ТЭУБИЧЭ СОНЕР: «ЗЭПЫМЫУУЭ СИ ГУМ ЖИIЭРТ: «СЭ ЗЫ МАХУЭ ГУЭРЫМ ЗГЪЭЗЭЖЫНУЩ!»

Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм елэжь Iэп­щIэ­лъапщIэщ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу адыгэ щIа­лэм и IэрыкIхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы ещI къэлътмакъ­хэр, бгы­рып­ххэр, ахъшалъэ­хэр, паспорттелъхьэхэр, ­ша­б­залъэ- хэр, сампIэхэр, ­фо­чы­лъэхэр, тхьэгъухэр, ­Iэлъынхэр, пщэ­хъу­хэр, Iэп­щэ­хъу­хэр. Iэп­щIэ­лъапщIэм и IэрыкIхэр адыгэп­сэкIэ еп­сыхь: лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэ дахэхэр ­трещIыхь. Сонер тед­гъэп­сэлъыхьащ Хэкум къы­зэ­ры­кIуэжам, и Iэ­рыкIхэм, лъэп­къым теухуа и гупсысэхэм.

- Сонер, укъыщыхъуамкIэ къы­щIэдгъадзэ…
- Тыркум, Эскишехир къалэм сыкъыщыхъуащ. Псыхуабэщ ди лIакъуэм и къежьапIэр. Зауэ­жьым щыгъуэ Тыркум кIуауэ щытащ ди нэхъыжьхэр. Зэбгрыпхъа дыхъуащ апхуэдэурэ. Иджыпсту ди благъэхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэсым хиубы­дэ Инжыджышхуэ, Беслъэней къуажэхэм.
- ХамэщIым анэдэлъхубзэр дауэ щыпхъума? УзэрыцIыкIу лъандэрэ пIурылъ хьэмэрэ балигъ ухъуауэ зэбгъэщIэжа?
- Си адэр фIыуэ адыгэбзэкIэ псэлъэфыркъым, езыр цIыкIуу и адэр дунейм зэрехыжам къы­хэкIыу. Си анэм анэдэлъхубзэр ещIэ, иропсэлъэф, ауэ дэ анэ­дэлъхубзэр дигъэщIэным ап­хуэдэуи егугъуакъым – къыгурыIуакъым и лъапIагъыр зыхуэдизыр. Си къуэш нэхъы­жьитIыр псалъэркъым адыгэбзэкIэ. Сэ сызэрыцIыкIу лъандэрэ Адыгэ Хасэхэм сыкIуэу щытащ. Нэхъыжьхэми хъыбар куэду къы­джаIэрт, дэри тхылъхэм де­джэрт. Апхуэдэурэ, зыхэс­щIащ бзэм и IэфIыр, си гур абы хуэныкъуэ хъуащ. Адыгэбзэ алфавитыр къысIэрыхьати, гугъу сы­дехьу зэзгъэцIыхуащ хьэрфхэр. ИтIанэ, тхыгъэ гуэрхэри зыIэ­рызгъэхьэри нэхъ сигу ­хуэзагъэу зыщызгъэгъуэзащ. Къыз­гу­рымыIуэхэр си анэм къызжи­Iэурэ, къызгуригъа­Iуэу­рэ сып­сэлъэфу сесащ. Си анэм и псэ­лъэкIэр хьэжрэт псэ­лъэ­кIэщ, къэбэрдейр абы тIэкIуи къыщ­хьэщокI. Къэзгъэзэжа нэужь, нэхъыфI хъуащ си адыгэбзэр, дауи. Ауэ иджыри куэд къыс­пэщылъщ, ар згъэ­шэрыуэу сыпсэлъэфын щхьэ­кIэ. Сэ нэхъ пасэу сыкъэ­кIуэжрэ, мыбдеж уни­верситетым сыщеджауэ щытамэ, си адыгэбзэр фIы ды­дэу щытынут. Микроэлектроникэм сехъуапсэу щытащ мыбы сы­щыхуеджэну, си анэм ­сы­къиутIып­щыфатэкъым. Зи еджа­пIэ щIэтIысхьэгъуэ адыгэ щIалэ­гъуалэр мыбы къакIуэурэ щеджэу щытамэ, адыгэбзэри яIурылъынут, урысыбзэри зэрагъэщIэнут, абыхэм ящыщ гуэрхэри Хэкум къинэжынут. Уи ныбжьыр нэхъ кIуэтэху, уи гу­рыхуагъэм кIэрохури, бзэр ­зэб­­гъэщIэныр нэхъри гугъу мэхъу.
