ЩIалэгъуалэр егъэгушхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу иджыблагъэ къы­зэрагъэпэща автомобиль зе­кIуэм хэта­хэм я жэрдэмыр игъэдэхащ, ар зи гукъэкIхэр игъэгуш­хуащ, езы­ри яхэтащ.

ЩIалэгъуалэр автомобилхэмкIэ Тырныауз къалэм деж щежьэрти, Джаурген щхьэдэхыпIэмрэ Щауэкъан бгы тхыцIэмрэ кIуэцIрыкIыу Таучэшхэ я псынэм (Джылы-Су) хуэкIуэрт. АвтозекIуэр зэ­рекIуэкIам и хъыбарыр КIуэ­кIуэ Казбек и Телеграмым щыжиIащ: «АвтозекIуэм хэтащ ди щIалэгъуалэм ящы­щу мыпхуэдэ жэрдэмхэм ­жану хэлажьэхэр, «Шына­гъуэншагъэм и еджапIэ» егъэджэныгъэ проектым и волонтёрхэр, Урысейм и щIы­пIэ зэхуэмыдэхэм къикIа ­ныбжьыщIэхэр. Жэрдэмыр къы­хэзылъхьар Къэбэрдей­-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэ Iуэху­хэмкIэ и министерст­вэрщ».

КIуэкIуэ Казбек къызэрыхигъэщамкIэ, автозекIуэм куп­щIэ хуэхъуащ ди щIы­налъэм щыщу зауэ операцэ хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм щыIэ ди щIалэхэр гъэгушхуэныр.

«Урысей щIалэгъуалэ» ­къулыкъущIапIэм къыхилъ­хьауэ щыта зэхьэзэхуэм ­щытекIуа гупым Таучэшхэ я псынэм деж автомобиль ­зе­кIуэм хэтхэм папщIэ «Этно-шэтыр» зыфIаща къэувыIэпIэ щыхуащIащ. КъБР-м и Iэтащхьэм абдеж щIалэ­гъуалэм псалъэмакъ щхьэпэ щадригъэкIуэкIащ, ахэр Iуэху дахэхэмкIэ жэрдэм­щIакIуэу зэ­рыщытыр зэри­гуапэри къыхигъэщащ. «Сыт хуэдэ дин зепхьэми, сыт хуэдэ лъэпкъ укъыхэкIами, нэхъыщхьэр - узэры­цIыхур - ­зы­щыб­гъэ­гъуп­щэ хъунукъым. ЦIыхугъэм ­гъунэгъу узэхуещI, гуп­сысэ щхьэпэхэм ухуешэ, хъуэ­пса­пIэ лъагэ­хэм ухуеIэу, ахэр зэрызэбгъэхъулIэным уху­щIэкъуу уещI. ЦIы­ху­гъэ зи­Iэр цIыху щы­щIэркъым, ныб­жьэгъу пэж­хэр и куэдщ», - яжриIащ щIалэгъуалэм

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

22.04.2025 - 10:22

Къэралым цIыхухэм защIегъакъуэ

Хуэныкъуэхэм е уна­гъуэ хуэмыщIахэм зэгу­ры­IуэныгъэкIэ къэралым зэ­ры­защIигъакъуэ Iэмалыр зэ­рырагъэфIакIуэм теухуауэ щытащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр х

22.04.2025 - 09:14

ЗэкIэ нэхъ мащIэ хъуркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказ Ищхъэрэми УФ-ми щынэхъ цIыкIущ, къитащ Урысей Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.

22.04.2025 - 09:13

«ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэ»

ЩIыуэпсым гулъытэ хэха хуэщIыным хуэгъэзауэ гъатхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм «ЩIым и махуэ» фIащами, нэхъапэхэм абы зэреджэу щытар «ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ».

21.04.2025 - 12:00

Зэран мэхъу, хэщIыныгъи ирет

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэ­рызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.

21.04.2025 - 09:01

Спорт хъыбархэр

НыбжьыщIэхэр зэпоуэ