НЭГЪАБЭРЕЙ ЛЪАГЪУЭМ ТЕТУ

Нэгъаби хуэдэу, «Спартак-Налшыкым» аргуэру гугъуу зэхьэзэхуэм щIидзащ. Абы щыгъуэм япэ текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьар еплIанэ джэгугъуэрат, иужь дыдэу щыт «ЕсэнтIыгур» ерагъкIэ ди стадионым 2:1-уэ щыхагъащIэри. Иджыри нэхъыфIыну фэ теткъым.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2022-2023 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм бадзэуэгъуэм и 24-м щIидзащ. Хьэлэмэтращи, абы зэпеуэр зэрыщыIэну щIыкIэр зыкъомрэ яхуэубзыхуакъым, хэтыфынухэр ящIэртэкъыми. Сытми, бадзэуэгъуэм и 4-м, видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къагъэсэбэпри, 2022-2023 гъэхэм етIуанэ дивизионым и календарыр пхъэидзэкIэ зэхагъэуващ.
Фызэрыщыдгъэгъуэзащи, командэ пщыкIуплIщ иджы хэтынур налшыкдэсхэр зыхэхуа Япэ гупым. ЯпэщIыкIэ ахэр тIорытIэ (я унэмрэ хьэщIапIэрэ) зэдэджэгунущ. ЗэIущIэ 26-рэ дэтхэнэми иригъэкIуэкIа иужькIэ къахьа увыпIэхэм елъытауэ ахэр гупитIу ягуэшынущ гъэ къакIуэ и мэлыжьыхь (апрель) мазэм и кIэухым. Япэ увыпIихыр къэзыхьахэр адэкIэ зэрызэ зэдэджэгужынущ, зэхьэзэхуэм щытекIуар ягъэбелджылын папщIэ. Абы щыгъуэми командэхэм къахуэнэжынущ зэпеуэм и япэ Iыхьэм къыщахьа очко бжыгъэр.
Ебланэ увыпIэм къыщыщIэдзауэ илъабжьэмкIэ щыIэ адрей гупи 8-ри аргуэру зэрызэ зэдэджэгунущ, щхьэж и кIэух щытыкIэр игъуэтыжын папщIэ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2022-2023 гъэхэм я зэхьэзэхуэр мэкъуауэгъуэм (июным) и пэщIэдзэм иухыну хуагъэфащэ. Абы бжьыпэр щызыубыдым Iэмал иратынущ япэ дивизионым хыхьэну.
Зэпеуэр зэребгъажьэм куэдкIэ елъытащ, ар адэкIэ зэребгъэкIуэкIынум хуиIэну гукъыдэжыр. Нэгъабэ ар къайхъулIатэкъыми «Спартак-Налшыкыр» зэхьэзэхуэм и кIыхьагъкIэ щIэгъуакъым. Иджы я Iуэху зэрыхъунур зыкъомкIэ къигъэлъэгъуэнут и унэ щригъэкIуэкIыну пэщIэдзэ зэIущIитIым. Япэу зыхуэза Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-р гъэ блэкIам Налшык щыIэу къызэрытекIуауэ щытар къэплъытэмэ, ди щIалэхэм занщIэу зыкъызэкъуахыпхъэт. АрщхьэкIэ…
«Спартак» стадионым и диктор Егъуэжь Анзор къриIуэн иухатэкъым командэхэм хэту джэгупIэ губгъуэм къихьахэм я унэцIэхэр хьэщIэхэм бжыгъэр къыщызэIуахам. ЗэIущIэр зэрырагъажьэу къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэта «Мэшыкъуэ-КМВ»-м угловой къилэжьащ икIи абы иужькIэ Борисовыр къыхэжаныкIащ.
Хьэлэмэтт апхуэдэ щIэдзэкIэм налшыкдэсхэм иратыфыну жэуапыр зэбгъэщIэну. Абыхэм псынщIэ дыдэу зызэщIаубыдэжащ икIи ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэр къызэрагъэпэщу хуежьащ. Дакъикъэ зыбгъупщI дэкIауэ арат ЛIуп Ислъам ижьырабгъумкIэ щыкIуэцIрыжу топыр Торосян Севадэ щыхуигъэжьам. Иужьым къыхуэнэжар гъуэм хуигъэзэнрати, Iэзэу къехъулIащ – I:I.
Къыпщыхъунут иджы «Спартак-Налшыкым» тепщэныгъэр имыутIыпщыну. Апхуэдэу къэхъунри Iуэхум хэлът ди командэм и унафэщIхэр хуэмеижу къалъытэу хагъэкIыжауэ «Мэшыкъуэ-КМВ»-м къыщыхута Бахъсэнокъуэ Алихъан и зэфIэкI лъагэр къызэкъуимыхатэмэ. Ар апхуэдизу лъэщу икIи Iэзэу топым еуати, ди гъуащхьэтет Мицаев Расул щилъэгъуар гъуэм дыхьа иужькIэщ.
Налшыкдэсхэм I:2-уэ фIахьу командэхэр загъэпсэхуну икIащ. Абы иужькIэ ди щIалэхэм ерыщагъ нэхъыбэ зэхалъхьащ – къагурыIуэрт къыхагъэщIауэ пэщIэдзэ зэIущIэм къыхэкIыж зэрымыхъунур. Псом хуэмыдэу ар я стадионым щрагъэкIуэкIыу.
