ЖЬЭГЪУЩIЭС КЪУАЖЭУ ЛЭСКЭН ИПЩЭ

Мэзыр куэду зэрыщыIэм къыхэкIкIэ, иджырей Лэскэн Ипщэр здэщыс щIыпIэм деж, япэщIыкIэ, I929 гъэм, пхъэ щызэгуах заводрэ абы къепха цехрэ щаухуауэ щытащ. А предприятэ цIыкIуитIым я Iэгъуэблагъэм тIэкIу-тIэкIуурэ щетIысэха унагъуэхэм I948 гъэм къуажэ цIыкIу къытрагъэпщIыкIащ. А зэманым Лэскэн Ипщэм «Фанернэ»-кIи еджэрт.

Совет лъэхъэнэхэм жылэ цIыкIум дэтар класси 8 еджапIэт. Абы и унэ кIыхьым гъэмахуэ пионер лагерь къыщызэрагъэпэщырти, Аруан районым и школакIуэхэм ар я зыгъэпсэхупIэт. Си щхьэкIэ абы тIэунейрэ пIалъэ пыухыкIа гуэркIэ сыщыIауэ щытащ, сабиигъуэр щисха Лэскэн ЕтIуанэм, нэгъуэщI си еджэгъу цIыкIухэм сащIыгъуу, сыкърашурэ. ИужькIи, си къуэш Амиррэ сэрэ ди хадэм ит кхъужьей жыгышхуэхэм къапыщэщхэр ди анэм къыдигъэщыпурэ «Фанернэм» мызэ-мытIэу дигъэшауэ щытащ, а къуажэм дэт бэзэр цIыкIум щыдигъэщэн папщIэ.
ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщызуха илъэсми, си гур абыкIэ щыIэти, а махуэхэм ирихьэлIэу ди деж хьэщIапIэ къэкIуауэ щыта, си анэш къуэш Бэрау Артуррэ сэрэ къуэм дэт псыр къыщыщIидзэр къэтхутэн мурадыр диIэу, пшапэ зэхэуэгъуэ хъуа пэтми, Лэскэн Ипщэ нэс Налшык къикI иужьрей автобусымкIэ зыдредгъэшейри абы и псыхъуащхьэхэмкIэ жэщхуэкIуэу дыдэущеяуэ щытащ…
Абы лъандэрэ а жылэ цIыкIум сыдэмыхьами, иджыпсту хуэдэу си нэгу къысхущIэгъэувэжынущ абы дэта унэхэм я ухуэкIэу щытари, и уэрамхэм я зыгъэзэкIэри, пэгъунэгъубзэу блэж псыр пщэдджыжькIэрэ псэм дыхьэрэ къабзащэу, езы жылэр къэзыухъуреихь мэзхэм къащIиху салъкъыныр пкъым щызу зыщIэтшэу зэрыщытари...
20I4 гъэм Лэскэн Ипщэм цIыхуи I57-рэ дэсащ. Абыхэм ящыщу 64-р адыгэт, 52-р осетинт, 24-р урыст, I9-р балъкъэрт, 9-р тэтэрт. 202I гъэм къызэрабжамкIэ, а къуажэ цIыкIум дэсыжар цIыхуи I34-щ.
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.