МАЛКЭ ШЫ ЗАВОДЫР КЪЫЗЭРЫЗЭРАГЪЭПЭЩАР

XIX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм Къэбэрдейм шыхъуэу 192-рэ ист. Шы куэд зезыхуэхэм хабжэрт полковник ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ (300), Кушмэзокъуэ Кушмэзыкъуэ (200), Тыжь Пакъ (600), Тыжь Алий (500), подполковник Къэсейр (200), юнкер Шалборовымрэ и къуэшхэмрэ (1500), ХьэтIохъущокъуэ Бэчмырзэ (250), ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил (200), ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ (300), ТэукIэщ Цурэ (225). А гупым щыщт шы зехуэнкIэ щапхъэ къэзыгъэлъагъуэ Къуэдзокъуэри.
1866 гъэм мэлыжьыхь мазэм Къуэдзокъуэм Тэрч областым и унафэщIым лъэIукIэ зыхуегъазэ къэрал мылъкур зыIэщIэлъ департаментым щIыналъэм щызэрахуэ шыхэр «езыгъэфIэкIуэн шы лъэпкъыфI дыдэ зэригъэпэщын» папщIэ сом I0 000 къыхуригъэутIыпщыну.
А тхыгъэм Къуэдзокъуэм щыжеIэ Къэбэрдейм щыIэу шищэ зэриIэр. НэгъуэщI дэфтэрхэм къыхощ абы I863 гъэм зи бжыгъэр 250-м нэс шы гуартэ зэрихуэу щытауэ. Iуэхум шэч къызэрытрихьэр къыхигъэщу, къэрал мылъкур зыIэщIэлъ Кавказ тетым и департаментыр зезыхьэр Тэрч областым и унафэщIым йочэнджэщ: «Къуэдзокъуэр нэхъ ахъшэ мащIэкIэ а мурадым лъэмыIэсыфыну пIэрэ?» жеIэри. Къуэдзокъуэм 1867 гъэм мэлыжьыхьым Тэрч областым и унафэщIу лэжьа Лорис-Меликов Михаил и цIэкIэ игъэхьэзыра жэуапым щыжеIэ: «Къэбэрдейм шищэ ирикъу гуартэм ущелэжьыныр сом 10000 нэхърэ нэхъ мащIэкIэ пхузэфIэкIынукъым». Уеблэмэ а ахъшэр зэ тыгъуэу иратын зэрыхуейр къыхегъэщ Къуэдзокъуэм. «НэгъуэщIу ахъшэр къысхуэгъэщхьэпэнукъым, - етх абы, сыту жыпIэмэ, хамэ къэралым хьэрып шитху къыщызмыщэхуу хъунукъым, абы сом 7000 текIуэдэнущ». АрщхьэкIэ езы Кавказ тепщэгъуэм Къэбэрдейм завод гуэрым къыщагъэхъуа шищ тыгъэ хуищIыныр нэхъ захуагъэу къилъытащ. Дэфтэрхэм ар къыхощ «пащтыхьым и хьэлэлагъым къыхэкIа тыгъэ» фIэщыгъэм щIэту.
Къуэдзокъуэм шы завод къызэIуихыну гупыж зэрищIам ипкъ иткIэ «Къэбэрдейм къашэну шыхэр зыщIагъэувэн шэщрэ, ахэр шыхъуэхэм къызэрагъэщхьэпэну щIыкIэмрэ зэрелэжьынур къыщыгъэлъэгъуа дэфтэр» игъэхьэзырыну унафэ къыхуащI. А унафэр игъэзэщIэн папщIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ Лэкъумэн. Абы Налшык шыхъуэ пашэхэр ириджэри, шы гъэхъупIэ къызэрагъэпэщынум тригъэпсэлъыхьащ, ар къызэрагъэщхьэпэну щIыкIэхэри яубзыхуащ. Къуэдзокъуэм къызэрилъытэмкIэ, Iуэхур тыншу зэфIэкIын папщIэ, Балъкъ и Iуфэ сэмэгум, псоми яцIыху «Известный брод» къуэм километрищкIэ пэIэщIэу, шэщ щаухуэнрат нэхъыфIыр. Ухуэныгъэр адыгэ цIыхубэм зэхалъха мылъкум къыхахыу Афэ Сэид жыхуаIэ адыгэ щIалэм иригъэкIуэкIыну унафэ къащтащ. Къэбэрдей шыхъуэхэм ахъшэр зытекIуадэм кIэлъыплъыну жэуаплыныгъэ зыбгъэдэлъ икIи зэгъэзахуэшхуэ зыхэлъ, Iуэхур нэгъэсауэ зыфIигъэкIыныр зи хьэл ротмист Къармэм и пщэ далъхьэну къыщыхалъхьэм, Къуэдзокъуэр абы арэзы техъуакъым, Къармэм шы гъэхъун Iуэхум зэрыхимыщIыкIым къыхэкIыу. Администрацэр Къуэдзокъуэм и акъылэгъу хъури, шыгъэхъупIэм и унафэр езым и пщэ къыдалъхьэжащ.
I870 гъэм и гъатхэм унафэр къащтащ. I870 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м Къуэдзокъуэм Тэрч тепщэгъуэм и унафэщIыр щыгъуазэ ещI гъатхэм къызэIуахыну шы заводыр хьэзыр хъун папщIэ зэфIагъэкIахэм. Шэщым пIалъэкIэ Балъкъ Iуфэ Iут Лафыщхьэблэр ирагъэубыдри, мэкъу, зэнтхъ, хьэуазэ ягъэхьэзырын щIадзэ, шыхэр къэзышэнухэр Харьков ягъакIуэ, шыхэм якIэлъыплъыну иджыри адыгэ щIалищ лэжьакIуэу къащтэ. Къуэдзокъуэр аргуэру мэлъаIуэ Къэбэрдей псапащIэ ахъшэм щыщу шы гъэхъупIэм илъэс къэс текIуэдапхъэ ахъшэр къыхуаутIыпщыну. Лорис-Меликовым Къэбэрдей округым и унафэщIым «зиусхьэн Къуэдзокъуэм псапэ ахъшэм щыщу Къэбэрдейм шы гъэхъупIэ къыщызэIуахын папщIэ хуэзэр хухигъэкIыну» унафэ хуищIат, ауэ Iуэхур и пIэ икIыгъуейт. Гугъут шы завод зэбгъэпэщыныр. Языныкъуэ шыхъуэхэм заводым елэжьын Iуэхур я къалэну ялъытэжыххэртэкъым икIи къафIэIуэхутэкъым. I872 гъэм мазаем къэбэрдей шыхъуэхэм къызэдащта унафэм ипкъ иткIэ, дестынэ 500-м нэс щIы, шитху, абыхэм ябгъэдэлъыпхъэ Iэмэпсымэхэр ахъшэм дэщIыгъуу Къуэдзокъуэм и IэмыщIэ иралъхьэ икIи «а махуэм къыщыщIэдзауэ илъэс къэс абы къыхуаутIыпщ сом 1730-р зэрыхуейуэ къигъэщхьэпэну хуит ящI». Езы Къуэдзокъуэм шищэм нэблагъэ шы щыпIыгъ хъун IуэхущIапIэ зэригъэпэщын папщIэ илъэкIыну псори ищIэну псалъэ итащ. Шы гъэхъупIэм и унафэщIу икIи и кIэлъыплъакIуэу щытар езым и хэгъэрей щIалэ, Нэгумэ Шорэ и къуэ Ерустэнщ.

КЪУМЫКЪУ Тыгъуэн. «Дмитрий Кодзоков» тхылъым щыщ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.