Узыфэм зыщыпхъумэфынущ

Узыфэ зэрыцIалэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр цIыхухэм къабзагъэм и хабзэхэр тэмэму зэрамыгъэзащIэрщ. Апхуэдэ узыфэхэр къезыхьэкIхэм ящыщщ ротавирусымрэ норовирусымрэ.

Ротавирусыр зэран яхуохъу лъатэмрэ кIэтIий псыгъуэмрэ. А узыфэ зэрыцIалэр къызыпкърыхьам и лъатэм шхыныр тэмэму хуэмыгъэткIуу мэхъури, ныбажэ ещI икIи Iэпкълъэпкъыр зэпкърех. Ротавирусым къыхэкI узыфэм нэхъыбэу игъэсымаджэр мази 6-м къыщыщIэдзауэ илъэсым нэблагъэ ныбжьым итхэрщ. Ар сабий узыфэу ябж, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ балигъым и Iэпкълъэпкъыр а вирусым полъэщыф. ЗыгуэркIэ цIыху балигъым а узыфэр къыпкърыхьамэ, и кIэтIийр мащIэу къеуз мыхъумэ, абы игъэсымаджэу къимыщIэнри хэлъщ. Апхуэдэу унагъуэм е лэжьапIэм щыщ гуэр сымаджэ хъуамэ, махуи 3 - 5-м къриубыдэу абы адрейхэри ицIэлэнущ.

Узыфэм щеIэзэкIэ псом япэу къагъэсэбэпыр Iэпкълъэпкъым илъын хуей шыгъур иризыгъэкъуж хущхъуэхэрщ, апхуэдэу фIэкIуэда псыр къезытыж ерыскъыхэкIхэр ишхыну чэнджэщ ират. А зэманым къриубыдэу сымаджэр ерыскъы хэхакIэ шхэн хуейщ: псыкIэ щIа кашэ, мыIэрысэм къыхэщIыкIа компот. И узыншагъэр зэфIэувэжыхукIэ абы ишх хъунукъым шэхэкIхэр.

Ротавирусым узэрыпэщIэтын хущхъуэ щхьэхуэ щыIэкъым, ауэ Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм псоми чэнджэщ ярет абы папщIэ щыIэ вакцинэ лIэужьыгъуитIым языр зрахьэлIэну. Абы къищынэмыщIауэ, Iэмал имыIэу къабзагъэм и хабзэхэм тетыпхъэщ. ЩIэх-щIэхыурэ Iэхэр тхьэщIын хуейщ, псы къэгъэкъуэлъа фIэкIа уефэ хъунукъым.

Норовирусым къишэ узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытым и къэжьын къокIуэ, ныбажэ мэхъу, и температурэр докIуей, и Iэпкълъэпкъыр щIолIэ, фагъуэу щытщ. Махуэ зыбжанэм къриубыдэу сымаджэм и узыншагъэм зыкъегъазэ, ауэ абы иужькIи мазэм нэблагъэкIэ абы нэгъуэщIхэр ицIэлэфынущ.

Норовирусым псынщIэу зеубгъу. Ар зылъэIэса нэхъ мащIэ дыдэми узыфэр къыхэкIынущ. Мы вирусыр «псэ быдэщ» жыхуаIэхэм хуэдэщ. Унэр щызэлъыIуахкIэ къагъэсэбэп къызэрыгуэкI зэрытхьэщIэ хьэпшыпхэмкIэ ар пхуэгъэкIуэдыркъым, хуабэми щIыIэми къол, узэрыпэлъэщынур уз зэрыцIалэхэр къэзыгъэхъей пкъыгъуэхэр зыукI хлор зыхэлъ Iэмэпсымэхэрщ.

Мы узыфэ зэрыцIалэр сыт хуэдэ ныбжьым итми яхуэлъэщ. Ауэ нэхъ псынщIэу ар зэуэлIар зи узыншагъэр нэхъ къэтIэсхъахэрщ, жьы хъуахэрщ, сабийхэрщ. Абы зыщыпхъумэфынущ щIэх-щIэхыурэ уи Iэр птхьэщIмэ. Апхуэдэуи пхъэщхьэмыщхьэм псы пщтыр ядэвгъэжэх, мыдрей шхыныгъуэхэр фIыуэ вгъавэ е вгъажьэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.