ЩIэныгъэ лъагэм хуача япэ лъэбакъуэхэр

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щахуэзащ республикэм и Iэтащхьэм щIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ игъэувауэ щыта саугъэтыр 2021, 2022 гъэхэм зыхуагъэфэщахэм. ЗэIущIэ гуапэм хэтащ  КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор.

 

 Саугъэт лъапIэр зэрыхуагъэфэщам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъымрэ дамыгъэхэмрэ КIуэкIуэ Казбек яритыжащ лауреатхэм. Апхуэдэ пщIэ лъагэ ялъысащ ди республикэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэу

 Гъыдзэ Луизэ, «Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центр» федеральнэ щIэныгъэ центр» федеральнэ къэрал щIэныгъэ бюджет IуэхущIапIэм и къудамэм - Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ институтым бжыгъэ къутахуэхэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэм - бжыгъэ къутахуэхэмрэ дифференциальнэ уравненэхэмкIэ иригъэкIуэкIа щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм къарикIуахэм папщIэ;

Къалмыкъ Рустам, «Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм элек­троникэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ информацэ технологиехэмкIэ и кафедрэм и доцентым - бдзамцIэм и халькогенидхэр я лъабжьэу курыт температурэхэм хиубыдэ хуабэ энергиер электрическэ энергиехэм зэрыхуагъакIуэ полупроводник нанокомпозит материалхэр къызэригупсысам папщIэ;

Кущев Станислав, «Бгы лъагэ геофизикэ институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэм - ЩIым теухуа естественнэ щIэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр зэрыригъэкIуэкIам папщIэ;

Моллаевэ Малика, «Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и акаде-мием бгылъэ щIыналъэхэм я экологиемкIэ Тембот А. Къ. и цIэр зезыхьэ и институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и щIэныгъэ лэжьакIуэм - естественнэ щIэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр зэрыригъэкIуэкIам папщIэ;

Уэдыжь Андемыркъан, «КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет еджапIэм и аспирантым - къэкIыгъэхэр зехьэнымкIэ иджырей технологиехэу экологиер зыхъумэхэр зэрызэхилъ­хьам икIи къызэригъэсэбэпам папщIэ;

 Будаев Алим, Гидрометеорологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрызихъуэжым кIэлъыплъынымкIэ къэрал къулыкъу­щIапIэм и «Бгы лъагэ геофизикэ институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм физикэмкIэ и къудамэм пшэхэм я зэхэлъыкIэр зыдж и лабораторэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэм, - ЩIым теухуа щIэныгъэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэхъуа къэхутэныгъэхэр зэрыригъэкIуэкIам папщIэ;

Нарожнов Виктор, «Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и акаде-мием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центр» федеральнэ щIэныгъэ центр» федеральнэ къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм и къудамэм - прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ институтым автоматизацэмкIэ и лабораторэм и щIэныгъэ лэжьакIуэм, - пкъыгъуэхэр щыщIиупскIэкIэ, щызэжьэхэуэкIэ къэхъухэр къэхутэным хуэунэтIауэ иригъэкIуэкIа теорие, практикэ къэхутэныгъэхэм кърикIуахэм папщIэ;

Хьэвжокъуэ Людмилэ, «Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центр» федераль­нэ щIэныгъэ центр» федеральнэ къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм и къудамэм - Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и унафэщIым, - гуманитар щIэныгъэхэм щызэфIигъэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм папщIэ;

Хьэжмэт Алианэ, «КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университет» профессиональ­нэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет еджапIэм техникэ механикэмрэ физикэмкIэ и кафедрэм и ассистентым, - бгы нэкIухэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр щыгъэкIыным хуэщхьэпэну, къарурэ мылъкурэ къыдэзыгъэхуэну, щIыуэпсми зэран хуэмыхъуну щIэныпхъэхэмрэ Iэмалхэмрэ зэрызэхилъхьам папщIэ;

ХьэкIуащэ Инарэ, «Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» профессиональнэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет еджапIэм факультет терапиемкIэ и кафедрэм и ассистентым, - лъыдэуей, гу узыфэхэр зиIэ сымаджэхэм атеросклерозыр, артериосклерозыр къазэрефыкI щIыкIэхэр зэхэгъэкIыным, лъынтхуэхэр ткIий щIэхъу, эндотелийхэм я къалэныр щIамыгъэзащIэ щхьэусыгъуэхэр къэхутэным хуэгъэза къэпщытэныгъэхэр иригъэкIуэкIыу абыхэм кърикIуахэр я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп зэрыхъуам папщIэ.

