Къэрал ныпхэр щаIэтынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ дэт, Науржан Ибрэхьим и цIэр зе­зыхьэ Гимназие №1-р зэ­зыгъэ­пэ­щыж лэжьыгъэхэр зэры­щекIуэкIыр зригъэ­щIэ­ну иджы­благъэ щы-Iащ.

 

Курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэр 1961 гъэм яухуауэ щытащ. Мы зэманым абы сабий 700-м щIигъу що­джэ. Зэгъэпэщыжын хуей Iуэхугъуэхэм къызэщIаубыдэ еджапIэм и унащхьэр, бжэ­хэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэ­хъуэ­кIы­ныр, пэшхэм я лъэгур ­къихауэ щIэ идзыжыныр, ­уэз­дыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр, бжьамийхэр щIэуэ щIэшэ­жыныр, санитар-техникэ Iэ­мэ­псымэхэмкIэ къызэ­гъэ­пэ­щы­ныр, унэ кIуэцI блынхэр зехьэныр. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ зэрахьэ икIи къагъэ­щIэрэ­щIэж еджапIэм и IуплъапIэм ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщ­хьэхэр зэ­фIэ­кIащ - унащхьэр тралъхьащ, бжэ-щхьэгъубжэхэр халъ­хьащ.

КъБР-м и Iэтащхьэр ап­хуэдэу щыIащ къалэр гъэдэ­хэным икIи зэIузэпэщ щIы­ным ехьэлIауэ ухуэныгъэхэр щекIуэкI щIыпIэхэм. Апхуэдэу КIуэкIуэ Казбек щыIащ Къуэ­ныкъуей Назир и цIэр зезыхьэ уэрамым деж щагъэтIыса жыг хадэ мащIэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым еплъыну. Мы зэманым абдеж лъэс ­лъагъуэхэр тралъхьащ, уэздыгъэ пкъохэр щагъэуващ, са­бийхэр щы­джэгу, я нэгур зыщрагъэужь хъуну зыгъэп­сэхупIэхэри щащIащ. Удзып­цIэхэм IэкIэ зэрагъакIуэ псы­щIэгъэ­лъа­дэхэр хуащIащ. Бжьыхьэ пщIондэ жыг хадэ мащIэм иджыри жыгыщIэхэр щагъэтIысыну я мурадщ.

Абхъаз утми ухуэныгъэ лэ­жьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI. УнафэщIхэм къы­халъхьа проектым ипкъ иткIэ, Абхъаз утымрэ Къэ­бэр­дей-­Балъкъэрыр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ ягъэ­тIысыну жыг хадэмрэ зы архитектурэ жыпхъэ яIэнущ. ЩIыпIэм зэрызрагъэукъуэдиям и мызакъуэу, мыбдеж зекIуапIэхэмрэ лъэс лъа­гъуэхэмрэ и кIыхьагъкIэ пхашынущ, тетIысхьэпIэхэр ­трагъэувэнущ, щIыпIэ-щIы­пIэкIэ ут щхъуантIэхэр щащIынущ. «Апхуэдэ дыдэу, - щетх и Телеграмым КIуэкIуэ Казбек, - ЗэгурыIуэныгъэм и утри зэдгъэпэщыну ди ­гугъэщ. IэщIагъэлIхэр иужь ихьащ Къэ­бэрдей-Балъ­къэрымрэ Уры­­сеймрэ я къэрал ныпхэр зытетыну шыкуэтэнхэм я гъэу­выным. Ныпхэр шы­щхьэу­Iум и 22-м - Урысейм и къэрал ныпым и махуэм - яIэтыну траухуащ. Шыкуэтэнхэм я лъагагъыр метр 35-рэ хъунущ, ныпхэр къызыхэ­щIы­кIа щэкIхэм я инагъри метри 7 x 10,5-рэ ­хъунущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.