ГугъапIэ нэху![]() Абхъазыр зыхъумахэм я фэеплъ махуэм къыкIэлъыкIуэу Сыхъум щагъэлъапIэ я фIэфIыныгъэкIэ абы щызэуахэм я махуэр. Ди къуэш республикэм и тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ хьэлъэхэм ящыщ зы махуэм къыкIэлъыкIуэу къэунэхуа махуэр, шыщхьэуIум и 15-р, абхъаз лъэпкъым, хэкум дежкIэ лъапIэщ. Илъэс 30 ипэкIэ щIыпIэм ихьащ мамырыгъэм папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр, къуэш пэлъытэу якъуэува щIалэхэр. Дауи, псом япэ ирагъэщыр адыгэ зауэлI, Абхъаз Республикэм и ЛIыхъужь, генерал Сосналы СулътIанщ. Апхуэдэуи сэлэтхэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIыным, я къарур нэхъ лъэщ хъуным я гуащIэ халъхьауэ ноби ящыгъупщэркъым Щэныбэ Мусэ, Нало Заур, Къалмыкъ Юрэ, Акъбащ Борис сымэ. Абхъазхэм къатехьэ лейм пэщIэувэну ежьат адыгэ щIалэхэр. Уеблэмэ абыхэм я адэ-анэм жраIэртэкъым зэрежьэр. Ахэр иришажьэрт зэкъуэшхэм ящIэт лъым, пэжыгъэм, захуагъэм хуаIэ гулыцIым. ЦIыху минитI кIуащ абхъазхэм якъуэувэну, ахэр псори лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIат. Куржы-Абхъаз зауэм хэта куэдым я цIэр иджыри къыздэсым цIыхубэм яIэщIэхуакъым - Сосналы СулътIан, Ханкаров Хьэмзэт, Къардэн Генэ, Бардодым Сашэ, нэгъуэщIхэри. ХэкIуэда щIалэхэм я адэ-анэхэм нобэми пщIэрэ гулъытэрэ хуащIу апхуэдэщ. Ди зэпыщIэныгъэмрэ дызэзыпх Iуэхумрэ едгъэфIэкIуэн, псори дызэгъусэу фIым, гуапагъэм, дахагъэм дыхущIэкъун зэрыхуейр къегъэлъагъуэ абхъазхэм я щхьэщыжакIуэхэм папщIэ хагъэунэхукIа махуэм. Абы ирихьэлIэу Апсным щызэуа куэд щызэхуос а лъахэм, зэкъуэшхэр зэрылъагъуну, зауэм хэкIуэдахэм яхуэщыгъуэну. ШыщхьэуIум и 15-р зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэшыгъэм я махуэ лъапIэу къелъытэ Абхъазым и лIыхъужь Нанбэ Закан: «1992 гъэм и шыщхьэуIум и 15-р гугъапIэ нэхум и махуэ хъуат. А махуэм дэ къыдгурыIуат Кавказ бгыжьхэм адэкIэ къыщыс ди къуэшхэм дэ щхьэкIэ лъы ягъэжэну зэрыхьэзырыр. Апхуэдэ зэкъуэувэныгъэм и уасэр, и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ». Мы махуэхэм Абхъаз Республикэм и Жылагъуэ палатэм къыщыпсэлъащ Абхъаз анэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, Абхъазым и лIыхъужь Тарбэ Азрамет и анэ Кичбэ Гули. Абы жиIащ кавказ анэхэм щIалэ хэкупсэхэр зэрагъэсар, ахэр пэжыгъэм, захуагъэм къыщхьэщыжыным хуэхьэзыру зэрыпсэур. Гули игу къигъэкIыжащ анэхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэща нэужь, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм зэрыкIуар, Абхъазым щыхэкIуэдахэм я анэхэм зэрахуэзар, щIалэхэр щыщIалъхьа щIыпIэхэм зэрыщыIар. Абхъазхэм я деж пщIэшхуэ щызиIэ, абыхэм иджыри быдэу япыщIа Сосналы СулътIан и щхьэгъусэ Любэ игу къигъэкIыжащ, дзэлI цIэрыIуэр Абхъазым кIуэну щежьа махуэр. - ШыщхьэуIум и 14-р мэремт, а махуэм хъыбарыр къызэрыIуу СулътIан пщIантIэм къыдэкIауэ щытащ цIыху 23-рэ и гъусэу. Ахэр автобускIэ Гудаутэ кIуащ. ЗэрыжаIэжамкIэ, хуабжьу шынагъуэт икIи гугъут абхъаз щIыналъэм а махуэм уихьэну. Ауэ къателъалъэ шэ къэуэжым нэхърэ нэхъ Iейуэ СулътIан зытегузэвыхьыр бийр къызытеуа абхъазхэм я щытыкIэрт, я гум илъырт, дэIэпыкъуэгъу яхуэкIуэхэр къазэрыщыхъунурт, куржыхэм акъылэгъу ядэхъун-ядэмыхъунырт. Гудаут митинг щекIуэкIыу ирихьэлIащ адыгэ гупыр. ЗылI абхъазыбзэкIэ къэпсалъэрт. Зыкъом дэкIри, абы едаIуэхэр къызэщIэпIейтеящ, къэпсалъэм пэрыуэу хуежьахэщ. Къэбэрдейм икIа цIыху 23-м ящыщ Сосрэн Владимир щIэупщIащ лIым жиIэр хузэрадзэкIыну. ИкIи абдеж щытхэм къыжраIащ къэпсалъэм абхъазым иIэ Iэмалымрэ къарумрэ дзыхь зэрытримыщIэр, бийр IэщэкIэ фIыуэ зэрызэщIэузэдам, и лъэпкъыр къыхагъэщIэным зэрыригузавэр, икIи абы къыхэкIыу куржыхэм яхуэзэн, епсэлъэн хуейуэ къызэрилъытэр. Ауэ цIыхубэр къигъэгубжьат куржыхэр къазэрытеуам, лъы зэрагъэжам, ар къызэрыхуамыгъэгъунур жаIэу арат. Ар зэрызэхихыу, Владимир утыкум ихьэщ, къэпсалъэр иригъэкIуэтэкIри, жиIат: «Абхъазхэ, фи къуэшхэр мо къуршыщхьэм къызэпрокI, гъуэгу тетщ, куэд мыщIэу къэсынущ. ФыкъимыкIуэт, фэ фи закъуэкъым, дэ дывигъусэщ!». Абы щыгъуэм гупыр зыуэ къызэрыIэтат я гуфIэгъуэр къагъэлъагъуэуи, ар куэдрэ СулътIан жиIэжащ. Сосналы Любэ къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ а щIыналъэм зэуэну кIуа адыгэ щIалэхэм: «Нобэ щыщIэдзауэ абхъазу дыфлъытэ», - псалъэхэр тхьэрыIуэ папщIэу жаIэу зэрыщытар. Къару лъэщ яхуэхъуащ ахэр абхъазхэм. Пэжыр, зэкъуэшыныгъэр, захуагъэр текIуэри, Апсным иIуэтэжащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|