ЯгъэлъэпIахэм республикэм и Iэтащхьэм фIыщIэ ин хуа­щIащ апхуэдэ саугъэт зэригъэувамрэ къыхуащIа гулъы­тэмрэ папщIэ. «Дэ къанэ щымыIэу бдыдоIыгъ ебгъэкIуэкI щIалэгъуалэ политикэр», - жиIащ Хьэвжокъуэ Людмилэ. «Бгъэува саугъэтым и фIыгъэкIэ студентхэр нэхъри дихьэхащ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм», - къыхигъэщащ и фIыщIэ псалъэм ХьэкIуащэ Инарэ. Нарожнов Виктор тепсэлъыхьащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэм и дежкIэ къэралым къыхуищI гулъытэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм, абы нэхъри гушхуэныгъэ къызэрыпхилъхьэм.

 КIуэкIуэ Казбек щIалэгъуалэм щепсалъэм къыхигъэбелджылыкIащ а саугъэтыр щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ куум япэ лъэбакъуэхэр зэрыхачам и щыхьэт наIуэу зэрыщытыр. «Фэ фи гъащIэр тевухуащ щIэныгъэм. А лэжьыгъэр зэфIывох ди къэралым, абы и цIыхухэм я зэIузэпэщыныгъэм, ехъулIэныгъэм папщIэ. АтIэми, дэри адэкIэ пытщэнущ фи зэфIэкIхэм яхуэтщI гулъытэм хэгъэхъуэ­ным», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр щIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм щылажьэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм къахьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ етыным теухуа унафэм КъБР-м и Iэтащхьэм Iэ щIидзауэ щытащ 2020 гъэм и кIэухым. Абы и мурад нэхъыщхьэщ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ я мурадхэм нэхъри тегъэгушхуэныр, абыхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм гулъытэ хэха хуэщIыныр. Къыхэдгъэщынщи, ди республикэм ис щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу хэ-    хъуащ иужьрей лъэхъэнэм. Иджыпсту абыхэм я бжыгъэр 600-м нызэрохьэс. Абыхэм ирагъэкIуэкI унэтIыныгъэ 27-рэ къызэщIэзыубыдэ къэхутэныгъэхэр. ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, ди щIыналъэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм яхэтщ УФ-м и Президентым, Фундаментальнэ къэхутэныгъэхэмкIэ урысейпсо фондым я грантхэр къэзыхьахэри. А псоми щIалэгъуалэр нэхъри зэрытригъэгушхуэр къыхигъэщащ КIуэкIуэм. КъэхутакIуэ ныбжьыщIэхэр щIыналъэм и унафэщIым дэгуэшащ яIэ мурадхэмкIэ, лэжьыгъэм лъэпощхьэпо хуэхъу IуэхугъуэхэмкIэ, щIэныгъэм ди республикэм адэкIи зыщиужьынымкIэ яIэ еплъыкIэхэмкIэ.

Республикэм и унафэщIым а Iуэхухэр зи пщэрылъхэм къалэн ящищIащ зэхуэсым къыщаIэта Iуэхугъуэ псоми набдзэгубдзаплъэу хэплъэну, щIалэгъуалэр федеральнэ щIэныгъэ зэпеуэхэм хэтыфын папщIэ, Iэмалхэр къалъыхъуэну.

 «Фи дуней еплъыкIэм папщIэ фIыщIэ фхузощI, зи гъащIэр щIэныгъэм тезыухуа фэ. Фызогъэгугъэ дяпэкIи къэрал гулъытэ фыщымыщIэну, евгъэкIуэкI лэжьыгъэ купщIа­фIэ­хэм яхуэфащэ пщIэ ягъуэтыну», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек, зэIущIэр щызэхуищIыжым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.