Гъуэгухэр къагъэщIэрэщIэж

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къы­щагъэщIэрэщIэжынущ курыт щIэныгъэ щрагъэ­гъуэт IуэхущIапIэ пщы­кIузым екIуалIэ гъуэгухэр.

 

Зи фIагъыр лъагэу къалъытэ гъуэгухэм я мардэ нэхъыщхьэр шынагъуэнша­-гъэр къызэгъэпэщынырщ. Гъуэгуухуэхэм къапэщылъщ асфальт къилъэлъар трахыу щIэ тралъхьэну, гъуэгум и кIыхьагъкIэ ирикIуэ турыр къыхалыкIыжыну, лъэс лъагъуэхэр яукъуэдиину, зэпры­кIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэм­рэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщыну, зекIуэкIэ хабзэхэм япыщIа IэрыщI гъуа­зэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэну.

КъагъэщIэрэщIэжын хуейщ­ гъуэгу километр хыщI­рэ тхум щIигъу, лэжьыгъэм и инагъ-куэдагъкIэ къапщтэмэ, IV техникэ лIэужьыгъуэм хохьэ. Гъуэгухэм щолэжь Налшык къалэмрэ щIыналъэм и къуажэ 17-мрэ.

Дзэлыкъуэкъуажэ, Шор­дакъ, Светловодскэ къуа­жэ­хэм блэкI, машинэхэр уэру щызэхэзекIуэ гъуэгушхуэм IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIи, пэщIэдзэ щIэныгъэ сабийхэм щрат, Iэпкълъэп­къым зыщрагъэужь спорт IуэхущIапIэхэри, Щэнхаб­зэмкIэ унэхэри, сабий гъэсапIэхэри тетщ. Гъуэгуухуэхэм пIалъэ кIэщIым къриубыдэу асфальтыжьыр трахри, щIы щхьэфэм гъуэгу лъэгур ­ираубгъуащ, гъунэхэр ягъэ­бы­дэри, щIэрыщIэу асфальт тралъхьэжащ. Апхуэдэу, уэх зиIэ, еуэкIыпIэ бзаджэхэр къыщыхъу щIыпIэхэм гъуэгу­рыкIуэхэри машинэзехуэхэ­-ри хуэсакъыну къыхуезыджэ дамыгъэхэри щагъэуващ, лъэс лъагъуэхэм зрагъэуб­гъуащ.

Благовещенкэ къуажэм дэт курыт еджапIэри, нэгу­зегъэужьыпIэ центрри, сабий гъэсапIэри гъуэгущхьэм тетщ. Къуажэр тIууэ зэпы­зыупщI гъуэгу занщIэм телъ асфальт пIащIэр трахри, къатитIу зэтелъ асфальбетоныр тралъхьащ, зэпры­кIыпIэ­хэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэ­фащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэща нэужь, къуажэм и кIыхьагъкIэ къэувыIэпIибл гъуэгум щагъэуващ.

Джэрмэншык, Жэмтхьэлэ, Анзорей, Псыншокъуэ, Псыхъурей, Къубэ-Тэбэ къуа­жэ­хэми гъуэгур зэрыщыту щы­зэрахъуэкIащ: машинэхэр щызэхэзежэ гъуэгухэм зрагъэубгъуащ, и гъунэхэр ­лъагэу къыхагъэкIащ, дэхы­пIэхэр гъуэгушхуэм зэпрыу къыхэмыкIыу асфальбетонкIэ къыхагъэхьэжащ, гъуэгу нагъыщэхэр трагъэувэжащ.

Мы лъэхъэнэм Инэры­къуейрэ Ислъэмейрэ зэпы­зыщIэ гъуэгури къагъэ­щIэ­рэщIэж. Сабий гъэсапIэхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, курыт еджапIэхэр зытет уэрам занщIэшхуэм телъ гъуэгум и лъабжьэри геотекстилькIэ ягъэ­быдащ, асфальбетоныр къытралъхьэжащ.

УхуакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, гъуэгухэр зэгъэпэщыжын щIы­хуей щхьэусыгъуэ нэхъыщ­хьэхэм ящыщщ абыхэм телъ асфальтыр зэрылэжьар, щIы­пIэ-щIыпIэкIэрэ кумблъэмб зэ­рыхъуар. Гъуэгущхьэхэр щIэх-щIэхыурэ зэрадыжам ар теп­лъаджэ зэрищIым и мыза­къуэу, абыхэм трищIэж ча­хуэхэм асфальтыр зэкIэ­-щIаху, ущызекIуэнкIэ шынагъэ къигъэхъуу.

КъызэралъытэмкIэ, гъуэгур зэгъэпэщыжыным епха лэ­жьы­гъэхэр псори гъэ еджэ­гъуэщIэм ирихьэлIэу зэфIэкIын хуейщ.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.