ГущIэгъумрэ дахагъэмрэ щызэIэпэгъум деж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦIыхубэ фронтым хэтхэм иджыблагъэ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ щхьэкIэ ди щIыналъэм и щIыпIэ гъэщIэгъуэнхэм зыщрагъэплъыхьыну псапащIэ Iуэху къыхалъхьащ. ГукъэкI дахэм хэтыну цIыкIу 80-р узыфэ хьэлъэхэр зэфыкI сабийхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща «ГущIэгъу 07» зи фIэщыгъэ псапащIэ фондым и нэIэ зытет защIэщ.

 

Гъэмахуэ мазищым и кIуэцIкIэ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр «ГущIэгъу 07» псапащIэ фондым хэт арт-центрым йокIуалIэ. IэщIагъэлIхэм къызэрыхагъэщымкIэ, къэралым и мылъкукIэ лажьэ, щIэныгъэ гуэдзэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм, зэхуэсыпIэхэм, нэгузегъэужьыпIэхэм я лэжьыгъэр гъэмахуэм зэрызыпагъэум къыхэкIыу, фондым къызэIуихауэ игъэлажьэ арт-центрым мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Центрым екIуалIэ сабийхэм гупу Iуэху дащIэнкIи, щхьэзакъуэу ядэлэжьэнкIи хъунущ. Гуп лэжьыгъэм сабийхэр IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэхум щыхагъэгъуазэ, езыхэм я IэкIэ Iэпэщысэ гуэрхэр ящIу ирагъасэ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийхэр я ныбжьэгъу цIыкIухэм ягурыIуэнымкIэ есэныгъэхэр етыным, Iуэхугъуэ пыухыкIахэмкIэ зэпищIэу я зэхуакум зэпыщIэныгъэхэр къыдэгъэхъуэным. Апхуэдэу зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэм я дежкIэ я Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь, я къэухьымрэ гупсысэкIэмрэ зезыгъэубгъу лэжьыгъэхэми щIэупщIэ яIэщ. Щхьэж хузэфIэкIымрэ къуэлъымрэ къахутэн папщIэ, IэщIагъэлIхэм сабийхэм сурэтхэр ирагъэщI. Сурэтым хэлъ плъыфэхэмкIэ сабийм и дунейм хэлъ «нэхумрэ кIыфIымрэ» зэхагъэкI, ар зыхуэныкъуэнкIэ хъунухэр къыщIагъэщ.

Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм зытет дунейр нэхъ хьэлэмэт щащIыным къыхэкIащ ЦIыхубэ фронтым къыхилъхьа жэрдэмыр псапащIэ фондым диIыгъыныр. ЦIыхубэ фронтым апхуэдэу зекIуэ зыбжанэ къызэригъэпэщын лъэкIащ, абы хэта сабийхэри адэ-анэхэри гукъэкIым арэзы зэрищIам, цIыкIухэм я узыншагъэм фIы и лъэныкъуэкIэ къызэрещхьэпам къыхэкIыу, зэпамыгъэунуи зэгурыIуащ.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыпIэ дахэ куэд иIэщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Шэрэдж къуэладжэм узыщрихьэлIэ, адыгэхэр ШэрэджанэкIэ зэджэ Гуэл ЩхъуантIэхэр. Зэры-Европэу къапщтэмэ, Шэрэдж- анэм хуэдэу лъащIэншэ гуэл зыщIыпIи щыIэкъым. Ар цIэрыIуэ зыщI и щхьэхуэныгъэхэм дахутепсэлъыхьа нэужь, цIыкIухэм Iэмал еттащ зэдэIуа хъыбарымрэ ялъагъумрэ зэрахьэлIэжу щхьэж и псалъэкIэ игу ирихьар къедгъэIуэтэжыну. Ар псэлъэкIэмрэ гупсысэкIэмрэ зезыгъэужь Iэмалщ. Абы къищынэмыщIауэ, дэтхэнэ сабийми, нэхъыжьым и нэIэ щIэту, и закъуэ мащIэу къедгъэкIухьащ, щхьэж и щIыпIэрэ и тIысыпIэрэ иIэу зыхэт дунейм и зы къуапэ цIыкIу деж щедгъэтIысэхащ. Мыри IэзэкIэ лIэужьыгъуэщ. Сабийр и закъуэу къыщынэм деж щытыкIитI йохуэ: и гум гузавэ илъмэ, зэхэзещхъуэн мэхъу, мэгужьей, ауэ мамырмэ, зэпIэзэрыту, хухаха щIыпIэм теубыдауэ, хуей щыхъум деж, зыщиплъыхьу мэхъу. ПсапащIэ фондыр щIыщыIэр апхуэдэ Iуэхущи, ныбжьыщIэхэм я псэкупсэ дунейм щекIуэкIыр зекIуэ IэмалхэмкIи къыдохутэ. Щалъхуа лъахэм и дахагъэм и мызакъуэу, абы и IэфIагъри зыхащIэу, ар зэрагъэзахуэу, абыкIэ я псэкупсэ дунейми, я зэхэщIыкIми зрагъэужьу сабийм зэфIэкI къызыкъуихыну дыхущIокъу», – жиIащ «ГущIэгъу 07» псапащIэ фондым и тхьэмадэ Кузьминов Олег.

Апхуэдэу Кузьминовым къыхигъэщащ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр Налшык къалэ кIуэцIым къызэрыщрашэкIар, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрым гъэщIэгъуэну дэтхэм щыгъуазэ зэрыхуащIар. Абы къищынэмыщIауэ, сабийхэр кIуэфащ Iуащхьэмахуэ лъапэ, Балъкъэрыщхьэ, Шэджэм псыкъелъэхэм, Псыхущхъуэм, къайхъулIащ мылъагэ дыдэ бгы куэщIым ихьэн, Азау губгъуэмрэ Чегетрэ я нэгу зыщрагъэужьын. Мыпхуэдэ гъуэгуанэхэр къызэгъэпэщакIуэхэм ирагъапщэ курыт еджапIэм щIэс сабийхэм дунейхэгъуазэмрэ тхыдэмкIэ къыхузэрагъэпэщ зыплъыхьакIуэ дерсхэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦIыхубэ фронтым хэтхэм я мурадщ адэкIэ «ГущIэгъу 07» псапащIэ фондым дэлэжьэну, ди щIыналъэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр къыщрашэкIыну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.