Къабзагъэм хущIэкъуу

«РусГидро»-м и волонтёр урысейпсо зэгухьэныгъэм къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ, Сабийхэм ядэлажьэ щIыуэпс-биологие центрымрэ гидроэнергетикхэмрэ Налшык псыхъуэм дэлъ пхъэнкIийр зэхуэхьэ­сы­нымкIэ, зэхэдзынымкIэ, зэхэхауэ идзынымкIэ ­«Хъумэ!» зи фIэщыгъэ Iуэхугъуэшхуэ ирагъэ­кIуэ­кIащ иджыблагъэ.

ЦIыхухэм зыщагъэ­псэху псыхъуэм дэлъ пхъэнкIийр зэхуахьэсын пап­щIэ жэрдэмщIакIуэхэм ныбжьыщIэхэм Iэлъэхэмрэ къэпхэмрэ хуагуэшащ, дэтхэнэми екIуэкI Iуэхугъуэм и дамыгъэр зытет пыIэхэмрэ джанэхэмрэ иратащ. Къы­хэгъэщын хуейщ сабийхэм гуп-гупурэ загуэшу хьэрхуэрыгъэ хэлъу Iуэхур зэрырахьэкIар. СыхьэтитI иримыкъум къриубыдэу ныбжьыщIэхэм килограмм 200-м щIигъу пхъэнкIий зэхуахьэсат. Нэхъыщхьэращи, зэхьэзэхуэу псыхъуэр зэщIэзыгъэкъабзэ щIалэгъуалэм щапхъэ ягъэлъэгъуащ - дыкъэзыухъуреихь дунейм хуэсакъын икIи ­къабзагъэм тету псэун зэ­рыхуейр.
Къыхалъхьа жэрдэмыр и кIэм нагъэса нэужь, къызэгъэпэщакIуэхэм сабийхэм папщIэ химием, биологием, щIыуэпс щIэныгъэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр къэ­зыгъэнаIуэ джэгурэш гъэ­щIэгъуэн ирагъэкIуэкIащ. Нэгузегъэужь жыпхъэм иту екIуэкIа зэпеуэм хэтт щIым хэкIуэдэж пхъэнкIиймрэ хэмыкIуэдэжу зи ягъэ щIыуэпсым езыгъэкI лIэу­жьыгъуэхэмрэ зэрызэхагъэкIын хуей Iэмалхэм, кIэрыхубжьэрыху идзы­пIэ­хэр зэрызэщхьэщыхыпхъэм икIи ахэр къызэ­ры­хухьыпхъэм, пхъэнкIий мы­фыр цIыхум и узыншагъэм зэран зэрыхуэхъум, абы къыхэкIынкIэ хъуну шынагъэхэм ятеухуа упщIэхэр. Зэхьэзэхуэм иужькIэ къы­зэгъэпэщакIуэхэм дэтхэнэми «РусГидро»-м и щIыуэпс зэгухьэныгъэм и дамыгъэр зытет саугъэт лъапIэхэр иратащ, химием, биологием, щIыуэпс щIэныгъэм ­теухуа тхылъхэмрэ щIэн­гъуазэхэмрэ тыгъэ хуа­щIащ.
«Хъумэ!» зи фIэщыгъэ Iуэхугъуэ дахэм илъэситI хъуауэ дыхэтщ. Къабзагъэр фащэу къызэрыпщитIагъэм къищынэмыщIауэ, мыпхуэдэ зэхыхьэхэм я лъэужь сабийхэм я дуней лъагъукIэм къытонэ, я гупсысэкIэм зрегъэужь. Псом япэрауэ, дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми щIыуэпс зэхэщIыкI къарет. Абыхэм къагурыIуэу хуожьэ зытет дунейм кIэлъымыплъмэ, абы и къабзагъэр дэтхэнэми и хьэкъыу зэрыщытыр зыхимыщIэмэ, зэрыхэ­кIуэ­дэжынур. ЕтIуанэрауэ, щIэ­ныгъэм къалэн къыхегъэкI - щIыуэпсыр хъумэнымкIэ зэщIэхъееныгъэ щыIэхэм хыхьэну хуейуэ хэкупсэ-псэкупсэ мэхъу. ЦIыху къэс щалъхуа щIыналъэмкIэ пщэрылъ пыухыкIахэр зэ­риIэр зыдэзыщIэж щIэблэ къытщIэхъуэнращ дызытелажьэри, ди ужькIэ а щIыналъэр ихъумэну, зригъэужьыну, иригъэфIэкIуэну къалэнхэр зыхуэзыгъэувыж щIалэгъуалэм щIэ­ны­гъэ зэпэщ етыныр, щапхъэ егъэлъагъуныр Iуэху зы­щыдощIыж. Ди гуапэ зэры­хъущи, ар къыдохъу­лIэ, къытхыхьэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ. Дэ къыддэлэжьэну хуейхэм, ди жэрдэмхэр къыддэзыIыгъыну гупыж зы­щI­хэм защIэдгъэкъуэну сыт щыгъуи дыхьэзырщ», - жиIащ Сабийхэм ядэлажьэ щIыуэпс-биологие цент­рым щIэныгъэ гуэдзэмкIэ и егъэджакIуэ Гуэнгъэпщ Аскэр.
