ЗЫМИ ЕМЫЩХЬ УЭРЭДЖЫIАКIУЭ

Щыхьэт сызытехъуэ Iуэхугъуэхэм ящыщ зыщ Дзэлыкъуэ куейм хиубыдэ щIыналъэр хъугъуэфIыгъуэкIэ зэрытыгъэр. Апхуэдэ фIыгъуэм и курыкупсэр зыхухэсх цIыхухэм ящыщщ Аслъэн Iэсият. Ар  уэрэджыIакIуэщ, зыми емыщхь уэрэджыIакIуэщ. Абы и макъ жьгъыру дахэр щигъэIукIэ, ухуей-ухуэмейми, къару лъэщ гуэрым уеубыд, уеутхыпщI, Iейр псори пщегъэгъупщэри, моуэ-щэ, гъащIэ щIэращIэм и курых уохъу.

МакъкIэ апхуэдиз лъэкIыныгъэ зиIэ уэрэджыIакIуэр дауэ Iеин?! Iеин щызогъэтри, мы псалъэр зэи гуэгъу хуэпщI хъунукъым Iэсият. ТеплъэкIэ удэзыхьэх, щыпсалъэкIэ зэгъэпэщарэ гум ехуэбылIэу уэршэр цIыхубзыр телъыджэщ. А псоми хэлъхьэж абы и макъыр - пхужымыIэнщ икIи пхуэмытхынщ. Аслъэным жиIэ уэрэдхэр цIыхубэм занщIэу къапхъуатэ. Иджыри сыхуэзауэ щыткъым цIыху Iэсият  и уэрэдхэм щIэмыдэIуауэ. ЕдэIуа дэтхэнэми ар дзапэ уэрэд хуохъу.

ИтIанэ гъэщIэгъуэныр мыращ: сыт хуэдэ уэрэд жимыIэми, Iэсият  хуабагъэ хэлъу щытщ. Куэдрэ сегупсысащ абы и щхьэусыгъуэм - сытым къыхэкIрэ а хуабагъэр, жысIэу. Жэуапыр зыщ - Лъагъуныгъэщ! Абы жиIэ уэрэдхэр езым лъагъуныгъэкIэ егъэнщI, цIыхухэм къытхуигъэпс псалъэхэм къапкърокI а дахагъэр, арагъэнущ итIанэ цIыхупсэм и плъыфэ псори удз къэгъагъэм, къэтIэпIым, къэщхьэлъэм гуэгъу щIыхуэхъур.

ТелевизоркIэ Iэсият  уэрэд жиIэу зэхэсхамэ, псори згъэтIылъырти абы сыхуэжэрт. АбыкIэ фIыщIэр Къэбэрдей телевиденэм хухызох. РадиокIэ зи уэрэдхэм дыщIэдэIу цIыхубзым сыдежьурт. Ауэ зэи сигу имыкIыжыр мыращ. Бэтэх курыт еджапIэм сыщылажьэ зэмант. Хабзэм, нэмысым теухуауэ къызэзгъэпэща зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ пшыхь къызэдгъэпэщат. ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм и унафэщI Нэгумэ Лейла абы кърихьэлIат. Пшыхьыр духа нэужь, Лейла зэрыс машинэмкIэ си унэ сишэжащ. Гъуэгу дызытетым сызригъэдэIуар Аслъэн Iэсият и уэрэдхэрщ. Тыгъэу Лейла къызита дискыр нобэми сиIэщ. Лейла зы псалъэ димыгъэхуу Аслъэным игъэзащIэ уэрэдхэр дыжиIащ. Ар сигу имыкIыжщ. Лейла къищынэмыщIауэ, цIыху дапщэ сахуэза Аслъэн Iэсият фIыуэ ялъагъуу. УэрэджыIакIуэм дежкIэ аракъэ насып хъужыр - уи уэрэдхэр цIыхубэм жаIэу фIыуэ укъалъагъумэ.

Хуабжьу срогушхуэ икIи сропагэ Iэсият. Ар сэри си къежьапIэ Дзэлыкъуэ куейм и цIыху нэсщ, гум ехуэбылIэрэ псэр зымыгъэзэш макъкIэ кьытхуэтыгъэщ. Куэдрэ тхуэпсэу, Iэсият, куэдрэ уи макъым дыщIэгъэдэIу!

 

МАХУЭЛI Беслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.