Джэгум и етIуанэ Iыхьэр хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ ирагъэжьащ. ХьэщIэхэм ар зэрызэтраIыгъэфар дакъикъэ пщыкIутхущ. АдэкIэ щIэх-щIэхыурэ футбол хабзэр къызэпауду хуежьащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым зэIущIэм къыхыхьагъащIэ Ашуев Мурад «Мэшыкъуэ-КМВ-м и штрафнойм и ихьэпIэм пэмыжыжьэу ираудащ. Топым еуэну бгъэдыхьа Масленниковыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым ебзэджэкIыфащ икIи бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ.
Лъэныкъуэхэр хуабжьу зэрыхэгъэзыхьащ къэнэжа сыхьэт ныкъуэм. Дэтхэнэми текIуэныгъэр зыIэригъэхьэфынут, ауэ къахукъуэкIа Iэмалхэр нэсу къахуэгъэсэбэпакъым. Арати, зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, зэбгъэдэкIыжащ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2022-2023 гъэхэм щыIэ зэхьэзэхуэм зэхъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьам зэпеуэр нэхъ гъэщIэгъуэн ищIыну дыпэплъа щхьэкIэ «Спартак-Налшыкым» и дежкIэ псори зэрыщыту къэнэжа хуэдэщ. Армырамэ дауэ къызэрыбгурыIуэнур и унэм щригъэкIуэкIа пэщIэдзэ джэгугъуитIым зы очко закъуэ фIэкIа къызэрыщамыхьыфар. Абы щыгъуэми «Мэшыкъуэ-КМВ»-м тхьэмахуэ ипэкIэ ерагъэкIэ къыIэщIэкIауэ аращ. Волгоград и «Ротор»-ри япэ лигэм къызэрыхагъэкIрэ куэд мыщIами, узыпэмылъэщынтэкъым. Мазэ ипэкIэ а гупыр щIэрыщIэу зэхагъэувэжауэ аращ. КъищынэмыщIауэ, Урысей Федерацэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм «Спартак-Налшыкымрэ» «Ротор»-мрэ иджыри къэс блэнейрэ щызэхуэзати, дыдейхэр зэи къыхагъэщIатэкъым. А хабзэфIыр, ди жагъуэ зэрыхъущи, щэбэт кIуам Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщызэпаудащ.
Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ зэIущIэр ирагъэжьащ. Зыр адрейм къыкIэлъыкIуэу ди щIалэхэр хьэщIэхэм я гъуэм тегуплIэрт. АрщхьэкIэ топыр дэгъэкIыным Iуэхур щынэсым зы мащIэ дыдэ сыт щыгъуи яхурикъуртэкъым. «Ротор»-м и къару псомкIи зихъумэжырт.
Апхуэдэурэ джэгум и япэ Iыхьэм хухаха зэманыр и кIэм нэблэгъащ. Мэзкуу къикIа Капленков судьям абы дакъикъитI къыщIигъуащ. Ар «Спартак-Налшыкым» хуэхьыжакъым: ди щIалэхэр зэрызагъэпсэхуным пасэIуэу пежьащ икIи я лъэр щIэхуащ. А секунд бжыгъэр «Ротор»-м Iэзэу къигъэсэбэпащ икIи напIэзыпIэм ебгъэрыкIуэныгъэ псынщIэу къызэригъэпэщри, гупым и капитан Ахмедхановым ди гъуэр хигъэщIащ.
Загъэпсэхуну хухаха зэманым «Спартак-Налшыкым» апхуэдэ хущIыхьэгъуэ зэримыIар шэч хэлъкъым – зэхэгъэкIын хуейт щIэщхъур къызыхэкIар икIи адэкIэ Iуэхур зэрагъэзэкIуэжыным иужь итыпхъэт. АрщхьэкIэ…
Япэм къызэрыщхьэщыкIа щIагъуэ щыIэкъым джэгум и етIуанэ Iыхьэри. «Спартак-Налшыкыр» къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэрт, «Ротор»-м зэрылъэкIкIэ зихъумэжырт. Абы щыгъуэми ди щIалэхэм я Iуэхум зыри къыкIыртэкъым. Аргуэрыжьти, хьэщIэхэм япэлъэщакъым. Волгограддэсхэр я гъуэм къыщыбгъэдыхьа закъуэтIакъуэхэм ящыщ зым я хьэрхуэрэгъур штрафнойм щраудащ. Пенальти. Ахмедхановым а Iэмалри зыIэщIигъэкIакъым.
Зы топ нэхъ мыхъуми я хьэрхуэрэгъуэм худагъэкIыну сыхьэт ныкъуэм щIигъукIэ хэгъэрейхэр ерыщу хущIэкъуащ. АрщхьэкIэ я Iэзагъыр хурикъуакъым икIи, иджыри къэс зэи къэмыхъуауэ, Волгоград и «Ротор»-м «Спартак-Налшыкыр» къыхигъэщIащ. Ар нэхъ хьэлъэж ещI Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къызэрыщыхъуам.

Къаудыгъу Заур.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.