Зэгухьэныгъэм и бэракъхэр Iуащхьэмахуэ щаIэт

«Германием щыIа дзэ гупым я ветеранхэм я зэгухьэныгъэ»  щIыналъэ къудамэм «ВоенТекстильПром» компанием дэщIыгъуу республикэм щригъэкIуэкIащ «ТекIуэныгъэ къэзыхьа Iуащхьэмахуэ» хэкупсэ акцэ.

Альпинист цIэрыIуэхэм ящIыгъуу зэгухьэныгъэм хэтхэр ­Iуащхьэмахуэ дэкIащ икIи Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм и щыгум «Германием щыIа дзэ гупым я ветеранхэм я зэгухьэныгъэмрэ» 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэмрэ я бэракъхэр щаIэтащ.

Iуэху щхьэпэм хэтащ КъБР-м щыцIэрыIуэ альпинист, дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэ бгы Эверестым тIэунейрэ дэкIа Ольмезов Абдул-Хьэлим (и зэманым Германием къулыкъу щызыщIар), абы и къуэш Абдул-Чэрим (зэгухьэныгъэм хэтыр), спортым и мастер, альпинист Гумаев Борис, «Германием щыIа дзэ гупым я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм хэт Гулэжын Беслъэн сымэ.

«Азимут» хьэщIэщым щриплъэжащ акцэм кърикIуахэм. Абы хэтахэм зэгухьэныгъэм и орденхэр къыхуагъэфэщащ. 115-нэ шу дивизэм теухуа тхылъыр зэритхым къыхэкIыу къримыхьэлIэфа Мартынов Александр орденыр иужькIэ Iэрагъэхьэжынущ.

«Германием щыIа дзэ гупым я ветеранхэм я зэгухьэныгъэ» щIы­налъэхэм зэдай жылагъуэ зэгухьэныгъэм и президентым и къуэдзэ Атэлыкъ Аслъэн зэрыжиIэмкIэ, акцэр егъэ­кIуэ­кIыным ехьэлIа жэрдэмыр иджыри мэлыжьыхь мазэм къыхалъхьащ: «Ар кърахьэжьащ зэгухьэныгъэм хэт ветеранхэм. Унафэ къащтащ зэгухьэныгъэм и бэракъхэр Iуащхьэмахуэ щаIэтыну, къищынэмыщIауэ, абы щекIуэкIа зэхэуэхэр мы гъэм илъэс 80 зэрырикъум ирихьэлIэу 115-нэ шуудзэм и бэ­ракъри адрейхэм ящIыгъуу щаIэтыну траухуащ. А псом къы­дэкIуэу, мы гъэм илъэс 80 ирокъу Хэку зауэшхуэм и екIуэ­кIыкIэм зезыгъэхъуэжа Сталинград зауэм зэрыщIидзэрэ. ­КъищынэмыщIауэ, акцэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди дзэхэм Украинэм щрагъэкIуэкI операцэ хэхар дэIыгъыныр».

Атэлыкъым и псалъэхэм къазэрыхэщамкIэ, бгым дэкIахэм яIыгъащ Военторгым и ныпри. Аращ ди армэр ерыскъырэ щыгъынкIэ къызэзыгъэпэщыр. Къэбгъэлъагъуэмэ, «ВоенТекстильПром» компанием Военторгым хэту щыгъын къыщегъэкI. КъищынэмыщIауэ, хозяйствэ IуэхукIэ армэр зыхуэныкъуэмкIэ къызэзыгъэпэщыр аращ.

 

Мэзкуу Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.01.2025 - 09:12

ЦIыху мини 100-м щIигъу

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэ 11-м къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ турист мини 103,4-рэ.

14.01.2025 - 09:09

Алинэ и Антарктидэр

Антарктидэ жыжьэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ.

14.01.2025 - 09:08

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъы­кIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит ро­зэ­хэм я хьэ­сэхэм деж, къы­­щызэIуахащ. 

14.01.2025 - 08:48

Лъагъуныгъэ

5-нэ Iыхьэ

13.01.2025 - 16:59

Хэхъуэхэр яIэу

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэхэту къалэжьащ лырэ джэдкъа