- Узыхуеджар, уи IэщIагъэр сыт?
- Курыт еджапIэ нэужьым Эс­кишехир университетыр инженер IэщIагъэ сиIэу къэзухри, зы зэманкIэ срилэжьащ.
- Сыт щыгъуэ Хэкум япэу укъыщыкIуар?
- 2014, 2015 гъэхэм сыкъакIуэу­рэ тхьэмахуэкIэ сыщы­хьэщIащ, ещанэ къэкIуэгъуэм къэзгъэзэжащ. Зэпымыууэ си гум жиIэрт: «Сэ зы махуэ гуэрым си Хэкум згъэзэжынущ!» Ауэ зэхуэмы­хъуурэ екIуэкIырт. 2015 гъэм къэзгъэзэжыну сыхуеящ. Кхъухь­лъатэм и билет къэс­щэхуащ,­ си егъэблагъэ тхылъри, сызригъэжьами, къысIэ­рыхьащ. А зэманым ирихьэлIэу урыс-тырку зэхущытыкIэхэр тэ­мэмтэкъым. Аэропортым сы­кIуэри, кхъухь­лъатэр темыкIыу сыкъэнэжауэ щытащ. Аргуэру билет къэсщэхужри, къы­кIэ­лъыкIуэ кхъухьлъатэри лъэтакъым. Ещанэуи ардыдэр къы­щыс­щыщIым, «иджыпсту мы Iуэхур къэзгъэнэн хуейуэ пIэ­рэ…» жысIэу сэр-сэру сегуп­сысыжри, Тыркум лэжьыгъэм сыщы­пэрыувэжащ… Илъэсищ дэкI­ри, 2018 гъэм къэзгъэзэжащ.
- Хэкур уи нэгум къы­зэ­рыщIэбгъэхьэмрэ плъэгъуамрэ зэтехуат?
- Хьэршым хуэдэу къысщы­хъурт Хэкур, моуэ си гупсысэм нуру хэтт. Сигу занщIэу дыхьащ адэжь щIыналъэр, зы къару абрагъуэ гуэрым абы сызэрыпищIэр зыхэсщIащ. Налшык япэу сыкъыщыдыхьам, цIы­ху­хэр адыгэбзэкIэ зэрызэпсалъэр зэхэсхырти, ар насыпт сэркIэ. Бэзэрым сытехьэри - си анэ­дэлъхубзэр куэду зэхэсхырт, маршруткэм ситIысхьэрти - аргуэру адыгэбзэ седаIуэрт. Сигу дыхьати, къыкIэлъыкIуэ илъэс­ми къытезгъэзащ. Абы щыгъуэ къызгурыIуащ Хэкум епха си гупсысэхэм хамэщIым сызэрыщамыгъэпсэунур. Сыкъы­щы­кIуэжагъащIэм, адыгэ сабий слъэгъуамэ, зыбгъэдэсшэурэ щы­зэзгъэпсалъэ къэхъурт, абы сигъэгушхуэу. Хэкум си гур щопсэху! Адыгэ фащэ ящыгъыу щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ со­лъагъу! Мыбдежым хабзэ щызокIуэ, къуажэхэр инщ (Тыркум щыIэ адыгэ къуажэ цIыкIухэр унагъуэ 15 - 20 хъууэ аращ).
