КЪУЩХЬЭ ЗЭIУХУЭПХЪЫУ НЭР ЗЫГЪЭГУФIЭМ

Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн зи щIасэхэр Мейкъуапэ ипщэкIэ щыIэ бгыщхьэ къуажэ Гъуазэрыплъ дыкъыIукIыжа иужь, Щхьэгуащэ псыхъуэ дыкъыдэкIри, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщежьэ Хьэкхъуафэпс иригъэщIа къуэ бгъунжым дыдыхьащ.
Псы къуэпсхэр къыщыунэху щIыпIэм а махуэм дынэсын ди гугъами, хьэпшып куэд зэрытIыгъам къыхэкIыу, ар къыдэхъулIакъым. Апхуэдэу щыхъум, зи курыкупсэм псы цIыкIу здежэх къуэладжэ фэншэу гъуэгущIхэм ныкъуэиупщIыкIыу къагъэнам, нэху дыкъыщекIащ.
КъыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым лъагъуэм дытехьэжащ. Быркъуэшыркъуэ задэм дызэрыфIэкIыу, дэгъэзеигъуэр задэр иухри, щIыр сэтей хъужащ. ТIэкIу дызэрекIуэтэкIыу, ухуэныгъэ гуэрхэр ди нэгу къыщIэуващ. Ахэр сэ зэуэ къэсцIыхужащ: мы щIыпIэм япэу дыщыщыIам дызыIущIауэ щыта зыгъэпсэхупIэ унэхэрат. Ауэ, дэ, мыдрей гупым хэтхэр, иджы абыхэм я щIыбагъкIэт дыкъызэрекIуэкIар. ЖыпIэнур арамэ, хуей зыкъызэкъуэзыхым мы лъэхъэнэм ди къихутэкIэ хъуари, апхуэдизу гугъу дехьу дыкъызэрыхуэкIуари сэ езым згъэщIэгъуэжат.
АдэкIэ здэдгъазэ хъуну иIэр сэмэгумкIэт. Ар сэ занщIэу къызгурыIуащ. АрщхьэкIэ, ижь лъэныкъуэмкIэ гъунэгъубзэу зыкъыщызэкъуэзыха теплъэгъуэр апхуэдизу телъыджащэти, си гъусэхэм селъэIуащ абдежым зы тэлай гуэркIэ зыщыдагъэIэжьэну. ФIэщщIыгъуейт, ауэ дэ дыщхьэщытт ищхъэрэкIэ зэуэзэпсэу къыщыунэхуа мэзылъэ къуэладжэ кууужьым и къежьапIэ дыдэм. Абы и джабэ нэкIу езыгъэзыххэр, апхуэдизу задэти, зи лъащIэм унэмыплъысыф тIуащIэ кууужьу кIуэцIрыхуами ярейм «дэкIуадэрт».
АрщхьэкIэ, дызрихьэлIа къуэладжэм дапхуэдизу димытхьэкъуами, адэкIэ къытпэщылъыр тщIэжырти, абдежым куэдрэ зыщытIэжьакъым. Унэ цIыкIу зытIущым хуэшэмэджыпэу дазэрыпекIуэкIыу, зэуэ къэтлъэгъуащ дыгъуасэрей махуэм дыкъызыхуеIа хуей дахэкIейри абы и курыкупсэм зизыгъэзэгъа хыжьей телъыджэри.
ЩIыпIэ телъыджэу нэр зытеплъызэ
ЖыпIэнур арамэ, зэуэзэпсэу, зэ IуплъэгъуэкIэ гъэщIэгъуэныщэ щIыпIэ зэлъыIухам дыкъихутащ.
Фэхур узыщIэзышэщ: гъунэгъуу узыхуеплъых жыгылъэ джабэ уэххэм къищынэмыщIа, мыбдежым зы напIэдэхьеигъуэу уи нэгу къыщыщIоувэ щIэплъыпIэмкIэ къыщыIэгъуэ бгыщхьэ хъупIэхэм я нэзри, абыхэм я щIыбагъкIэ щхъуантIагъэ-удзыфэм «ириIарэ» хьэуа зэщIэплъам зэщIигъэпсыпсэжу къыкъуэщ мэзылъэ бгыжьхэри, абы адкIэжкIэ щыIэ уэсылъэ аранэхэри.
Хуейм уздитым хуиту уолъагъу мы лъагапIэм укъэзышэс гъуэгу нэхъыщхьэр къызэщIэзыIэтэ къуэбэкъу кIейм и щIэдзапIэри, мэз Iувыжь дурэшхэм къахэкIыфIыкI къуэладжэхэри, ахэр псори мы щIыпIэм зэзышэлIэж къущхьэ зэIухуэпхъ тафэри.
«Уэздыгъей закъуэм и гуэл» цIэ лейр зытеIукIа «Партизан хыжьейм» и Iэгъуэблагъэри удэзыхьэхт. Жыгыншэ щIыгур удз зэмыфэгъубэщ. ЩIыуэпсыр зыджхэм къызэрахутамкIэ, гъунэгъу дызыхуэхъуа Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэу миным щIигъу ущрохьэлIэ. Абыхэм яхэтщ цIыхум и узыншагъэм дежкIэ сэбэп хъухэу, бжьэхэм фо къызыпаххэри, шхынхэлъхьэ-хущхъуэхэлъхьэ хуэдэхэри, нэгъуэщIхэри. Абы нэмыщI, мы бгыщхьэ хъупIэхэр Кавказ шытхышхуэм и лъэныкъуитIымкIи къыдаху Iэщым дежкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэщи, зэдгъэщхь хъуну къэтлъытар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэ къущхьэхъу хъупIэхэрщ.
