Зэрыбейр и пщалъэу

Дызэрыщыгъуазэщи, ди республикэм и щIыналъэр зыхуэзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэмрэ абыхэм я лъабжьэжкIэ щыIэ губгъуэхэмрэ я курыхырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэр егъэщIылIащ: ипщэмкIэ - Куржым, къухьэпIэмкIэ – Къэрэшей-Шэрджэсым, ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ – Осетие Ищхъэрэ-Аланием, къуэкIыпIэмкIэ – Ингуш Республикэм, ищхъэрэкIэ – Ставрополь крайм.
Ди республикэр щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ бей щIыналъэу къалъытэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэу куэд щопсэу. Абыхэм яхэтщ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэхэри. Ар къыхокI ди щIыгум щIыIагъэ-хуабагъэ, псыIагъэ-гъущагъэ я лъэныкъуэкIэ щыщыIэ щытыкIэмрэ лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу и геологием къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэ зэмыщхьхэмрэ.
Псэущхьэхэм я нэхъыбапIэм егъэзыпIэ нэхъ яхуэхъури щыпсэуну нэхъ къыхахри мэзхэрщ, псом хуэмыдэжу къыр зэхуакухэм зыкъыщызыIэта жыг гуэрэнхэрщ. Ди «нэхъыщIэ цIыкIухэу» псэ зыIутхэм мэзым и зы дэтхэнэ къуапэри я унапIэщ. Зи хъыбар куэдрэ зэхэтх нэрымылъагъу цIыкIужьейхэм я мызакъуэу, тIэкIу нэхъ иныIуэу ди нэм къиубыдхэми жыгыпкъхэр, абыхэм къапыкIэ тхьэмпэхэр, жыг лъабжьэхэр, езы щIы щхьэфэ дыдэри псэупIэ яхуохъу. Бзу зэмылIэужьыгъуэхэр, кIэпхъхэр, мэз джэдхэр, былътырыкухэр, нэгъуэщIхэри къудамэхэм тесщ, жыг кугъуанэхэм исщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ узыщрихьэлIэ хьэкIэкхъуэкIэхэр щыхь, бжэн, мыщэ, дыгъужь, бажэ, ужьэ, дзыдзэ, уашхэ, елэн (былътырыку), мэз джэду, тхьэкIумэкIыхь, кIэпхъ хуэдэхэращ.
Ди республикэр хэщIапIэ зыхуэхъуа псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ ящыщу нэхъ зыхуэсакъыпхъэу зыхуагъэфащэ лIэужьыгъуэхэм я бжыгъэр 220-м нызэрохьэс. Абыхэм ящыщу 73-р Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ. Апхуэдэхэр къоув Къэбэрдей-Балъкъэрыр биологие зэмылIэужьыгъуагъэкIэ зэрыбейм и зы пщалъэуи, дыкъэзыухъуреихь дунейм къыгуэхыпIэ зимыIэ и зы Iыхьэуи.
Республикэм псыежэххэр и куэдщ. Псы къуэкIийхэм я зыубгъукIэр дэнэкIи щызэхуэдэкъым: къуршылъэ щIыпIэхэм щынэхъ зэпрыуащ, тафэм щынэхъ зэщIэкъуащ.
Псыр бгыщхьэхэм зэрыщыщIыIэтыIэм, и къэжэкIэр зэрыщынэхъ къуейщIейм къыхэкIыу, бдзэжьейуэ хэсри нэхъ мащIэщ, тафэхэм зытезыукъуэдия псыхъуэхэм елъытауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ипсхэм, къызэрабжамкIэ, бдзэжьей лIэужьыгъуэу 28-рэ хэсщ. Нэхъ цIыкIуIуэхэм къищынэмыщIа, ахэр бдзэжьейкъуэлэн, бдзафэ, аргъей, пащIэкIапсэ, бгъэгуплъ хуэдэхэращ.
КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм ЩакIуэ IуэхухэмкIэ и департаментым республикэм кIэлъыплъыныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ щрегъэкIуэкI, хьэкIэкхъуэкIэхэр къызэрыщаущэкIу, бдзэжьей зэрыщещэ щIыкIэхэр зэхегъэкI, зыхуимыт зылэжьхэр хабзэм ирешалIэ.
Абы къыдэкIуэуи къыхэгъэщыпхъэщ, псэущхьэхэр хъумэным, абыхэм яхуэмыфащэ хэщIыныгъэ емыгъэгъуэтыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм ефIэкIуэныгъэ гуэрхэр къызэрырикIуэр нэрылъагъуми, департаментым щылажьэ инспектор I3-м я закъуэкIэ, нэгъуэщI къадэмыIэпыкъумэ, республикэм и щIыналъэр зэрыщыту щIэплъыкIа зэрымыхъунур. Ар къалъытэри, министерствэм и унафэщIхэм къыхалъхьащ Жылагъуэ инспекторхэм я институт, щакIуэ Iуэхухэм телажьэу, къызэгъэпэщын хуейуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

22.04.2025 - 10:22

Къэралым цIыхухэм защIегъакъуэ

Хуэныкъуэхэм е уна­гъуэ хуэмыщIахэм зэгу­ры­IуэныгъэкIэ къэралым зэ­ры­защIигъакъуэ Iэмалыр зэ­рырагъэфIакIуэм теухуауэ щытащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр х

22.04.2025 - 09:14

ЗэкIэ нэхъ мащIэ хъуркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказ Ищхъэрэми УФ-ми щынэхъ цIыкIущ, къитащ Урысей Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.

22.04.2025 - 09:13

«ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэ»

ЩIыуэпсым гулъытэ хэха хуэщIыным хуэгъэзауэ гъатхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм «ЩIым и махуэ» фIащами, нэхъапэхэм абы зэреджэу щытар «ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ».

21.04.2025 - 12:00

Зэран мэхъу, хэщIыныгъи ирет

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэ­рызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.

21.04.2025 - 09:01

Спорт хъыбархэр

НыбжьыщIэхэр зэпоуэ