Хэт и къафэ нэхъ дахэ?!ШыщхьэуIум и 15 - 19-хэм Кърымым щрагъэкIуэкI «Таврида. АРТ» фестивалым и лезгинкэ-батлым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуэнущ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым. Зэхыхьэр ящыщщ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я гъэу мы илъэсыр зэрагъэувам и щIыхькIэ къызэрагъэпэщ Iуэху дахэхэм.
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, фестивалхэм я фестивалу къалъыта, Кърымым щекIуэкI «Таврида. АРТ» щIалэгъуалэ зэхуэсышхуэм хыхьэ «Коро- ли лезгинки» Iыхьэм Кавказ Ищхъэрэм и къэфакIуэ- хэм зыкъыщагъэлъэгъуэ- нущ. Урысейм ис лъэпкъхэм къафэм щаIэ зэфIэкIхэр къа- гъэлъэгъуэнущ икIи абы къыщыхахынущ «Къафэм и пащтыхь» цIэр зыхуэфащэр. «Таврида. Арт» фестивалым и продюсер Чаплинская Викторие жиIащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я деж щIэупщIэ нэхъ ин щызиIэ лезгинкэ къафэр къыщыунэхуам, ар къэзыгупсысам, нэхъыфIу зыгъэзащIэм теухуа зэдауэ нобэр къыздэсым зэрыщыIэр. Аращ абы теухуа зэпеуэр къыщIыхалъхьам и щхьэусыгъуэри. Лъэпкъхэм Iэмал яIэщ къафэ гъуа-зджэм щаIэ зэфIэкIыр къагъэлъэгъуэну. Зэхьэзэхуэм и иужьрей Iыхьэр шыщхьэуIум и 18-м «Таврида. АРТ» фестивалым и утыку нэхъыщхьэм щрагъэкIуэкIынущ. Зэпеуэм цIыху мин 25-м щIигъу щызэхуэсынущ икIи лезгинкэ нэхъыфIу къафэхэр IэIэткIэ къыщыхахынущ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2019 гъэм щыщIэдзауэ «Таврида. АРТ» щIалэгъуалэ фестивалыр Кърымым къыщызэрагъэпэщ. Абы я зэфIэкI щоплъыж щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ехъулIэныгъэфIхэр щызиIэхэр. - Федеральнэ проектым хыхьэ «Таврида. АРТ» фестивалым ди республикэм и цIэкIэ зыкъыщыдгъэлъэгъуэну я дзыхь къызэрыдагъэзар гуапэ тщыхъуащ. Апхуэдэ цIыхушхуэ щызэхуэса зэхыхьэм зыкъыщыбгъэлъэгъуэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъщ. Къызэхуэсахэм я пащхьэм ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щыдгъэлъэгъуэн къудейкъым ди къалэныр, атIэ ди лъэпкъ щэнхабзэм и дахагъэм дедгъэхьэхынырщ. КърихьэлIа дэтхэнэми къафэм и псэр - лезгинкэр - ягу дыхьэу дгъэзэщIэну ди мурадщ, - жаIэ «Кабардинка» ансамблым хэтхэм. БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|