Мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и ухуа­кIуэхэм я махуэм теухуауэ хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ.

 

«КъБР-м и ухуакIуэхэмрэ а IэнатIэм лэ­жьыгъэкIэ епхауэ щытахэмрэ сигуми си псэми къабгъэдэкIыу фи махуэм хуэгъэза­-уэ сынывохъуэхъу! Фи IэщIагъэр, сытым ­дежи хуэдэу, щIэупщIэшхуэ зиIэщ, пщIэи щIыхьи зыхуэфащэщ. Ухуэныгъэм пыщIа лэжьыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зиужьынымкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэщ.

Фи IэщIагъэм къыщывгъэлъагъуэ Iэзагъэм, зыхуэвгъэувыжа къалэнхэм жэуап­лыныгъэ нэс пылъу фызэрыбгъэдыхьэм, шэч хэмылъу, елъытащ фи Iуэхухэм фызэ­рехъулIэр. Фи лэжьыгъэм щыщу псом япэ­рауэ къыхэгъэщыпхъэр дызэрыт лъэхъэ­нэм цIыхухэр зыхуэныкъуэ-зыпэлъэщ псэу­пIэхэмкIэ къызэрызэвгъэпэщырщ, иджы­рей мардэхэм къитIасэ школыщIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, поликлиникэхэр, щэн­хабзэмрэ спортымкIэ ухуэныгъэхэр зэ­рызэфIэвгъэувэрщ. Фи лэжьыгъэм ерыщу фызэрыбгъэдэтымрэ Iэзагъэу къыщывгъэ­лъагъуэмрэ я фIыгъэкIэ республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я теплъэм фIы и лъэныкъуэкIэ захъуэж, цIыхухэм я псэукIэр кIуэ пэтми йофIакIуэ.

Лэжьыгъэм фыхуэпэжрэ хьэлэлуи фы­зэрыбгъэдэтым, фызыIууэ гугъуехьхэри къы­зэвнэкIрэ зыхуэвгъэувыжа къалэнхэми фызэрехъулIэм папщIэ Тхьэм фIыгъуэр къыфхуищIэ вжыдоIэ. ФIыщIэ лей яхудощI зи гъащIэр, лэжьыгъэр ухуэныгъэм епхауэ къэгъуэгурыкIуа, зи Iэзагъэ-щIэныгъэкIэ щIэб­лэм щапхъэ яхуэхъуа нэхъыжьхэм. 

Псоми узыншагъэ быдэ фиIэну, ехъу­лIэныгъэ фыщымыщIэу куэдрэ фыпсэуну сынывохъуэхъу!».

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.02.2026 - 09:03

Къэралым и плъапIэщ

2025 гъэм и пэщIэдзэм ирагъэжьа «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» щIэныгъэ программэр илъэсым и кIуэцIкIэ ехъулIэныгъэ-хэр иIэу ирагъэкIуэкIащ.

06.02.2026 - 09:03

ЩIэныгъэм и лъагъуэхэр

Сыт хуэдэ Iуэхуми къытрегъэзэж, сыт хуэдэ гупсысэри щIэрыщIэу   утыку къохьэж, жиIэгъат пасэрей гупсысакIуэ гуэрым.

06.02.2026 - 09:03

Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэхуэс

КъБР-м Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм щызэхуэсащ абы хэтхэр, кърагъэблэгъащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэ­­­ныгъэ центрым информполитикэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м и Кинематограф

05.02.2026 - 09:10

УзытеплъэкъукI мыхъуну лэжьыгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек яIущIащ рес­публикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ министр Журавлев

05.02.2026 - 09:07

ЦIыхубэм ягу илъщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ теат­рым щIышылэм и 30-м фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ.