Москва щыIэм XXI лIэщIыгъуэм и галереем бадзэуэгъуэм и 7-м къыщызэIуаха «Другой текстиль: другой текст/другой стиль» выставкэм хагъэхьащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт ди хэкуэгъу IэпщIэлъапщIэ, пасэрей лъэпкъ IэщIагъэм и хъумакIуэ, ар-джэнхэр къэзыгъэщIэрэщIэж Мэзло Руслан и лэжьыгъэхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэр щIыналъэхэм я художественно-экологие проекткIэ къызэIуахащ. Ар теухуащ цы зэрызэIуащэ, зэрыхадыкI, хъэрэмэхъищэ зэращI хабзэхэр иджырей арт-практикэ Iэмалхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ къагъэсэбэпу хъума зэрыхъу-нум.
Iуэхум лъабжьэ хуэхъуар езы щIыуэпсым къигъэщIахэм (ар цIыхухэм зэрахьэу е унэлъащIэу ирехъуи) щIэупщIэ ин зэраIэрщ, сыту жыпIэмэ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызыхэкI химие пкъыгъуэхэм куэд щомэхъашэ. Аращ абджыр, ятIагъуэр, ятIэ гъэжьар, щэкIыр, упщIэр, тхылъымпIэр, IутIаныр (рогозэ), хьэуазэр, губгъуэ къэкIыгъэхэр, нэгъуэщIхэри къагъэсэбэпу ящIхэм кIуэ пэтми утыкур щIиубыдыр. Выставкэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр апхуэдизкIэ щIэщыгъуэщи, зэ еплъыгъуэкIэ ахэр къызыхэщIыкIар гурыIуэгъуэкъым.
Мэзло Руслан нэхъ пыухыкIауэ дыкъытеувыIэмэ, пасэрей щIыкIэр и лъабжьэу игъэхьэзыр, хуабагъэ къызыпкърыкI, плъыфэхэри тхыпхъэхэри щызэхиухуанэ, зэпымыууэ щIэ гуэр зыхилъхьэ арджэнхэр сыт щыгъуи яфIэгъэщIэгъуэну зэпаплъыхь. Ахэр нобэ хэти алэрыбгъу папщIэу, нэмэзлыкъыу, языныкъуэхэм пэш гъэдахэу къагъэсэбэп. Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкIыу щыта лъэпкъ хьэпшыпыр къызэригъэщIэрэщIэжар, блэкIамрэ иджыреймрэ зэрызэпищIэр гуапэщ. Пасэрей хьэпшыпыр ди нобэми хигъэзэгъэн хузэфIэкIащ цIыху IэпщIэлъапщIэм. И зэфIэкIым-рэ и IэпэIэсагъэмри хигъахъуэу, дуней псом щызекIуэ иджырей Iэмалхэр, Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр къигъэсэбэпми, хабзэм къытемыкIыу - апхуэдэ лэжьэкIэ иIэщ Руслан. Лъэпкъ гъуазджэр зыгъэбей а щIалэр хамэ къэралхэми къыщацIыхуауэ и лэжьыгъэхэм дуней псом щIэупщIэ щиIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Elle» франджы журналым, «100 лучших дизайнеров и архитекторов России 2021» журналым и мыгъэ-рей зи чэзу къыдэкIыгъуэхэм и лэжьыгъэхэр хагъэхьащ. Мазло Руслан и IэрыкIхэр телъыджэу къыщIалъытэр нобэрей зэманым къигъэувхэм зэрыдекIурщ.
Мы зыри дэщIызгъужынщ: выставкэр щыIэнущ бадзэуэгъуэм и кIэ пщIондэ.
Тхыгъэри сурэтри БЖЬЫХЬЭЛI Розэ ейщ.