ЖЫГХЭР ЦIЭРЫIУЭ ЩIЭХЪУР

Литературэм, макъамэм, кином, сурэтым я фIыгъэкIэ Iэджи цIэрыIуэ мэхъу. Iэмал имыIэуи щыткъым ахэр мыцIыхункIэ. Жыгхэр, псалъэм и хьэтыркIэ! Жыгхэр сурэту ящI, усэ тратхыхь, журналхэм иратхэ, и жьауапIэм зыщагъэпсэху! Егъэлеяуэ цIэрыIуэ хъуа жыгхэр щыIэщ.
1994 гъэм «Побег из Шоушенка» фильмым хэта жыгейр хабжащ жыг нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм. Фильмым хэта жыгыр итащ Америкэм и къэрал парк «Малабар Фарм»-м, Огайо штатым щыIэм. Илъэс къэс жыгейм еплъыну а щIыпIэм кIуэуэ щытащ зыплъыхьакIуэхэр. «Шоушенкэ жыгкIэ» зэджэ а жыгейр 20I6 гъэм жьапщэшхуэм ирищIыкIауэ щытащ.
1986 гъэм Ирландием щыщ «U2» рок – гупым уэрэд альбом къыдагъэкIыну загъэхьэзырырт. Альбомым сурэт хуащIынур къыхахын хуейти, я сурэттехым жиIащ Джошуа жыгыр зэрыфIэдахэр. Ар егъэлеяуэ бэшэч лIэужьыгъуэщ, США-м и къумым къыщокI. Жыгым и къудамэхэр ещхьщ уэгум зыхуэзышия цIыхуIэхэм. Гупым хэтхэм гупсысэр ягу ирихьащ. Уеблэмэ альбомым фIащащ жыгым и цIэр. Къумым кIуэхэри, къыхахащ и закъуэ дыдэу щыт апхуэдэ зы жыг, абы бгъэдэтуи сурэт зытрахащ. Альбомыр дуней псом нэхъ щIэупщIэ зиIэ дыдэхэм ящыщ хъуауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIэ «U2» гупыр дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ. «Joshua Tree» альбомым ита уэрэдхэм ноби куэд едэIуэн яфIэфIщ. Абы и напэр зыгъэщIэрэщIа жыгым и деж плъакIуэ щыIащ цIыху мелуан бжыгъэ. Жыг цIэрыIуэр 2000 гъэм жьапщэшхуэм ирихащ. Абы и ныбжьыр илъэс 200-м нэст. ИтIани, жыгыр зэрищIыкIам хуэдэу щылъщ, зыхэта щIыпIэм деж. «U2»-р зыфIэфIхэр иджыри кIуэуэрэ йоплъыр.
I993 гъэм ягъэлъэгъуауэ щыта «Лъым щIатыр лъыщ» («За кровь платят кровью») фильмыр куэдым ягу ирихьауэ щытащ. Австралием щыкI зы уэздыгъей жыг цIэрыIуэ ищIащ фильмым. ЛIыхъужь нэхъыщхьэр абы бгъэдохьэри «Сыту фIы уи унэ ущыIэну» жи, жыгыр лъапсэу илъытэу. «Бунья» зыфIаща жыгыр образ щхьэхуэу хэтщ драмэм.
Пасэрей бжей телъыджэ щокI Великобританием, Хартфордшир. «Пащтыхь бжейкIэ» («Королевский бук») зэджэ жыгыр цIэрыIуэ хъуащ 2004 гъэм Гарри Поттер теухуауэ траха «Азкабаным и гъэр» («Узник Азкабана») фильмым дзэл зэщIэкIам и образыр зэрыщигъэзэщIам. Жыгым илъэс 400-м щIигъу и ныбжьт. 20I4 гъэм жыгыжьыр езыр-езыру ищIыкIащ - кхъахэ дыдэ хъуати, зыхуэIыгъыжакъым.
Нидерландхэм, Франк Аннэ и унагъуэр щIыгъуу нацистхэм защыщигъэпщкIуу илъэситIкIэ зыщIэсауэ щыта унэм пэмыжыжьэу итт щхъуэмч жыгышхуэ. Пщэдджыжь къэс, хъыджэбз цIыкIур щхьэгъубжэм дэплъырти, жыгым кIэлъыплъырт. И махуэрытхэм (дневникым) иритхат мыпхуэдэу: «Щхъуэмч жыг пцIанэм и къудамэхэм уэшх ткIуэпсхэр къытоцIуукI, хы тхьэрыкъуэхэмрэ нэгъуэщI къуалэбзухэмрэ жьым щыпхылъэткIэ… а псор слъагъухукIэ, - сегупсысырт сэ, - сэри сыщыIэнущ, дыгъэри уафэ къащхъуэри къэслъэгъужынущ, а псор слъагъухукIэ, сэ насыпыншэу зыслъытэж хъунукъым». Махуэрытхэм итхэм къытращIыкIыжа тхылъыр XX - нэ лIэщIыгъуэм и тхылъ нэхъыфIхэм халъытащ. Жыгыр дуней псом къыщацIыхуащ. 20I0 гъэм щхъуэмч жыгыр борэным ирищIыкIащ. Абы и ныбжьт илъэс 200 - м нэс. Абы и щIэж жыгыщIэ цIыкIухэм Нидерландхэм, Америкэм, Англием я уэрамхэр ягъэдахэ.
Англием щыщ Эдвинстоу къуажэм щыIэ Шервуд мэзым щокI «Адакъэ жыг» зыфIаща жыгейр. А щIыпIэм и IуэрыIуатэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абы илъэс 800 хуэдиз и ныбжьынущ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм абдеж адакъэ зауэхэр щрагъэкIуэкIыу щытащ. Археолог Рук Хейман ар пасэрей жыгейхэм теухуа и тхылъым иритха нэужь, абы «Жыгей нэхъыщхьэкIэ» еджэ хъуащ.
Адыгейм, Сочэ къалэм щокI адыгэхэм лъапIэныгъэу ялъытэ жыг абрагъуэ, жыг дахэкIэ йоджэ абы. И гъэгъахэр тюльпаным ещхьщ. Езым метр 35-рэ и лъагагъщ, метр 27-рэ и бгъуагъщ. Шапсыгъ къуажэм дауэ къыщыхута жыгыр? Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, генерал Раевский Николайщ 1840 гъэм ар хезыгъэсар. Жыгым кIэрыIулIа пхъэбгъури аращ щыхьэт зытехъуэр. Ауэ… Шахэ Iуфэм ар Iутащ урысыдзэхэр Кавказым къихьэным куэдкIэ ипэ къихуэу. Биологием елэжь щIэныгъэлIхэри абы щыхьэт тохъуэ. Сыту жыпIэмэ, къахутащ жыгыр езым кIэрыIулIа пхъэбгъум къыщыгъэлъэгъуа илъэси I70-м нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъыжьыр, илъэс 240-м щIигъу къызэригъэщIар.
Илъэс къэс, ныкъыгъэм и 2I-м жыг дахэм деж адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж махуэм ехьэлIа дауэдапщэ щрагъэкIуэкI.
Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.