Комсомолхэм блынхэр ягъэдахэ

Налшык и комсомол зэгухьэныгъэм хэтхэм Къэбэрдей уэрамым тет унэм сурэтхэр тращIыхьащ, «Минеральные воды» IуэхущIапIэм пэмыжыжьэу. Iуэхур къызэрагъэпэщащ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ.

 

Блыным граффити сурэтхэр тещIыхьыным теухуа Iуэхум хэтащ комсомолхэмрэ студентхэмрэ. Ар и жэрдэмщ КъБКъУ-м и япэ курсым щIэс комсомол Мэржан Аслъэн. Художник ныбжьыщIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныпыр блыным тращIыхьащ икIи тратхащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100» псалъэхэр. Апхуэдэу Iуащхьэмахуэрэ Сосрыкъуэрэ я сурэтхэри тращIыхьащ.

 

- Блыным граффити сурэт тетщIыхьыным тыншу арэзы техъуакъым а IуэхущIапIэм и унафэщIхэр. ИкIэм арэзы хъури, ди мурадыр къыдэхъулIащ, - жеIэ Мэржан Аслъэн. - Гъунэгъуу абдеж сызэрыщыпсэум къыхэкIыу, махуэ къэс а унэмкIэ сыблэкIырти, сигу къэкIащ зы гъэщIэгъуэн гуэр а блыным тепщIыхьу и IуплъапIэр зэрыпхуегъэфIэкIуэнур.

 

Комсомол зэгухьэныгъэм и унафэщI Мыз Мурат зэрыжиIамкIэ, КПРФ-м и къудамэу ди республикэм щыIэм и япэ секретарь Пащты Борис IуэхущIапIэм и унафэщIхэм щагурыIуэм, щIалэхэм пщэдджыжьым сыхьэти 9-м щIадзэри, пщыхьэщхьэ хъуху егугъуу сурэтхэр блыным тращIыхьащ. НыбжьыщIэхэр Iэмэпсымэхэм щыдахьэха нобэрей зэманым щIалэхэм къэблагъэ махуэшхуэм и пэ къихуэу Iэмал иратащ сурэт щIыным щаIэ зэфIэкIхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ къагъэлъэгъуэну. Мыз Мурат зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ лэжьыгъэхэм иджыри къыпащэну яубзыхуащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.06.2023 - 10:01

ФIЫМ Я ФIЫЖХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

«Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм.

01.06.2023 - 10:01

ПШЭРЫХЬ ХУЩАНЭ…

Новеллэ

01.06.2023 - 09:03

ГЪАЩIЭМ И ДАМЫГЪЭХЭР

Щыхьэрышхуэхэмрэ къалэ цIыкIухэмрэ я теплъэхэр егъэфIэкIуэным, хьэщIэ кIуапIэ щIыным, цIыху нэхъыбэ ешэлIэным, ахэр нэгузыужьыпIэу гъэпсыным ехьэлIауэ зэхьэзэхуэ куэд къэралым иужьрей илъэсхэм щраг

01.06.2023 - 09:03

ПХЪЭIЭПЭ

Ди зэманым хадэхэм дызэрилэжьыхь пхъэIэпэр къызытехъукIа Iэмэпсымэр къызэрыунэхурэ куэд щIащ.

31.05.2023 - 12:25

УАХЭР ЗЫЩIЭЗЫШЭЩ

 Къыщысынур дымыщIэми…

Хьэршыр зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, уахэ щIэншэм къыщызылъэтыхь мащэ кIыфIхэм я зэранкIэ ЩIы Хъурейр бзэхыжыпэнкIэ хъунущ.