ЛIЫГЪЭМ И ОРДЕНЫР ХУАГЪЭФЭЩАЩ

Урысей гвардием Владикавказ щиIэ къулыкъущIапIэм и офицер, полковник Кутейников Сергей, Звезднэ поселкэм щыIэ дзэ частым и унафэщIым дзэ-политикэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ, подполковник Албетков Андрей, КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Къазбэч сымэ дзэ къулыкъур ирихьэкIыу хэкIуэдам хуагъэфэща ЛIыгъэм и орденыр абы и анэм иратыжащ. Iуэхур щекIуэкIащ Прохладнэ къалэм и администрацэм и унэм.
Полковник Кутейников Сергей хэкIуэда лIыхъужьым и Iыхьлыхэм яхуэгузэващ икIи фIыщIэ яхуищIащ зи къалэным хуэпэж, лIыхъужьыгъэрэ къэмылэнджэжагърэ зыхэлъ къуэ зэрагъэсам папщIэ: «ПсалъэкIэ пхужыIэнукъым вгъуэта хэщIыныгъэм и хьэлъагъыр. Фи къуэм и гъащIэр итащ къэралым и сэбэп зыхэлъхэм папщIэ. Ар дэ зэи тщыгъупщэнукъым икIи сыт щыгъуи зыфщIэдгъэкъуэнущ».

Къан Мырзэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.