ПУТИН ВЛАДИМИР КЪЫХИГЪЭЩХЬЭХУКIАЩ ДИ РЕСПУБЛИКЭМ И ЭКОНОМИКЭМ ПСЫНЩIЭУ ЗЭРЫЗИУЖЬЫР

Ди газетым зэрытетащи, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым зегъэу­жьы­нымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэ бадзэуэгъуэм и 13-м Москва щекIуэкIащ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхуэзащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Псалъэмакъыр теухуауэ щытащ КъБР-м и социально-эко­номикэ зыужьыныгъэм пыщIа Iуэхухэм, лъэпкъ проектхэр зэ­рагъэзащIэм, экономикэ политикэм и унэтIы­ныгъэ нэхъыщ­хьэхэм.

Республикэм и экономи­- кэм псынщIэу зегъэужьынымкIэ ­мы­хьэнэ хэха зиIэ IэнатIэхэм ящыщщ ухуэныгъэр. Путин Владимир а IэнатIэр нэгъабэ нэры­лъагъуу зэрефIэкIуамкIэ, - и зэ­фIэкIым процент 18-кIэ зэры­хэхъуамкIэ - КIуэкIуэ Казбек ­къе­хъуэхъуащ. Къэ­бэр­дей-Балъ­къэрым и Iэтащхьэм къыхигъэщ­хьэхукIащ лэжьыгъэхэр иджыри къызэрамыгъэтIасхъэр: иужь­-рей илъэсищым къриубыдэу псэу­пIэу метр зэбгъузэнатIэ ­мелуан 1,5-м нэблагъэ хьэзыр ящIащ, 2030 гъэм нэсыху аргуэру псэупIэщIэу метр зэбгъузэнатIэ мелуани 5,5-рэ хуэдиз яухуэну я мурадщ.
Къэралым и унафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и экономикэм инвестицэу сом мелард 51,1-рэ къызэрыхузэщIагъэуIуар ехъулIэныгъэшхуэу зэ­ры­щытыр, ар абы япэ ита илъэ­сым елъытауэ проценти 104-рэ зэрыхъур.
Ауэ абы къыдэкIуэу Путин Владимир къыхигъэщащ лэжьапIэ­хэм я рынокым гугъуехь пыу­хы­кIахэри зэрыщыIэр.
Апхуэдэ щытыкIэр гъэзэкIуэ­жынымкIэ лэжьыгъэхэм я унэ­тIыныгъэ нэхъыщхьэу тIу КIуэ­-кIуэ Казбек къигъэлъэгъуащ. Абы­хэм ящыщщ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэр шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ проценти 10-кIэ зэрыхагъахъуэр. Апхуэдэу ямытхауэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм щылажьэ­-хэр нэхъ жыджэру сэтей къащIынущ, абыхэм ипэжыпIэкIэ къа­лэ­жьыр зыхуэдизыр убзыхуным яужь итынущ. Иджыпсту лэжьапщIэр къапщтэмэ, ар лъагэу пхужыIэнукъым, ику иту сом 31712-рэ хъууэ аращ. Республикэм и унафэщIхэм я мурадщ ди цIыхухэм ику иту мазэм къа­Iэрыхьэ улахуэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ нэхъыфIхэм къыщалэжьым нагъэсыну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­Iэтащхьэм къэралым и унафэ­щIым и пащхьэ ирилъхьащ финанс IэнатIэр гъэтэмэмыным ­теухуауэ къыпэщыта къалэныр зэригъэзэщIар. 2021 гъэм валовэ щIыналъэ продуктыр сом мелард 205-м щIигъуащ. Республикэ бюджетыр сом мелард 52-м нэсащи, абы щыщу сом мелард 13,7-р езы щIыналъэм къилэ­жьыжа хэхъуэхэрщ. Апхуэдэ хэ­хъуэхэр иужьрей илъэсищым ­къриубыдэу хуэдэ зырэ ныкъуэм нэблагъэкIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэ щытыкIэм тету 2022 гъэри йокIуэкI - блэкIа мазихым кърикIуахэм япкъ иткIэ а хэхъуэ­хэр проценти 115-м нэсащ.
ЦIыхухэм хэхъуэу проценти 9,3-кIэ нэхъыбэ къаIэрыхьащ. Республикэм исхэм я процент 24,2-р илъэсищ япэкIэ къулейсызу щы­тамэ, иджы апхуэдэхэм я бжыгъэр процент 18-м нэсу къехащ.
КIуэкIуэ Казбек къэралым и унафэщIыр щыгъуазэ ищIащ ­IэнатIэ щхьэхуэхэм я щытыкIэм. Нэгъабэ ди щIыналъэм щыIа ­туристхэр мелуаным нэсамэ, иджы а бжыгъэм нэрылъагъуу къыхэхъуэну къыщIэкIынущ. Блэ­кIа мазихым республикэм цIыху мин 550-м зыщагъэпсэхуащ, ­нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ ар процентихкIэ нэхъыбэщ.