- КъэралитIым щыIэ псэу­кIэр зэтехуэркъым. Уэ мыбдеж укъэIэпхъуэжа нэужь, ­гъащIэм дауэ ухэзэгъа?
- ТIэкIурэ сыщыпсэури, мыбдеж щыIэ гъащIэми дагъуэхэр зэриIэр къэслъэгъуащ. Къэзыгъэзэжхэм псом япэу къыдгурыIуэн хуейт мыр зэры-Урысейр. Къэрал щхьэхуэм и хабзэхэри щхьэхуэщ. Тыркури жэ­нэткъым, Урысейри жэнэткъым. Мыбдежми щыIэщ бзаджэри зэранри. Ауэ гуапагъэр нэхъыбэщ. «Сонер, уэ къэбгъэзэжагъащIэщ», - жаIэурэ сэ куэд къыздэIэпыкъуащ. Сэ цIы­хуфI­хэм сыкъаухъуреихь иджыпстуи. Куэд къыскъуэуващ, сэбэп къысхуэхъуащ, псэу­ным сытрагъэгушхуащ.
- Уэ уIэпщIэлъапщIэщ. Куэ­дым яцIыху, зыIэрагъэхьэ уи IэрыкIхэр! Апхуэдиз дахагъэ пщIыным сыт щIэдзапIэ хуэ-хъуар?
- Тыркум сыщыщыIэм шы сиIэт. Адыгэ фащэ е афэ джанэ сщыгъыу, адыгэ Iэщэхэр скIэ­рылъу зекIуэу къэскIухьын сфIэфIт. Сышабзауэт. Шабзэ гъэ­уэнымкIэ зэпеуэхэм сыхэтт: лъэсуи шууи шабзэр згъэ­IэкIуэлъакIуэрт. Апхуэдэурэ, шабзэшэхэр, шабзалъэхэр сэ езым сщIын щIэздзащ. Сигу ирихьащ фэм елэжьыныр. Уеблэмэ зэгуэр инженер Iуэхур къэзгъа­нэри, абы селэжьу щIэздзауэ щытащ. Ауэ ахъшэ къыщыс­хуэ­мылэжьым, инженер IэнатIэм сыпэрыувэжат. Ауэрэ си Iэр есащ хьэпшып гуэрхэр къигъэ­щIы­ным, Iуэхум нэхъри фIыуэ хэс­щIыкI хъуащ. Лэжьыгъэ нэу­жьым, абыкIэ унэм зыщытез­гъэурт. Iэщэ-фащэхэм елэжьу ныбжьэгъу сиIэти, тыкуэнхэм сишэурэ хьэп­шыпхэр сщIыуэ зезгъэсэн папщIэ сызыхуеинухэр къысхухихыурэ къызигъэщэхуащ, Iэп­щIэ­лъапщIэным и щэху гуэрхэмкIи къыздэгуэшащ. Интер­не­тымкIэ зыхуезгъэсащ куэ­дым - сытри къыщыбогъуэт абы. Сэ интернетыр къы­зогъэ­сэбэп адыгэбзэр зэз­гъэ­щIэ­ным, фэ лэжьыгъэхэм ятеухуауэ, афэ джанэхэм я ­щIы­кIэм зыщызогъэгъуазэ. ­Интернетым щIэныгъэшхуи къуиты­фынущ, IэпщIэлъапщIи ­уищIы­фынущ, хьэбыршыбыри­ ­ури­хъуфынущ. Зэплъынумрэ къы­­зэригъэ­сэ­бэпынумрэ щхьэ­ж къыхехыж…
