«Сабийр еджапIэм хуэгъэхьэзыр»![]() Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Сабийр еджапIэм хуэгъэхьэзыр» зыфIаща псапащIэ Iуэхур иджыри щокIуэкI.
КъБР-м Волонтёр зэщIэхъееныгъэм зиужьынымкIэ и щIыналъэ центрым и унафэщI Асыкинэ Татьянэ зэрыжиIамкIэ, псапащIэ Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэми, и щIыналъэхэми къыщызэрагъэпэ-щащ, сабийхэр щIэтIысхьэжа нэужь, зыхуэныкъуэну Iэмэпсымэхэр, зэреджэну хьэпшыпхэр, ахъшэр щызэхуахьэс щIыпIэхэр къыщызэIуахащ. Къыхэгъэщын хуейщ щытыкIэ гугъум ихуа бынунагъуэшхуэхэм зыщIагъэкъуэну хуейхэм я бжыгъэм махуэ къэс зэрыхэхъуэр, щхьэж хузэфIэкIкIэ сабийхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэпэщу щIрагъэдзэжыным зэрыхуепIэщIэкIыр. Псалъэм и хьэтыркIэ, иужьрей тхьэмахуитIым псапащIэ Iуэхум щIэгъэкъуэнышхуэ къахуэхъуащ КъБР-м ЩIы Iуэхухэмрэ мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, «Шэрджэс» уней хъумакIуэ IуэхущIапIэр, Сэрмакъ (Бабыгуей) къуажэм дэт, Лыджыдэ Хьэлым и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м и егъэджакIуэхэмрэ къекIуалIэ сабийхэм я адэ-анэхэмрэ, «УхуакIуэ-Къалэ» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр, Налшык къалэм дэт гимназие №13-м и егъэджакIуэхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм деж Волонтёр зэщIэхъееныгъэм зиужьынымкIэ щыIэ советым хэтхэр, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ, КъБР-м ПромышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ, нэгъуэщI куэди. Апхуэдэу щIыналъэхэм щыIэ къулыкъущIапIэхэми лъэкI къагъанэркъым зи Iуэху хуэмыщIа унагъуэхэм я сабийхэр еджапIэм щIэгъэтIысхьэжыным хуэунэтIауэ зыхуэныкъуэхэм-кIэ къызэгъэпэща хъунымкIэ. ПсапащIэ Iуэхум зыхуигъэувыж къалэнхэм ящыщщ сабийр еджэным къыщигъэсэбэпыну IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, щытыкIэ гугъум ихуа, зауэм и мафIэр зылъэIэса унагъуэхэм защIэгъэкъуэныр. Iуэхур зэфIэкIа нэужь, «Гум къыбгъэдэкIыу» зыфIаща, ЦокIыл Азэмэт и псапащIэ концертыр екIуэкIынущ. Абы къыхэкIа ахъшэр сабийхэм я тхылъылъэхэр къэщэху- ным трагъэкIуэдэнущ, къыдэхуар Луганск икIи Донецк щыщ унагъуэхэм Iэрагъэхьэнущ. Концертыр шыщхьэуIум и 20-м сыхьэт 19.00-м щIидзэу Театр щхъуантIэм щызэхашэ- нущ. ПсапащIэ Iуэхур «Лэгъупыкъум ищхьэжкIэ» псапащIэ фондым, ЦIыхубзхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм, «Уи гъунэгъум дэIэпыкъу» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, «Гум къыбгъэдэкIыу» зи фIэщыгъэ, ЦокIыл Азэмэт и проектым я щIэгъэкъуэнышхуэ хэлъу КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Сабийхэм я гукъыдэжыр къэзыIэт, унагъуэхэм ятелъ хьэлъэ куэд ящхьэщызых псапащIэ Iуэхур шыщхьэу-Iум и 20 пщIондэ екIуэкIынущ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|