Экономикэм и зыужьыныгъэр щIэгъэпсынщIэнымкIэ нэхъ зы­щыгугъхэм ящыщщ промыш­ленность псынщIэмрэ щэкIхэр зэIузыщэ промышленностымрэ. Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым предприятэ инитI щы­Iэщ - ахэр «ВоенТекстильПром», «ВТК групп» IуэхущIапIэхэрщ. Абы­хэм цIыху мин хуэдиз щолажьэ икIи IэнатIэхэм псынщIэу заужь, абыхэм къыщIагъэкI продукцэм хагъахъуэ.
«Мэкъумэш хозяйствэм нэ­гъабэ и закъуэ валовэ продукцэу сом мелард 68,8-рэ къыщалэжьащ, - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек. - НэгъуэщIу жы­пIэмэ, гъэ къэс абы и зэ­фIэ­кIым процентипщI хуэдиз къыщIегъу. КъызэрыслъытэмкIэ, апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр дяпэкIи диIэнущ, сыту жыпIэмэ, дэ хэхауэ ­догугъу жыг хадэхэм яIыгъ щIыхэм зэрызедгъэубгъунум».
Республикэм и Iэтащхьэр ап­хуэдэу тепсэлъыхьащ хадэ­хэкI­хэмрэ пхъэщхьэ­мыщ­хьэ­хэм­рэ щагъэкIын папщIэ щхьэ зытелъ теплицэхэр Шэджэм районым нэхъыбэ зэрыщащIым, абы пап­щIэ инвестицэу сом мелард 18 къызэрызэщIагъэуIуам икIи а ахъшэр щIадзауэ къызэрагъэ­сэбэпым.
Апхуэдэу КIуэкIуэ Казбек къэралым и Президентыр щы­гъуазэ ищIащ Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэр зэтегъэувэжынымкIэ проектыр зэрагъэзащIэм: «Уэ, Владимир Владимир и къуэ, республикэм и унафэщIхэм закъыщIэвгъэ­къуауэ щытащ, къалэн пыухыкIахэр зыхуэфащэхэм яхуэбгъэуващ икIи абы щыгъуэ зэраубзыхуам тету лэжьыгъэхэр ирагъэжьауэ йокIуэкI. Мы проектым трагъэкIуэдэн папщIэ псори зэхэту инвестицэу сом мелард 55-рэ къызэщIагъэуIуащи, абы щыщу сом мелард 46-р Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм щагъэзэщIэну проектхэм халъ­хьэну инвестицэхэрщ».
Республикэм и экономикэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу хозяйствэм: абы ­хиубыдэу гъэ къэс гъуэгуу километри 150 - 170-рэ хуэдиз зэрагъэпэщыж е щIэуэ яухуэ. 2022 - 2023 гъэхэм Росавтодор IуэхущIапIэм «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгум щыщу республикэм хиубыдэр нэхъ бгъуэ ищIынущ, лъэныкъуэ къэскIэ автомобилхэр сатыр тIурытIу щызекIуэфын хуэдэу.
Путин Владимир щIэупщIащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным щIыналъэр зэрехъулIэм.
2019 гъэм щегъэжьауэ 2021 гъэм нэсыху республикэм школхэр щыщIыным, зи школ кIуэ­-гъуэ мыхъуахэм папщIэ Iуэху­щIапIэхэм зегъэужьыным хуэдэ проектхэм трагъэкIуэдащ сом мелуан 20. 2022 гъэм аргуэру а лэжьыгъэхэм хухахащ сом мелард 12. ШколыщIэу хы хьэзыр ящIащ, мы зэманым школипщI яухуэ, гъэ къакIуэ аргуэру школий кърагъэжьэнущ. Аращи, псори зэхэту школыщIэу 24-рэ республикэм иIэнущ, ар еджапIэ псоми я процентищIым щIегъу. «Ди школакIуэхэм ящыщу мин 20-м щIигъур щеджэ унэхэр хуэмыщIауэ щытати, ахэр зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм зэрытхузэфIэкIкIэ зедгъэубгъуащ. Шэч къытесхьэркъым курыт еджапIэхэр я щы­тыкIэкIи зэфIэкIкIи тэмэму зэ­тегъэувэнымкIэ къытпэщыт къа­лэнхэр 2024 гъэм фIэмыкIыу зэрыдгъэзэщIэфынум», - къигъэлъэгъуащ КIуэкIуэ Казбек.
Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэм Путин Владимир фIыщIэ хуищIащ экономикэм зегъэужьынымкIэ, сабий зиIэ унагъуэхэм защIэгъэкъуэ­нымкIэ зэфIигъэкIхэм папщIэ икIи къыхигъэщхьэхукIащ щIыналъэхэм заужьын, абыхэм я экономикэм и зэфIэкIым хэхъуэн, цIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуэн ­папщIэ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэри.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)