Хэкум сыкъэкIуэжри, инженер IэщIагъэр мыбы къы­щы­хуэсэбэпыртэкъым, урысыбзэ зэ­рызмыщIэм къыхэкIыу. ИтIа­нэ си псэм фIэфIу зэрызытезгъэур лэжьыгъэ схуэхъуащ. Япэ­щIыкIэ Крем-Константиновкэ сы­д­этIысхьауэ щытащ, къуажэ гъащIэр фIыуэ слъагъу­рти. Ауэ си закъуэти, сапэлъэщакъым къуажэ лэжьыгъэхэм. Хадэм хэссэIамэ, дунейр уэлбанэрилэ хъурти, удзыр псын­щIэIуэу къысфIэкIырт. Апхуэдэу щы­хъум, къалэм сыкъэкIуащ, фэ­тэр къасщтэри. IэрыкIхэр сщIы­уэрэ «Адыгэ унэм» щIэслъхьэу щIэздзащ. ИнтернетымкIэ иджы­ри зыгуэрхэм зезгъасэрт, хьэпшып сщIыхэм къыхэзгъа­хъуэрт, нэхъ екIуу къызэхъулIэ зэрыхъуми гу лъыстэжырт. Ауэрэ, гъущIым лазеркIэ тхыпхъэ зэрытращIыхь станок къэс­щэхуащ. Тхьэ­гъу­хэм, Iэлъынхэм, пщэ­рылъхэм, сэшхуэхэм, къамэхэм тхыпхъэхэр ты­зо­щIыхь. IутIыж Мэжид къыздэIэ­пыкъуащ къы­щызгъэзэжынуми, Хэкум щыIэ гъащIэм зыщыхэзгъэгъуазэми. Иджыпстуи и гулъытэ сы­щы­щIэркъым. Тэмэму къыс­хуэ­Iуатэу къыщIэкIынкъым Мэжид фIыщIэу хуэсщIыр.
- Уи шыр дэнэ щыIэ иджы?
- Си шыр инджылыз шы лъэпкъщ. Шы спорт клу­бым сыкIуэрти, сигу ирихьри къэс­щэхуауэ щытащ. Сыкъэ­кIуэжын щыхъум, клубым къы­хуэзгъэнэн си гугъащ, уна­фэщIми ар жес­Iат. Ауэ си ­къуэш нэхъыжьым имыдэу губжьащ: «Уадыгэу, уи шыр зыгуэрым дауэ ептыжын?» - жиIэри. Езым къишэжауэ, и ­гъусэщ.
- Шабзэрыуэным мыбы щы­пыпща?
- ШабзэрыуэнымкIэ дерсхэр къызэдгъэпэщауэ щытащ Къэбардэ Астемыр си гъусэу. А Iуэхур къэдгъэнэжащ, дыхущIэ­мы­хьэу­рэ. Ар спорт лIэужьыгъуэ гугъущ, мылъку зытекIуадэхэми ящыщщ. Мыбдеж цIыхухэр апхуэдэуи хыхьэркъым а спортым, фIыуэ яцIыхуркъым.
Шабзэрыуэным и Iуэхухэм сы­зэрыхэтам и фIыгъэкIэ къэс­цIыхуащ шабзащIэ телъыджэ дызэриIэр. Емкъуж Арсен шабзэ лIэужьыгъуэ куэд ещI, и адыгэ шабзэхэр икъукIэ сигу ирохь.
- Адыгэу ущытыным сыт нэхъыщхьэу хэлъыр?
- Япэрауэ, бзэр. Бзэр тIуры­мылъу адыгэ гупсысэкIэм дытетыфынукъым. Сэ адыгэ хабзэр сыкъыщыхъуа унагъуэми си благъэхэм я дежи щыслъэ-         гъуащ. Тыркум щыIэщ хабзи цIыхугъи. Ауэ абдеж бзэр щокIуэ­дыж. Бзэр пIурымылъми, къэфакIуэ е джэгуакIуэ нэс     къыпхэкIынущ, ауэ адыгэ нэс ухъу­фы­нукъым.
ЕтIуанэрауэ, лъэпкъыу зыт­хъу­мэжын щхьэкIэ куэду ды­лэжьапхъэщ. МылъкукIэ ди къа­рур щIэткъузэн хуейщ ады­гэ­хэм.
- Сонер, уи щIалэм хэт фIэфщар?
- Сосрыкъуэ!
- ЛъэпкъылI Тхьэм ищI!

 

Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.