралым и хъумапIэ нэхъ лъэрызехьэхэм къехъуэпсэн хуэдэу зэрехьэ Хьэсэн и фэеплъхэр. Апхуэдэ хэкулI гъэщIэгъуэным и гъусэу иухащ ди нэгузыужьыр. Аращ щIыжысIэр: «Шэджэм, сожьэж бжесIэркъым! Сэ къэзгъэзэжынущ!».
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|