Шууей зекIуэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур зэрагъэлъэпIэнум щIыналъэм жыджэру зыщыхуагъэхьэзыр. Абы хуэгъэпсауэ, Урысейм нэхъапэкIэ апхуэдэ Iуэхугъуэ къыщымыхъуауэ, Бахъсэн къалэ округым адыгэ фащэхэр зыщыгъ шууейхэм я зекIуэ къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ. Абы кърагъэблэгъэнущ рекордхэр зратхэ тхылъым и редакцэм и лIыкIуэхэри.
Къалэ администрацэм и жэрдэмыр диIыгъащ республикэм и Iэтащхьэми. Абы нэхъри гушхуэныгъэ къахилъхьауэ Iуэхугъуэшхуэр екIуу зэрырагъэкIуэкIынум сыт и лъэныкъуэкIи зыхуагъэхьэзыр. ЗекIуэр зэрекIуэкIынум, абы и лъэныкъуэкIэ я гугъэхэмрэ мурадхэмрэ тедгъэпсэлъыхьащ Бахъсэн къалэм и щlыпlэ администрацэм и унафэщl Мамхэгъ Хьэчим. - Адыгэ фащэр зыщыгъ шууей минрэ ныкъуэм километр 25 - 27-рэ хъу гъуэгуанэ зэпытчыну ди гугъэщ. Ди республикэм щыщ щIалэхэм я мызакъуэу, абы къыхыхьэнущ Осетие Ищхъэрэ - Алание, Шэшэн, Ингуш, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Ставрополь крайм щыщхэри, - къыщIидзащ псалъэмакъыр Мамхэгъым. - Iуэхум нэгъэсауэ дыхуэхьэзырынымкIэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр зэфIэдгъэкIащ. Сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщу шууей 1500-рэ зэхуэфшэсыфыну жыпIэмэ, ар тхузэфIэкIыну дыкъигъэгугъэу Iуэхум иужь дихьащ. Къапщтэмэ, ди республикэм шыкIи, абы и IэпслъэпсхэмкIи, фащэкIи зыхуей хуэгъэзауэ, шууей минищым нэс къыхэпшыфынущ. Ди гъунэгъу щIыналъэхэм къикIыу зекIуэм къыхыхьэну гупыж зыщIауэ къыджаIахэм я бжыгъэр абы хэплъхьэжмэ, куэдкIэ нэхъыби дыхъуфынущ. - Зекlуэм къыхыхьэну хуейхэм сыт хуэдэ пщалъэхэр яхуэвгъэуврэ? - Псом япэрауэ, Iэмал имыIэу адыгэ фащэр ящыгъын хуейщ. Адэкlэ и ныбжьым, и узыншагъэм къитIасэрэ, къэдгъэлъэгъуа гъуэгуанэр шууэ зэпичыныр хузэфIэкIынумэ, гукъыдэж зиlэ дэтхэнэри къыхыхьэ хъунущ. Шууейхэм я узыншагъэм, шыхэм я щытыкIэм кIэлъыплъын цIыхухэр ди гъусэнущ. ЗэрыжаIэу, гъуэгум и бгъуагъри и кIыхьагъри зыхуэдэр зыми ищIэркъым. Адыгэшрэ адыгэлIрэ жаIэ. Апхуэдэм деж зэуэ уи нэгу къыщIыхьэр лъэпкъ фащэр екIуу зыщыгъ шууейщ. Псоми зэращlэщи, ди лъэпкъым шым пщlэшхуэ хуищlу, и фащэри екlуу зэрихьэу къэгъуэгурыкIуащ. Ар щапхъэ яхуэхъуащ ди гъунэгъу лъэпкъхэми. Гу зэрылъыттащи, иужьрей илъэсхэм ди щlалэгъуалэм а хабзэхэр къащтэжу щlадзащ: шыр зэзыгъэпэщыжхэри нэхъыбэ мэхъу, лъэпкъ фащэр щызытIагъэхэми, ар махуэшхуэхэрауи щрырет, къахохъуэ. Уигу хэзыгъахъуэ lуэхугъуэщ ар. - Апхуэдэу щыщыткIэ, мыпхуэдэ зэхыхьэхэр ди щIэблэр гъэсэнымкIэ, ущиинымкIэ, лъэпкъ хабзэжьхэр ящIэу къэгъэхъунымкIэ щхьэпэу къэплъытэрэ? - Абы шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. Мы зекIуэм щIалэгъуалэм и мызакъуэу, нэхъыжьхэри хэтыну дыщогугъ. Абыхэм я ущие, я чэнджэщ щIалэхэм зэхахынымкIэ, нэхъыщIэхэр зырыцIыхунымкIэ, адэкIэ зэрыщIэу, зэрыIыгъыу къыздэгъуэгурыкIуэнымкIэ зэхыхьэр щхьэпэ хъуну дыхуейщ. Гъуэгуанэм цIыхур гъунэгъу зэрызэхуищIыр къэплъытэмэ, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу къытхыхьэну хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ яку зэныбжьэгъугъэ къыдэхъуэнымкIи ар Iэмал хъарзынэщ. Шым утесу къэпкIухьыныр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэщ. ЩIэблэр узыншэмэ, лъэпкъри узыншэнущ. Лъэпкъ узыншэ зиIэ къэралыр лъэщу, лъабжьэ быдэ иIэу щытынущ. Адыгэм шыр зыпищI щыIэтэкъым, ар и унагъуэм къыдисхэм ящыщ зыуэ къилъытэрт. Шым епха хабзэшхуэ иIэщ ди лъэпкъым. Мыпхуэдэ IуэхухэмкIэ абы ди щIэблэр щыгъузэ тщIыжмэ, тхыдэм щыщ а Iыхьэр ищIэу къэхъунымкIэ гугъапIэ къыдет. Адыгэ фащэм и гугъу пщIымэ, ар лъэпкъ куэдым бзыпхъэ зытраха щыгъынщ, уеблэмэ Урысейм и дзэм хэтхэми, къапщтэмэ, езы урыс пащтыхьми ящыгъыу щытащ. Нтlэ, апхуэдэ тхыдэ зиlэ фащэ дахэр дэ щхьэ зетхьэн хуэмейрэ?! - Дуней псом ди цIэр иджыри зэ фIыкIэ къыщIраIуэн Iуэхугъуэ дахэ къефхьэжьащи, Тхьэм къывигъэхъулIэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|