ГъэщIэгъуэнщ икIи къыхэгъэщыпхъэщ, Лагъуэнакъэ и Iэхэлъахэм къыщыкI удз лIэужьыгъуэхэм ящыщу I20-м, щIыпIэ жыжьэхэр дэнэ къэна, Кавказ псом и зы нэгъуэщI лъахи узэрыщримыхьэлIэр. Псалъэм папщIэ, Фыщт, Уэщтенэ Iуащхьэхэм я бгы зэхуаку-зэпылъыпIэм (гузэпыщIэм) уащыхуозэ дуней псом къыщомыгъуэтын удз лъэпкъыгъуэхэм.
Махуэр уэфIу ирихьэлIат. ИкIи, ди япэ зекIуэгъуэми хуэдэу, мы хуей дахащэм псори дызыIэпишат. Дыкъызэрихьэу, мы щIыпIэм ехъуэпса ди нэхъыжьыр псы хъурейм и адрей лъэныкъуэмкIэ еущэкIауэ къыщытт.
Абы хэту, дэнэкIэ къикIами къыдгурымыIуэща нэгъуэщI зыгъэпсэхуакIуэхэри зи псыIу дыщепсыха хыжьейм къекIуалIэу щIадзащ. Ахэр гуэлым хыхьэу щытлъагъум, дэ дыпхузэтеIыгъэжынт? Ди гупым хэтхэри дыкъыщыщIидза лъэныкъуэмкIэ псы къипщIыпщIыкIым дыхыхьащ...
Лъагъуэ гъэпщкIуар къызэрыдгъуэтыжар
Псы хъурейм укъыпекIуэкIмэ, мэз Iуфэ гъуэгум адэкIэ уешэ, умыщIэххэуи узыIэпешэ: узрикIуэ лъагъуэм утеплъэкъукIмэ, къуэладжэ уэххэми уахуешэ.
Ар наIуэ щыхъуар ижь лъэныкъуэмкIэ щыIэ мэз тIыпх Iувым къыхэгъуэщыкIыу хэкIуэсэжа зекIуапIэм дыблэкIа иужькIэщ. Гъуэгум зригъэзыхыжат, ипэкIэ дыкIуэтэху къэси алъандэрэ къыддекIуэкIа бгы лъагэхэми загъэпщкIужат. ЛъэныкъуэкIэ дыIуишу гу щылъыттэм, гупыр дыкъэувыIащ. ЩIыпIэм и картэ-схемэу къыздетхьэкIыр зэгуэтхрэ деплъмэ: гъуэгум адэкIэ дызыдишэр Щхьэгуащэ хэхуэж къуэпсхэм ящыщ зым зыдигъэпщкIухьа мэзылъэ къуэладжэ кууужьырт! Ар, дауи, дызыхуэмей Iуэхут.
Дыкъыщежьэм зэрыхэдгъэунэхукIауэ, гурылъу диIэм ипкъ иту дызекIуэнумэ, къущхьэ зэIухуэпхъ сэнтхым дытещхьэрыукI хъунутэкъым. Абы къыхэкIыуи, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу тчын хуейр Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ декIуэкI «адыгэ-аптIэхъуэ (убых)» лъагъуэжьым техьэжынырт.
ГъэмахуэкIэр мы щIыпIэхэм щыдуней жэнэтщ. Ауэ ар тыншыгъуэ защIэу зэхэтщ жыпIэмэ ущыуэнущ. УзыщIэзышэ, уи псэми уи Iэпкълъэпкъ псоми къыхыхьэ пIейтеиныгъэ гуэрым апхуэдизкIэ узэщIеубыдэри, Iэпхлъэпх уищIам, Iэубыд-лъэубыду укъигъэнам хуэдэщ. Бгыщхьэ щIыпIэхэм ущиткIэ, уигукIи уи IэпкълъэпкъкIи зыхыбощIэ къэхъугъэм и IэфIагъым, и гуащIагъым и инагъыр. А щытыкIэм узыIэпешэ, укъыIэщIэкIыжыну узэрыхуэмеищэри зыхыбощIэ. Ар гурыщIэм къыщежьэ къэIуэтэгъуей гуэрщ. ИкIи уи псэм щэхуу щыбгъафIэ, улъэIэсынкIэ куэд щIауэ узыпэплъэ хъуэпсапIэ гуэрым укъызэщIиIэтэнкIэ, къаруущIэхэр къыпхилъхьэжынкIэ гугъэ IэфIхэр уэзыгъэщIщ.
Мэзылъэ уэх дызыхуехым зыдедмыгъэхьэхыщэу, гупыр дызэщIэувыIыкIри дызэчэнджэщыжащ. ИкIи, къедгъэзэкIыжмэ нэхъыфIу къэтлъытащ. Апхуэдэуи тщIащ. Дэгъэзеигъуэ защIэу дыкъыдэущеижри, Партизан хуейм пекIуэкI мэз гъуэгум дытехьэжащ. Абы и бгъумкIэ къыщылъ мэз цIырхъым лъагъуэ гъэпщкIуа гуэр хэкIуасэрт, жыгхэм набдзэгубдзаплъэу уахэмыплъэмэ гу лъумытэну.
Дзыхь дымыщIыщэу, абы щабэрыкIуэу дрикIуэн щIэддзащ икIи дыхущIегъуэжакъым: куэд дэмыкIыу дэ къэтлъэгъуащ а зекIуапIэм Мывэ сыдж къырылъэ шытхым дызэрыхуишэм. Дэри аратэкъэ дызыхуейр..?
 

 

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н