Хьэщыкъуейм и зи чэзу медаль

Налшык къалэ ще­кIуэ­кIащ «Кавказым и хъуас­кIэхэр» («Искры Кавказа») тхэквондомкIэ фестиваль зэIуха. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ республикэхэм къикIа спортсмени 120-м щIигъу.

«Пять колец» спорт ака­демием и командэм хэту Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым и спорт комп­лексым и алэрыбгъухэм щы­зэуащ Хьэщыкъуей ­Руслан. Зи хьэлъагъыр килограмм 32-м нэблагъэхэм я гупым пэщIэ­дзэ зэIущIэхэр фIы дыдэу щезыгъэкIуэкIа ди лъэпкъэгъум финал ныкъуэм къыщы­пэщIэтащ ингуш спортсмен Нальгиев Мухьэмэд. Зэпэ­щIэты­ны­гъэм хьэщIэр 7:1-уэ щыте­кIуащ икIи Хьэщы­къуейм домбеякъ медалыр къы­лъысащ. 
ГугъэфIхэр уэзыгъэщI спорт­смен щIалэщIэр ягъа­сэ Унэжокъуэхэ Къантемыррэ Абдель-Джабаррэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.12.2025 - 14:02

Сыжажэ Алихъан чемпионатым щытокIуэ

Мэзкуу къалэм киокусинкай-каратэмкIэ зэхьэзэхуэ зыбжанэ зэуэ щекIуэкIащ мы махуэхэм.

15.12.2025 - 14:01

Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и жэрдэмкIэ, я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэм сурэт щIынымкIэ я зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэ

15.12.2025 - 10:01

Спортым щыхъыбархэр

КиокушинымкIэ зэпоуэ

12.12.2025 - 09:03

Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.