Щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр къагъэщIэрэщIэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэгъэхуэбжьауэ щаухуэ, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей щыхуагъазэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ 70-м нэблагъэ.

«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ гъуазджэхэмкIэ школхэр, библиотекэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр, музейхэр, театрхэр къагъэщIэрэщIэж, Iэмэпсымэ­хэмкIэ къызэрагъэпэщ. 
Псалъэм папщIэ, нэгъабэ къагъэ­щIэ­рэщIэжащ Балъкъэр театрыр, Театр ­щхъуантIэр, Гуащэ театрыр, Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэр, «Спартак» стадионыр, Прохладнэ къалэм дэт Щэнхабзэ уардэу­нэр. Дзэлыкъуэдэс къуажэ ЩэнхабзэмкIэ унэщIэ щаухуащ, Джэрмэншык, Балъкъэр Ипщэ, Дальнэ къуажэхэм щэнхабзэмкIэ я унэхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъ­къужын Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ сабийхэм я еджапIэр, Дзэлыкъуэ щIыналъэ­м и музыкэ школымрэ Хьэтуей къуа­жэм дэт библиотекэмрэ зэрагъэпэщыжащ. 
«Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ заужьыну, я мурадхэр зрагъэхъулIэну, зрагъэу­жьыну Iэмал нэхъыбэ яIэ хъуащ. Нэхъыщ­хьэращи, ди щIыналъэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ бейр, хабзэ дахэхэр хъума, егъэфIэкIуа хъунымкIэ а IуэхущIапэхэм я мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ», - жиIащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъу илъэсым щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэ куэд къагъэщIэрэщIэжынущ. Абы ирихьэлIэу, НыбжьыщIэ театрым елэжьыжыныр ­яухынущ. IуэхущIапIэм и унащхьэр яхъуэжащ, кIапсэрэ бжьамийуэ екIуалIэр зэрахъуэкIащ. Зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэр абы нэхъ тыншу екIуэлIэн папщIэ, лифтрэ дэкIуеипIэ щхьэхуэрэ хуащIащ. Театр гупэм тращIыхьа теплъэгъуэр куэдым къызэрацIыхужынуми шэч хэлъкъым.
Щэнхабзэ зыужьыныгъэм и IуэхущIапIэу Налшык щаухуэм гъуазджэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм теухуауэ гуэшауэ класс щхьэхуэхэр иIэнущ. Зэхыхьэ гуапэхэр щрагъэкIуэкIыну пэш ин, къафэхэмрэ гимнастикэмрэ щыхуагъасэ пэш, шхапIэ, щыгъын хъумапIэхэр иIэнущ абы. 
Гулъытэ щхьэхуэ хуащIынущ щэнхабзэмкIэ унэхэм. Дыгулыбгъуей, Ташлы-Тала, Къамлыкъуэ, Жэмтхьэлэ къуажэхэм, Тэрч, Май къалэхэм дэтхэр мы мазэм зехьэн яухыну я мурадщ. Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэри зэрагъэпэщыжахэм ящыщщи, фокIадэ мазэм лэжьэн щIидзэжынущ. Зыхуей ­хуагъэзауэ я бжэхэр къызэIуахыж Александровскэ жы­лэм, Аруан къуажэм щэнхабзэмкIэ я IуэхущIапIэхэр. Уэзрэдж ­къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм къызыхуэт щымыIэу зехьэн щаухынур гъэ къакIуэщ.
 Иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ Дзэлыкъуэ, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм я музейхэр. 
Налшык и музыкэ школ №2-мрэ Анзорей дэт гъуазджэхэмкIэ школымрэ зы­хуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщыжауэ мы гъэм и дыгъэгъазэм лэжьэн щIа­дзэжынущ. Прохладнэ къалэм гъуазджэхэмкIэ сабийхэм я еджапIэр 2023 гъэм и кIэхэм зехьэн яухыну я мурадщ. 
Налшык дэт Литературэ музеймрэ ­Кулиев Къасын и цIэр зэрихьэу Шэджэм щIыналъэм щыIэ пасэрей унэмрэ къагъэщIэрэщIэжауэ фрагъэблагъэ. 
ЗэхъуэкIыныгъэхэр библиотекэхэми ялъэ­Iэсащ. Япэрей тхылъ хъумапIэхэм къащхьэщыкIыу, иджырейхэм я тхылъхэм щыщ куэд Интернетым къыщыбгъуэтыфу ящIащ, тхылъхэм щIэ куэд къыхагъэ­хъуащ, езы библиотекэхэр иджырей зэманым къигъэув мардэхэм тету зэрахьащ. Налшык къалэм дэт библиотекэхэм ящыщу тIур шыщхьэуIу мазэм и кIэхэм къызэIуа­хыжынущ. 
 «Щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр - творческэ цIыхухэр зэзышалIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм гъэсэныгъэ щрагъэгъуэт, къалэдэсхэмрэ къуажэдэсхэмрэ я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ дауэдапщэхэр, зэIущIэ щхьэпэхэр щрагъэкIуэкI IэнатIэщ. Абы куэд мыщIэу щекIуэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэм и илъэсищэр зэрагъэлъапIэ Iуэхухэр», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.