ТХЬЭЩЫГЪУЕЙ ЖАННЭ, АКТРИСЭ: СХЭЛЪ ГУЭРЫМ ГУ ЛЪАТАГЪЭНТСи адэ шыпхъум и къуэ, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан Москва щеджэу, я художественнэ унафэщI Калиновский Леонидрэ абы и щхьэгъусэмрэ Налшык къэкIуат загъэпсэхуну. Абыхэм сыкъафэу, уэрэд жысIэу сыкъыщалъагъум, школакIуэ хъыджэбз цIыкIум схэлъ гуэрым гу лъатагъэнти, курыт еджапIэр къызэрызухыу Москва актёр IэщIагъэм сыщыхуеджэну къызжаIат. АрщхьэкIэ сэ абы куууэ сегупсысакъым, сIэщIэхужари зыхуэIуа щыIэтэкъым. Школ нэужьым илъэс ныкъуэкIи сылэжьауэ, Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм ягъэкIуэну адыгэ студие къыхахырти сыхыхьащ, илъэсиплIкIэ абы сыщеджащ. Къэзухыу I988 гъэм къызэрызгъэзэжрэ лъэпкъ театрым сыщолажьэ. ГъащIэм и IэфIыпIэр УмыукI, къомыгъапцIэ, умыдыгъуэ… Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|