«Хъумэ!» зи фIэщыгъэ Iуэхугъуэ дахэр 2005 гъэм къэунэхуа урысейпсо волонтёр проектщ. Ар хуэу­нэтIащ ди щIыналъэхэм щежэх псы­хэр, псыхъуэхэр, псы хъу­мапIэхэр, псыгуэнхэр гъэкъэбзэным, ныджэ­хэр зэIузэпэщ щIыным, ­зыгъэпсэхупIэхэмрэ нэгузегъэужьыпIэхэмрэ я бжыгъэм хэгъэхъуэным. Ап­хуэ­дэу проектым зыхуигъэувыж къалэнхэм ящыщщ жыг хадэхэр гъэтIысыныр, удз гъэгъахэр гъуэгу Iуфэхэм щыгъэкIыныр. «РусГидро»-р ядолажьэ щIыналъэхэм щIыпIэ уна­фэр щызезыхьэ къулыкъущIапIэхэм, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. Абы иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я мызакъуэу, къэрал икIи щIыналъэ лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэмрэ гъэса­кIуэхэмрэ, зыщыпсэу щIы­пIэм и къабзагъэр къы­зыфIэIуэху цIыху къызэрыгуэкIхэр уэру хохьэ. «Хъумэ!» Iуэхугъуэр къызэ­ры­халъхьэрэ нобэр къыздэсым жэрдэмщIа­кIуэхэм псори зэгъусэу тонн минитIрэ ныкъуэм щIигъу пхъэнкIий зэхуахьэсащ, цIыхум мин 50-м нэблагъэ хэтащ. «Рус­Гидро»-м и зэгухьэныгъэм гукъыдэж ищIа Iуэ­хугъуэр къыщыхилъхьа ­махуэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.02.2026 - 09:03

Къэралым и плъапIэщ

2025 гъэм и пэщIэдзэм ирагъэжьа «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» щIэныгъэ программэр илъэсым и кIуэцIкIэ ехъулIэныгъэ-хэр иIэу ирагъэкIуэкIащ.

06.02.2026 - 09:03

ЩIэныгъэм и лъагъуэхэр

Сыт хуэдэ Iуэхуми къытрегъэзэж, сыт хуэдэ гупсысэри щIэрыщIэу   утыку къохьэж, жиIэгъат пасэрей гупсысакIуэ гуэрым.

06.02.2026 - 09:03

Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэхуэс

КъБР-м Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм щызэхуэсащ абы хэтхэр, кърагъэблэгъащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэ­­­ныгъэ центрым информполитикэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м и Кинематограф

05.02.2026 - 09:10

УзытеплъэкъукI мыхъуну лэжьыгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек яIущIащ рес­публикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ министр Журавлев

05.02.2026 - 09:07

ЦIыхубэм ягу илъщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ теат­рым щIышылэм и 30-м фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ.