Къэрал мылъкур зыхухахахэм трагъэкIуадэ

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ Федеральнэ казначействэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI IутIыж Шумахуэ. 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Федеральнэ казна­чействэм и управленэу КъБР-м щыIэмрэ теп­сэлъыхьащ илъэс ныкъуэ блэкIам щIыналъэм къыхэхъуа мылъкур зыхуэдизымрэ нэгъабэ а ­пIалъэ дыдэм зэрыта щытыкIэмрэ. 
ХэхыпщIэхэм (налогхэм) я Iуэху зыIутым щы­тепсэлъыхьым, IутIыж Шумахуэ къыхигъэщащ нэгъабэ зэрыщытам еплъытмэ, мы гъэм хэхъуэу яIэр зэрынэхъыбэр. ЩIыналъэм икIыу УФ-м и бюджетым илъэсым и япэ Iыхьэм хэхъуащ сом мелард 53,6-рэ. Нэгъабэрейм еплъытмэ, ар процент 21,6-рэ нэхъыбэщ. 
Езы КъБР-м къыхэхъуа мылъкум и гугъу пщIымэ, ар сом мелард 27-м щIегъу. Ари илъэс блэкIам а пIалъэ дыдэм къриубыдэу щIына­лъэм иIам еплъытмэ, процент 28-кIэ нэхъыбэщ. ЩIыпIэ бюджетхэм я хэхъуэр процент 17,5-кIэ ­бэгъуащ. Езы Управленэм мазих нэужьым хэ­хъуэу сом мелуан 385-рэ иIэу къыщIэкIащ. Нэ­гъабэрейм елъытауэ, бжыгъэр хуэдипщI нэхърэ нэхъыбэкIэ бэгъуащ. Мылъку IуэхукIэ щIыналъэм и пщэ дилъхьэжа псори и чэзум нэгъэсауэ егъэзащIэ. 
Экономикэм щIэгъэхуэбжьауэ зезыгъэужьыр хэхыпщIэхэмрэ къэрал лъэпкъ проектхэмрэщ,  ар зэрыщIыналъэу е къалэ щхьэхуэхэм епхауэ ирехъу. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъа­гъуэмкIэ, КъБР-р Урысейм хыхьэ адрей щIыналъэхэм япэ итхэм ящыщщ мылъку къыхуау­тIып­щыр зыхухахахэм зэрытрагъэкIуадэмкIэ. 
КIуэкIуэ Казбек и гугъу ищIащ Управленэм и лэжьыгъэр мылъкур здэмыкIуапхъэм трамыгъэкIуэдэным сакъыу кIэлъыплъу къызэгъэ­пэщын зэрыхуейм, псом хуэмыдэу, лъэпкъ проектхэр щагъэзащIэкIэ, ахъшэм и къэгъэ­сэ­бэ­пыкIэм хабзэм имыдэн къыхамыгъэхуэн хуэдэу. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.03.2026 - 09:03

Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ

Налшык къалэм  ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ  къудамэм   и лэжьакIуэ 70 хэтащ     Урысей гвардием и  акцэм, «Зы гум къыбгъэдэкIыу адрейм хуэкIуэу» зыфIащам.  Ар хуэгъэпсащ  донор Iуэхум къэралым зыщ

07.03.2026 - 09:03

Гуп гущIэгъулым и къызэгъэпэщакIуэ

Фызэрыщыгъуазэщи, «Хэкум и хъу­макIуэхэр» фондым иIэщ псэукIэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу IэщIагъэлIхэр, чэнджэщэгъухэр.

06.03.2026 - 09:12

Республикэм и ехъулIэныгъэхэр щагъэлъэгъуэну щIыпIэщ

«Урысей» Лъэпкъ центрым и къудамэ къы­зэгъэпэщыным теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

06.03.2026 - 09:10

Хабзэм ебакъуэ къахэмы­кIын хуэдэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм щIэту екIуэ­кIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ зыубгъуа.

06.03.2026 - 09:03

ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ

Ди щIыналъэм хабзэ щыхъуауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ жыгыщIэхэр щагъэтIыс, щхъуантIагъэр нэхъыбэ щащI.