БАДЗЭУЭГЪУЭ

Ебланэ мазэ июлыр Цезарь Юлий и цIэм епхащ. А мазэм дзэпщ цIэрыIуэм и цIэр фIащащ, Цезарь дунейм ехыжыным зы илъэс иIэу.

Адыгэхэм мы мазэм щхьэкIэ цIывыгъуэ мазэ, иныкъуэм дежи бадзэуэгъуэ жаIэрт. Мы тIури зэхьэлIар Iэщ зехуэныр арат. Ди зэманым адыгейхэми къэбэрдейхэми къагъэсэбэпыр бадзэуэгъуэ псалъэращ. Сирием, Иорданием, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри аращ а мазэм зэреджэр.

Бадзэуэгъуэ – бадзэ – уэ – гъуэ «самый жаркий период лета». Мы псалъэ къэхъукIэр куэдрэ адыгэбзэм къегъэсэбэп (еплъ «мэкъуауэгъуэ»).

Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэм ущрохьэлIэ гамахокумазh псалъэм («лета средний месяц» / гъэмахуэм ику).

Июлым икухэм деж гъэмахуэ шылэр къохьэ. (17-м щыщIэдзауэ шыщхьэу1ум и 25-м нэсыху). Дунейр нэхъ щыхуабэ дыдэщ, кIэщIу жыпIэмэ, бадзэуэгъуэщ.

Бадзэуэгъуэ мазэм деж мэкъумэшыщIэхэр хуэсакъыу кIэлъыплъырт хьэми, мэшми, гуэдзми щхьэлъэфIей химыщIэным. Апхуэдэр къэхъуамэ, «Хьэрэт сымаджэщ», - жаIэрти, тхьэлъэIу ящIырт. Хьэрэтыр къэкIыгъэхэм яIэ узыфэхэм я тхьэу арат. ТхьэлъэIум хэтхэм къэкIыгъэхэм яжьэпс ираутхырт. Абы сабийхэри балигъхэри хэтт. Зэралъытэр арат: Хьэрэт сымаджэ хъуащ, ар узыншэ хъужмэ, мэшым щхьэлъэфIейр хэкIыжынущ. Арат яжьэпсыр къэкIыгъэхэм щраутхкIэ «Ялыхь, Хьэрэт гъэхъуж», - щIыжаIэр.

Ар зэфIэкIа иужькIэ хьэсэ гъунэм деж тIысхэрти, хъуахъуэурэ махъсымэ ефэрт, ерыскъы къащтар зыIуагъахуэрт. ИтIанэ тхьэлъэIум хэта щIалэ цIыкIухэр къызэдагъажэрт, абы щыгъуэми языныкъуэхэм Хьэрэт и цIэр фIащауэ, адрейхэм щхьэлъэфIей я цIэу. Дауи, Хьэрэт зи цIэхэр къатежын хуейт.

 Мы тхьэлъэIур япэ дыдэ Раскинэ С.  1940 гъэм шапсыгъхэм я деж щитхыжыгъащ. А тхьэлъэIур зыщIэжыр шапсыгъхэм я закъуэщ, адыгэхэм куэд щIауэ ар ящIакъым. Мы тхьэлъэIум гъэщIэгъуэну хэлъыр – яжьэпсыр, пэж дыдэу, къэкIыгъэ сымаджэ хъуам зэрихущхъуэрщ. Абы щыхьэт тохъуэ иджырей мэкъумэш щIэныгъэри. Ауэ Хьэрэт псалъэр тхыгъэхэми IуэрыIуатэми къызэрыхэщыжыр мащIэ дыдэущ.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.