Кавказ макъамэхэр щоIу![]() Налшык и Театр щхъуантIэм шыщхьэуIум и 25-м япэу къыщызэIуахащ KAVKAZ MUSIC FEST щэнхабзэ зэхыхьэшхуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу кавказ макъамэ фестивалыр къыщызэзыгъэпэщахэм, ар зыгъэдахэхэмрэ и хьэщIэхэмрэ фIэхъус гуапэ фызох! ДэркIэ пщIэшхуэщ икIи ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужщ щэнхабзэ проект иныр ди щIыналъэм япэу зэрыщрагъэжьар. Къэралыгъуэм и махуэмрэ республикэм и юбилеймрэ ирихьэлIэу фестивалыр зэрызэхашам зэхыхьэм и пщIэр нэхъри егъэин, - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, зэхыхьэр къыщызэIуихым. - Мыпхуэдэ пшыхь гуапэхэр IэмалыфIщ артист цIэрыIуэхэр нэхъри зэкъуэувэнымкIэ, хьэщIэхэр зэрыцIыхунымкIэ, зэпсэлъэнымкIэ, я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжэнымкIэ. Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэм щыщхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм къыпызыщэщ мы щэнхабзэ зэхыхьэшхуэр. Фестивалым и программэм хыхьэу къызэрагъэпэща «Звёзды 100-летия» махуэшхуэ концертым зыкъыщагъэлъэгъуащ Руссо Авраам, Къэзан Сэтэней, Варварэ, Клявер Денис, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артистхэм, Оманым къикIа хьэщIэ Рафи Мухьэмэд, Кавказ Ищхъэрэмрэ Белоруссиемрэ щыпсэу лъэпкъхэм я къэфакIуэ ансамблхэм, нэгъуэщIхэми. - Артист цIэрыIуэхэр зыхэта концертхэу мыбы ипэкIэ ирагъэкIуэкIахэм щызэхуэсащ цIыху мелуанитIым щIигъу. Мы фестивалыр Налшык япэу щекIуэкIыу аращ. Псом хуэмыдэу япэ махуэр щIэщыгъуэу, щхъуэкIэплъыкIэу, гукъинэжу къызэрагъэпэщащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэхэми республикэм исхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ артистхэм апхуэдэ дыдэу я нэгу зэрызрагъэужьынум шэч къытетхьэркъым, - жиIащ проектым и генеральнэ продюсер Хьэцей Тимур. Фестивалым и етIуанэ махуэр къафэм хухахынущ. Абы хыхьэу къызэрагъэпэщыну «Ритмы Кавказа» концертым зыкъыщагъэлъэгъуэнущ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я къэрал къэфакIуэ ансамбль цIэрыIуэхэм. Апхуэдэхэщ «Кабардинка», «Балкария», «Налмэс», «Ислъэмей», «Эльбрус» ансамблхэр. Фестивалым утыку къыщрахьэнущ лъэпкъхэм я щэнхабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэхэр, макъамэмрэ къафэмрэ щаIэ зэфIэкIхэр, IэпщIэлъапщIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр, сурэтыщI гъуазджэ, кинематографие, телевиденэ, радио, макъамэ, тхылъ тедзапIэ, компьютер джэгу, архитектурэ, дизайн, модэ, рекламэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм зи лэжьыгъэр пыщIа, зи ныбжьыр илъэс 35-м нэс щIалэгъуалэм папщIэ конференц къызэрагъэпэщынущ. Щэнхабзэ зэхуэсышхуэр нобэ шыщхьэуIум и 27-м, зэхуащIыжынущ, ауэ фестивалыр гъэ къэс ирагъэкIуэкIыну яубзыхуащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|