Къэзахъстаным и Алматы къалэм щекIуэкIащ Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэныбжьэгъугъэм (СНГ) хыхьэхэм я ещанэ дзэ-спорт джэгухэр. Абы армэ IэпщэрызауэмкIэ дыщэ медалыр къыщихьащ ди лъахэгъу Хьэсанэ Мурат.
СНГ-м хыхьэ къэралыгъуэхэм зыхъумэжыныгъэмкIэ я министрхэм я совет къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъум и щIыхькIэ зэхаубла зэхьэзэхуэм кърихьэлIат Армением, Беларусым, Къэзахъстаным, Урысей Федерацэм, Узбекистаным я дзэ-хэм къулыкъу щызыщIэ щIалэ 250-м щIигъу. Зэпеуэр екIуэкIащ армэ IэпщэрызауэмкIэ, зэрахьэ IэщэмкIэ нэщанэ еуэнымкIэ, кросс къэжынымкIэ, офицер троеборьемкIэ, гырэ лIэужьыгъуитIкIэ къэIэтынымкIэ.
Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я гуп къыхэхам хэту армэ IэпщэрызауэмкIэ лъэщу зыкъигъэлъэгъуащ Хьэсанэ Мурат. Килограмм 85-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм къыщыпэува псори абы хигъэщIащ икIи чемпионыгъэр зыIэригъэхьащ.
НэхъапэIуэкIэ, мы илъэсым и пэщIэдзэм, Мурат щытекIуащ Ипщэ дзэ округым армэ IэпщэрызауэмкIэ Владикавказ щригъэкIуэкIа зэпеуэм. Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэм и «Манеж» спорт уардэунэм щыIа зэхьэзэхуэм абы щыгъуэм кърихьэлIат команди 8-м щыщ зауэлIи 100-м щIигъу. Япэ увыпIэм хуэзыша зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм Хьэсанэм щыхигъэщIахэм яхэтащ ММА-м и дунейпсо чемпионри.
Мурат къыщалъхуар Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэращ. Iэпщэрызауэм зыхуэгъэсэн щыщIидзари абы дэт спорт клубращ. Иджыпсту зэхьэзэхуэ инхэм зыхуегъэхьэзыр Урысей Федерацэм грэпплингымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Шыхъуэстэн Руслан и унафэм щIэту.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Хьэсанэ Мурат иджы щытекIуа Къэ-рал Щхьэхуитхэм я Зэныбжьэгъугъэм хыхьэхэм я дзэ-спорт джэгухэр нэхъапэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэмрэ Къыргъыстанымрэ.
Хьэтау Ислъам.